Хамэ щIыналъэм и бэлыхь куэд игъэващ адыгэ щIалэ Къалэдахэ Iэдиб. Ар хэхэс зыщIар Истамбыл хуэзышэ гъуэгу нэшэкъашэм теува и адэрт. Кавказ зауэр щиух илъэсым Къалэдахэхэ я унагъуэр Тыркум и щыхьэрым нэсакIэт. Гугъуехъу абы ятелъа псор Iуэтэжыгъуейщ, ауэ ахэр ящхьэщыкIыу зыкъаужьа нэужь, Iэдиб и жанагъыр, и акъылыфIагъыр къалъытэри, къулыкъухэр зэкIэлъхьэужьу кърату щIадзэ. Абы теухуауэ «ХамэщIым вагъуэхэр щоужьых» и тхылъым щитхыжащ журналист, публицист ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.
Адыгэ щIалэм а зэманым и лъэпкъэгъу куэдым IуэхуфI куэд яхуищIащ, лэжьыгъэ къахуигъуэтащ, щIэныгъэ зэгъэгъуэтын зэрыхуейри къагуригъэIуащ. Езым ипхъу Хъалиди пасэу еджэным къыхуигъэушащ. Хъыджэбз цIыкIум Истамбыл дэт «Америкэ колледжыр» къиухащ. Илъэс зыбжанэкIэ ар Инджылызым, Франджым щыIащ бзэхэр зригъащIэу, и щIэныгъэм хигъахъуэу.
Абы къикIыжа нэужь, Хъалидэ Истамбыл дэт университетым инджылыз литературэмкIэ щрегъаджэ. Совет Энциклопедие Псалъалъэм зэритхымкIэ, Хъалидэ тырку тхакIуэ пажэхэм ящыщщ. Адыгэ бзылъхугъэм и IэдакъэщIэкI нэхъыфIхэр илъэс пщыкIущым (I909 - I922) къриубыдэу итхащ. Езым и гъащIэм теухуа романыр Къалэдахэр дунейм ехыжыным мазэ бжыгъэ фIэкIа къэмынэжауэ, I963 гъэм, Истамбыл къыщыдэкIащ. Абы ирихьэлIэу Хъалидэ тырку парламентым и унафэкIэ Адывар (ЦIэрыIуэ) жаIэу и унэцIэм пагъэувэ.
Тырку щIыналъэм талант иIэу къихъуа Къалэдахэ Хъалидэ Iэдиб тхакIуэм гъащIэшхуэ къигъэщIащ. Ар илъэс 8I-кIэ псэуащ. Хъалидэ зыщыщ лъэпкъыр, и адыгэбзэр ищIэжырт. Пантюркистхэм я мэсхьэбым ихьа хъуати, абы я зэщIэхъееныгъэм и лэжьакIуэ жыджэру щытащ. А псом кърикIуар наIуэу къыхэщащ Къалэдахэм и роман «ТураныщIэ» зыфIищам (I9I2 гъэ).
Лъэпкъ-щхьэхуитщIыжакIуэ зауэм и илъэсхэм Хъалидэ етх и тхыгъэ нэхъыфIыIуэхэр - «МафIэ джанэ», «ФыукI цIыхубз куэпэчыр!» жыхуиIэхэр. Ахэр псыхьащ тырку жылагъуэр а лъэхъэнэм зэщIэзыщтауэ щыта, хэкум и щхьэузыхь хъуным хуэзыгъэуш гупсысэкIэ.
Адыгэ бзылъхугъэр кемалистхэм я зэманыгъуэм мызэ-мытIэу хах меджлисым и лIыкIуэу. Къалэда¬хэм и романхэр Тыркум и мызакъуэу хамэ къэралхэми щыцIэрыIуэт. Нэхъ пасэу итхахэр теухуащ лъагъуныгъэм, абы щыгъуэми тхакIуэм къищтэр къухьэпIэ щэнхабзэм щIапIыкIа, езыхэм къапэхъуни, къапэшэчэни щымыIэу зызылъытэж цIыху пагэхэрщ, къигъэлъагъуэри абыхэм я гъащIэ еплъыкIэ, дунейр къазэрыщыхъу лъэныкъуэхэрщ. Езым зыкъызэрыфIэщIыж щIыкIэм зи акъылыр хуэлажьэ, абы и гурыгъум ихь цIыхур Хъалидэ и тхыгъэхэм щотэдж лIыхъужь нэхъыщхьэу, икIи зэрызэщхьэщыкI щIагъуэ щымыIэу ахэр зэщхьщ, апхуэдэу зрагъэхь щыIэкъым а персонаж пажэхэм дащыхуигъазэ щIыпIэхэми. Сюжет зэныкъуэкъуныгъэу къиIэтыр икIэм икIэжым зыхуэкIуэжыр зыщ: щхьэзакъуэу псэу цIыхухъум и зэш зэрытригъэуну къилъыхъуэр унагъуэ ихьа цIыхубзщ, абы ещхьыркъабзэу цIыхубз щхьэхуитми и гугъапIэр хамэлI къызэрыдихьэхынырщ. ТIум щыгъуэми абыхэм къарикIуэр гуныкъуэгъуэрэ нэпскIэ гъэнщIа зэжьэхэуэныгъэщ, хэбгъэзыхьмэ, укIыгъэ гуэрхэр, зи акъылым икIыу делэ хъухэр къыхэкIыу. Ауэ апхуэдэхэм я гугъу щищIкIэ, Къалэдахэ зыкъегъэлъагъуэ цIыхум и гурыгъу-гурыщIэр, и хьэлыр, и акъылыр здынэсыр къызэрызэкIуэцIах хабзэ лъэкIыныгъэфIхэр зыбгъэдэлъ тхакIуэу.
Абы и дэтхэнэ тхыгъэми гупсэ хуэхъур цIыхубзщ. Хъалидэ и IэдакъэщIэкIхэм куууэ щыгъуазэ хуэхъуа А. Алькаевэм зэритхымкIэ, тхакIуэр «хущIокъу духовнэ и лъэныкъуэкIи, жылагъуэ увыпIэкIи цIыхубзым и хуитыныгъэр наIуэ ищIыну, абы и гурыщIэ куур къигъэлъэгъуэну». Романым хэт цIыхубз лIыхъужьхэр езыхэр зыми ещхьыну хуэмейуэ, ауэ адрейхэр къадэплъеймэ ямыжагъуэу, хьэл зырызыххэ псоми яIэу икIи лъэщхэу апхуэдэщ. Ахэр анэдэлъху лъэкIыныгъи хуэхейкъым, губзыгъэхэщ икIи дахэхэщ. А бзылъхугъэхэм нэхъыбэрэ пэщIэщIэгъу яхуэхъури цIыхухъу хьэрычэтыншэхэрщ, адэмыгухэрщ. Ауэ зи пэр дэзыгъэзейуэ нэхъ зыхэзыш цIыхухэр къыпигъэщхьэхукIауэ зэрыщытым къыхэкIкIэ, хуиту, теутIыпщхьауэ я зэфIэкIым зрагъэужьыну яхулъэкIыртэкъым лъэныкъуэ гуэркIэ абыхэм къахэхъуэпскIыкI языныкъуэхэм. Абыхэм я гъащIэри, я гуащIэри зытрагъасхьэр лъагъуныгъэрт, икIи ауэ къызэрыгуэкI мыхъуу, атIэ лъагъуныгъэ къызэщIэплъа, хэбгъэзыхьмэ къэукъубея, насыпыншагъэм натIэкIэ уригъэуалIэу.
Зэныкъуэкъу нэхъыщхьэр къызыпкърыкIыр цIыху зыхэзыIэтыкI нэхъ пагэхэмрэ удэфа псэукIэм и Iуэху жьгъейхэм хэзэрыхьыжахэмрэщ, текIуэри иужьрейхэрщ.
ЛIыхъужьхэм я гупсысэм и лъапсэр къэтIэщIыным зи мурадыр тегъэпсыхьа тхакIуэм къигъуэтащ къэIуэтэкIэм хуэфэщэн художественнэ фащи: къэхъуа псори езым игъэва пэлъытэу хъыбарыр йокIуэкI, щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ гукъэкIыж тхылъхэр, лIыхъужьхэм ехьэлIа письмохэр къыхиухуанэурэ.
«ТураныщIэ» романыр зытеухуар цIыхубзщ, ауэ мыбдеж лъагъуныгъэ хуэмэбжьымэри и гущIыIу къэхъуркъым, абы псори екIуэлIэжу. Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм зыщаIэтыр жылагъуэ гъащIэрщ икIи абы и уэрыпIэм хэтщ романым и цIыхубз лIыхъужь Къае. Туран къэралыгъуэр къызэгъэпэщыным хуэунэтIа зэщIэхъееныгъэм и унафэщIхэу Къаерэ Уэгъузрэ гухэлъ зэхуащI. Абыхэм бийуэ къапэщIэт уэсмэнлыхэм я зэранкIэ, фIыуэ зэрылъагъуитIыр зэкъуэча мэхъу, икIэм икIэжым Уэгъуз хокIуадэ. Ауэ туранистхэм я мурадыр токIуэ икIи Къае пунэлат ирех уэсмэнлыхэм,
Романым гупсысэ нэхъыщхьэу пхырыкIыр Алъп Зие и политикэ, философие Iуэху еплъыкIэрщ, нэгъуэщIу жыпIэмэ пантюркист зэщIэхъееныгъэм уэсмэнлыхэр лъыкIэ зэрибийрщ.
Хэкур фIыуэ лъагъуным къыхузэщIэзыIэтэу уващ къэралыр зыгъэзджызджа зэщIэхъееныгъэу лъэпкъ-щхьэхуитщIыжакIуэ зауэм и лъэхъэнэм щыIар. Абы хуэфэщэн щIыпIэ щиубыдащ тырку буржуазнэ литературэм. ИщхьэкIэ къызэрыщыдгъэлъэгъуащи, а гъэхэм Къалэдахэм нэхъ къехъулIащ «МафIэ джанэ».
«МафIэ джанэм» къыщиIэт Iуэхугъуэхэм зэщIэплъэн щIадзэ лъэпкъ-щхьэхуитщIыжакIуэ дзэмрэ алыдж ззрыпхъуакIуэхэмрэ Измир деж зэрыщызэзауэмкIэ. Романым и лIыхъужь нэхъыщхьэхэр Ихьсан, Пеями офицерхэмрэ зэрыпхъуакIуэхэм щыгъуэ зилIри зи сабийри зыфIэкIуэда ХьэIишэт дахащэмрэщ. ОфицеритIми лIэнкъэнэну фIыуэ ялъагъу а цIыхубзыр. А щIыкIэмкIэ абыхэм наIуэ къащIыну хэтщ хэкум хуаIэ лъагъуныгъэри. Ахэр псори зауэм Iуохьэ. Романыр еух зэуапIэ IэнатIэм ХьэIишэтрэ Ихьсанрэ лIыхъужьыгъэ яхэлъу я псэр щатауэ. Псэууэ къэнар уIэгъэ хъуа Пеямищи, абы етхыж и гукъэкIыжхэр.
Къалэдахэм убгъуауэ къегъэлъагъуэ алыдж зэрыпхъуакIуэхэм Из-мир щызэрахьа хьэкIэкхъуэкIагъэр икIи абы нэлат ирех сулътIаным и пщIантIэм хуэпэжа епцIыжакIуэхэм. Тхылъым и куцI нэхъыщхъэр бэм къыхэжэбзыкIа цIыху нэхъ пагэхэм, тепщэхэм я лIыхъужьыгъэр къэгъэлъэгъуэнырщ. Пэжу, тхакIуэм IэщIыб ищIыркъым цIыху къызэрыгуэкIхэри - партизанхэр, мэкъумэшыщIэхэр, зауэм и хьэзаб псори зи фэм дэкIахэр, ауэ ахэр къызэригъэлъагъуэр жэрдэмыншэхэущ, таучэл лъэпкъ зимыIэ лъэрымыхьхэущ.
ГъащIэм и бэуэкIэмрэ Хъалидэ бгъэдэлъ художественнэ Iэзагъэмрэ я фIыгъэкIэ романыр уващ пэжагъ куэд къызыщыгъэлъэгъуа лэжьыгъэу. Къапщтэмэ, партизанхэм я унафэщI Чэуш Мухьэмэд жагъуэущ езы тхакIуэм зэрилъагъур. Абы щыхьэт тохъуэ Хъалидэ а щIалэм зэрыхущыт щIыкIэм теухуауэ щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ тхыгъэм хиухуанэхэр е, адрей лIыхъужьхэм ар япигъэуву, хэутэн къыщригъэщI теплъэгъуэхэр, ауэ, нэхъыщхьэращи, партизан унафэщIыр зэрыщымытыпхъэу ди пащхьэ къригъэувэркъым. Къалэдахэ лъэныкъуэ иригъэзыркъым Чэуш Мухьэмэд сулътIан тепщэгъуэм теплъэ зэрымыхъур, абы къыщымынэу гъэпщылIакIуэ псори зэриужэгъур.