КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек
Республикэм и махуэмкIэ цIыхухэм зэрехъуэхъур
ПщIэ зыхуэсщI си хэкуэгъухэ!
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Къэралыгъуэм и махуэмкIэ сынывохъуэхъу!
А махуэм дэ хыдолъагъуэ Къэбэрдей-Балъкъэрым Урысейм хэту и къэралыгъуэ щигъуэта зэманым къыщыщIэдзауэ къикIуа гъуэгуанэр зэрыщыту. Ар я дамыгъэщ лъэпкъ куэду зэхэт цIыхубэм я къекIуэкIыкIам, абыхэм я ехъулIэныгъэхэмрэ экономикэ, социальнэ, щэнхабзэ IэнатIэхэм зегъэужьынымкIэ, я псэкупсэ, щIэныгъэ зэфIэкIхэр нэхъри гъэбыдэн и лъэныкъуэкIэ здынэса лъагапIэхэм.
Дэ икъукIэ пщIэшхуэ яхудощI дяпэ итахэм зэфIагъэкIахэм, дрогушхуэ зауэ, лэжьыгъэ IэнатIэхэм щызыIэрагъэхьа ехъулIэныгъэхэм икIи фIыщIэ яхуэтщIу захудогъазэ ноби зи IуэхущIафэкIэ, щIэныгъэрэ зэчийкIэ республикэм илъ хъерыр зыгъэбагъуэхэм, абы и къэкIуэнур дахэу щытыным хуэщхьэпэхэм.
ФIыщIэ псалъэ хэхахэр яжызоIэ ди зауэлIхэм - дзэ Iуэху хэхам и гуащIэгъуэм хэту щIыхь пылъу зи къалэнхэр зыгъэзащIэхэм, Урысейм и щхьэхуитыныгъэр, шынагъуэншагъэр зыхъумэхэм.
Зэманым къытпигъэув гугъуехь къызэрымыкIуэхэм щхьэкIи къэмынэу, дэ зыужьыныгъэм хуэгъэза къалэнышхуэхэр зыхудогъэувыж, ипэкIэ докIуатэ, зы лъэбакъуэм адрейр къыкIэлыкIуэу лъагапIэщIэхэм дынос.
Шэч къытесхьэркъым дызэкъуэту, ди дамэпкъхэр зэгъэкъуауэ дэ гугъуехьхэм дазэрыпэлъэщынум, дыщалъхуа Къэбэрдей-Балъкъэрым, ди Хэкушхуэм исхэм я псэукIэр ефIэкIуэн папщIэ зыхуэдгъэувыжа мурадхэр зэрызэдгъэхъулIэнум.
Си гум къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу фыузыншэну, мамыру, фи Iуэхухэр ефIакIуэу, зэIузэпэщу фыпсэуну.