«ЦIыхубэ участковэ-2025»Къэбэрдей-Балъкъэрым щызэхаублэнущ «ЦIыхубэ участковэ-2025» урысейпсо зэпеуэр. Зэхьэзэхуэр Iыхьищу гуэшащи, япэмрэ етIуанэмрэ районхэмрэ щIыналъэмрэ щызэхэтынущ. Ар хуэгъэпсащ полицэм и лэжьакIуэхэм дзыхь хуащIыным, полицэм и участковэ уполномоченнэхэм я къалэнхэр зыхуэдэмрэ зэфIагъэкIхэмрэ жылагъуэм ягурыгъэIуэным. Зэпеуэм и дэтхэнэ Iыхьэми щытекIуэр къыхахынущ цIыхухэм я онлайн-IэIэтым кърикIуахэмкIэ. Гукъыдэж зиIэ дэтхэнэми Iэ хуиIэтыфынущ полицэм и участковэ уполно-моченнэу а цIэр зыхуэфащэу къилъытэм. БАХЪСЭН Азэмэт.
Поделиться:
Читать также:
06.03.2026 - 12:26 →
Нэхъыбэ къахуэщэху хъуащ
06.03.2026 - 12:02 →
А гъатхэ пщэдджыжьыр уает лъэпкъым и дежкIэ
05.03.2026 - 12:14 →
ЩхъуантIагъэр нэхъыбэ ящIынущ
05.03.2026 - 12:11 →
Пщащэ набдзэгубдзаплъэ
05.03.2026 - 12:08 →
Хамэ щIыпIэхэм нэIусырт и макъыр
| ||




