ЕджакIуэ мелуан 26,5-м щIигъу

2025-2026 гъэ еджэгъуэм еджапIэхэр зэрыхуэхьэзырым теухуа зэIущIэ, видеоконференц жыпхъэм иту, иригъэкIуэкIащ УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Чернышенкэ Дмитрий. Абы хэтащ Урысейм и хэгъэгу псоми я лIыкIуэхэр. 
Ди Президент Путин Владимир къигъэлъэгъуащ Урысейм пIалъэ кIыхькIэ иIэну зыужьыныгъэм и лъабжьэр егъэджэныгъэм и фIагъым зэрелъытар. Абы и лъэныкъуэкIэ къытпэщыт къалэнхэр гъэзэщIэнымкIэ мыхьэнэшхуэ яIэщ «ЩIалэгъуалэмрэ сабиймрэ», «Унагъуэ» лъэпкъ проектхэм. Къэралым и егъэджэныгъэ IуэхущIапIэ мин 85-м я бжэхэр къызэрызэIуахыжыным хуэхьэзырщ, сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ я тыншыпIэхэм хуэщIауэ», - жиIащ Чернышенкэ Дмитрий. Апхуэдэуи къигъэлъэгъуащ 2025 гъэм и кIэ пщIондэ къэралым и щIыналъэ 39-м егъэджэныгъэ IуэхущIапIэу I78-рэ къыщызэIуахыну, 580-м зэгъэпэщыжыныгъэр щрагъэкIуэкIыну зэрамурадыр.
Абы и псалъэхэм къызэрыхэщамкIэ, мы гъэм партэхэм IутIысхьэнущ еджакIуэу, студенту мелуан 26,5-м щIигъу, абы щыщу мелуан I,5-р япэ классым кIуэну цIыкIухэрщ. 
ЩхьэщэмыщI Изэ.
Поделиться:

Читать также: