Симфоние макъамэм и пшыхьхэрШыщхьэуIум и 25-28 махуэхэм Налшык къалэм щокIуэкI симфоние музыкэмкIэ «Темыркъаным и пшыхьхэр» фестивалыр. Ар къызэрагъэпэщ СССР-м, РСФСР-м, КъБР-м я цIыхубэ артист, УФ-м и Къэрал саугъэтымрэ Глинкэм и цIэр зезыхьэ саугъэтымрэ я лауреат, литературэ, гъуазджэ унэтIыныгъэхэмкIэ Урысейм и Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща, Санкт-Петербург щIыхь зиIэ и цIыху, а къалэм и къэрал филармонием и Академическэ симфоние оркестрым и художественнэ унафэщI къулыкъум илъэс 30-м щIигъукIэ пэрыта, дуней псом къыщацIыху, оркестр цIэрыIуэ зыбжанэм я тхьэмадэ, дирижёр цIэрыIуэ Темыркъан Юрэ и фэеплъу.
Къэбэрдейр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 зэрырикъум и цIэр зезыхьэ утым шыщ-хьэуIум и 25 - 26 махуэхэм щагъэлъэгъуащ Темыркъан Юрэ зи унафэщIу щыта симфоние оркестрым и концертхэм щыщ. Абдеж утыку къыщрахьащ ди лъэпкъэгъу артист гъуэзэджэм и гъащIэмрэ гуащIэмрэ ятеухуа документальнэ фильми. ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




