Хэхъуэ яIэу ягъэзащIэ

2025 гъэм и япэ мазихым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и республикэ бюджетыр ягъэзэщIащ, сом мелуан 52-кIэ щIрагъэгъуу. Апхуэдэу щыхъукIи, езым и хэхъуэр сом мелард 3I,5-м ноблагъэ, щыжаIащ иджыблагъэ КъБР-м и Правительствэм и зэIущIэм. 
«2025 гъэм и щIышылэм – мэкъуауэгъуэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и республикэ бюджетыр сом мелард 3I-рэ мелуан 438-кIэ ягъэзэщIащ, хэщIыр сом мелард 3I-рэ мелуан 386-рэ мэхъу. Республикэ бюджетыр ягъэзэщIащ сом мелуан 52-кIэ щIрагъэгъуу», - жиIащ КъБР-м финансхэмкIэ и министрым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Калабеков Азэмэт.
КъБР-м ФинансхэмкIэ и министерствэм и хъыбарым къызэрыщыхэщымкIэ, 2025 гъэм КъБР-м и бюджетым хэхъуэу иIэр псори зэхэту сом мелуан 62,2-рэ мэхъу. Абы и Iыхьэ нэхъыбэр социальнэ Iуэхугъуэхэм хуаутIыпщащ, дзэ Iуэху хэхам хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ дэIыгъыныр хыхьэу. 2025 гъэм и япэ мазихым къэриубыдэу республикэ бюджетым щыщу къагъэсэбэпынум хохьэ, КъБР-м и Правительствэм и ахъшэ гъэтIылъыгъэм къыхэкIыу, сом меларди 2-м нэблагъэ, социальнэ дэIэпыкъуныгъэу зауэлIхэм трагъэкIуэдэну. 
ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться:

Читать также: