Ди къэралым и щIыналъэ псоми хуэдэу, ди республикэм и егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм къызэщIиубыдэ IуэхущIапIэхэм фокIадэм и 1-м гуфIэгъуэ щытыкIэм иту яублэнущ 2025 - 2026 гъэ еджэгъуэщIэр. БлэкIа мазищым къриубыдэу зыхуей хуагъэзэжа, зэпэщ ящIыжа еджапIэхэм, сабий садхэм я бжэхэр къыхузэIуахыж абыхэм хуэзэша балигъхэми ныбжьыщIэхэми. ЛъэхъэнэщIэм зэрыщIидзэм и нэщэнэ япэ уэзджынэр блыщхьэ къакIуэ ину къыщеуэнущ еджапIэхэм, гъэмахуэм зызыгъэпсэхуа, зи узыншагъэр езыгъэфIэкIуа, къаруущIэ зыхэзылъхьа ныбжьыщIэхэр къызэхуишэсыжу, щIэныгъэм и лъагъуэ нэхум тригъэувэжу, ехъулIэныгъэщIэхэр зыIэрыгъэхьэным къыхуриджэу.
Хабзэ хъуауэ, иужьрей илъэсхэм ЩIэныгъэхэм я махуэм ехьэлIа гуфIэгъуэ зэхыхьэхэр къызэIуах УФ-м и Къэрал ныпыр яIэтрэ хэкум и Къэрал гимныр ягъэзащIэу. Мы гъэми апхуэдэу яублэнущ дызыхуэкIуэ еджэгъуэ тхьэмахуэр. Фигу къэдгъэкIыжынщи, жылагъуэм къыщыхалъхьа а жэрдэмыр диIыгъащ УФ-м и Президент Путин Владимир. А Iуэхугъуэм дапщэщи хуэмыдэу мыхьэнэшхуэ иIэщ мы зэманым, щIэблэр хэкупсэу гъэсэным гулъытэшхуэ щигъуэтыж лъэхъэнэм.
Егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм къэралым гулъытэшхуэ зэрыхуищIым и щыхьэтщ абы зегъэужьыным, егъэджэныгъэм и мардэщIэхэр лэжьыгъэм къыщыгъэсэбэпыным хухах мылъкур зы илъэсым нэхърэ къыкIэлъыкIуэм нэхъыбэ хъууэрэ зэрекIуэкIыр. «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектым, абы и гуэдзэн къэрал программэхэр хуолажьэ щIэблэм ядегъэкIуэкIыпхъэ лэжьыгъэ псори къызыхуэтыншэу зэфIэхыным, школыщIэхэр, сабий гъэсапIэщIэхэр ухуэным, лажьэхэр зэгъэпэщыжыным. А Iуэхугъуэ псори тэрэз хъуным набдзэгубдза- плъэу кIэлъоплъ къэралым, ди республи- кэм я пашэхэр, щIыналъэ, щIыпIэ унафэщIхэр.
А псоми я Iэужь дахэщ мы зэманым дэнэкIи щытлъагъу еджапIэщIэхэр, зыхуей хуагъэзэжа, сыт и лъэныкъуэкIи зэпэщ ящIахэр. Къыхэдгъэщынщи, фокIадэм и 1-м ди республикэм щIэуэ къыщызэIуахынущ псори зэхэту ныбжьыщIэ 2300-рэ зыщIэхуэну курыт школищу ди щIыналъэм и щыхьэр Налшык дащIыхьахэр, дэтхэнэми ныбжьыщIэ 800 зэкIуэлIэну школыщIэхэу Шэджэм, Тэрч къалэхэм щаухуахэр, еджакIуэ 400 щIэхуэну Нарткъалэ лэжьэн щыщIэзыдзэ школыщIэр. Апхуэдэхэм ящыщщ Красносельскэ, Прималкинскэ жылэхэм дэтхэнэми хуэзэу сабий 500 щеджэфыну IуэхущIапIэщIэхэри, Александровскэ къуажэм дэс ныбжьыщIэхэм хуаухуа школыщIэр. КъинэмыщIауэ, зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэшхуэхэр щызэфIахащ курыт школ 11-м. Абыхэм лъабжьэ яхуэхъуащ «Егъэджэныгъэ», «ЩIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ» лъэпкъ проектхэр.
А IуэхущIапIэхэм я щытыкIэм абыхэм блыщхьэм дыхьэну сабийхэм, ныбжьыщIэхэм, апхуэдэуи абыхэм я егъэджакIуэхэм, гъэсакIуэхэм, адэ-анэхэм, шэч хэмылъу, дэрэжэгъуэ къахелъхьэ. Лэжьыгъэм, щIэныгъэщIэ зэгъэгъуэтыным ныбжьыщIэхэм хуаIэ гукъыдэжыр нэхъ ин зэрыхъури хьэкъщ. КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм и IэщIагъэлIхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, 2025 - 2026 гъэм еджапIэхэм екIуэлIэжынущ школакIуэ мини 128-м нэс. Абыхэм ядэлэжьэнущ зи IэщIагъэм хуэIэижь, зи зэфIэкIымрэ щIэныгъэмрэ хэзыгъахъуэ зэпыт егъэджакIуэ минхэр. Къэрал гулъытэ щыщIэркъым а IэщIагъэлIхэм я улахуэм хэгъэхъуэным, егъэджэныгъэм технологие, методикэ пэрытхэр хэгъэхьэным, зэрырагъаджэ программэщIэхэр, тхылъыщIэхэр къэщтэным, егъэджакIуэхэм я щIэныгъэм хэгъэхъуэным, лэжьыгъэм къыхэжаныкIхэр гъэпэжэным епха Iуэхугъуэхэри. Зы илъэсым нэхърэ къыкIэлъыкIуэм нэхъ зэпэщ мэхъу егъэджэныгъэм и мылъку-техникэ лъабжьэу бжыгъэр зи тегъэщIапIэ технологие пэрытхэм трагъэувэр. ШколакIуэхэм ящыщ дэтхэнэми: къызэрыгуэкIхэми, бынунагъуэшхуэхэм къыхэкIахэми, зи узыншагъэм сэкъат иIэхэми - псоми зэхуэдэ IэмалыфIхэр къыхузэрагъэпэщ, щIэныгъэ зэгъэгъуэтыным хъарзынэу пэлъэщын папщIэ.
2025 - 2026 гъэ еджэгъуэщIэм зэхъуэкIыныгъэфIхэр игъуэтынущ IэнатIэм щекIуэкI Iуэху зехьэкIэ мардэхэм. Псом япэрауэ, егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм къызэщIиубыдэ псоми папщIэ лэжьэнущ бжыгъэр зи лъабжьэ «Сферум» сайтышхуэр. Абы еджакIуэми, егъэджакIуэми, адэ-анэхэми щыгъуазэ зыщыхуащIыфынущ дерсхэм я зэкIэлъыкIуэкIэм, электрон дневникым, унэ лэжьыгъэхэм, еджэным хэлъ нэгъуэщI щхьэхуэныгъэхэм. ЗэхъуэкIыныгъэхэр ялъэIэсащ сабийхэр еджапIэм зэрыкIуэ щыгъынми. Ар щхъуэкIэплъыкIэ мыхъуу, тыншу, лей кIэрымылъу, егъэджэныгъэм хуэщIауэ щытын хуейщ.
ЕджапIэхэм папщIэ зэхагъэуващ дерсхэр зэрызэкIэлъыгъэкIуапхъэм и щапхъэхэри (дерсхэм я расписаниехэр). Ахэр классрэ ныбжькIэ зэщхьэщыхащ. Iэмалыншэ хъумэ, школхэм зэхъуэкIыныгъэ мащIэхэр щыхалъхьэж хъунущ. ЕджапIэ псоми дерсхэм щыщIадзэнущ сыхьэти 8-рэ дакъикъэ 30-м, урокхэр дакъикъэ 45-кIэ екIуэкIынущ, я зэхуакум дакъикъи 10 - 15 дэлърэ 4-нэ дерсым иужькIэ дакъикъэ 20 - 30-кIэ сабийхэм загъэпсэхуну хуиту. КъинэмыщIауэ, оценкэ щхьэхуэ ягъэувынущ еджакIуэм хэлъ хьэл-щэным папщIэ.
А зэхъуэкIыныгъэхэр зыхуэгъэпсар иджырей мардэхэм хуэкIуэ, къызыхэкIа унагъуэрэ щыпсэу щIыпIэрэ емылъытауэ, къэралым и сабий псори зы программэм тету щIэныгъэфI икIи куу ирагъэгъуэтынырщ. Еджэныр ныбжьыщIэм и дежкIэ лэжьыгъэ къудей мыхъуу, гукъыдэж, гупсэхугъуэ, гуфIэгъуэ къыхуэзыхь Iуэхуу, ар щIэныгъэщIэ лъыхъуэу, къигъуэту, къигъэсэбэпэфу езыгъасэ Iэмалу щытын хуейщ.
ГугъэфIхэр зэтпх ЩIэныгъэхэм я махуэмкIэ, апхуэдэу абы щIыгъуу фокIадэм и 1-м ди щIыналъэм щагъэлъапIэ адрей махуэщIхэмкIи: КъБР-м и Къэралыгъуэм, Конституцэм, республикэм и къалащхьэ Налшык я махуэхэмкIэ – псомкIи ди гуапэу дынывохъуэхъу ди лъахэгъухэм. Дызэрыт лъэхъэнэ къызэрымыкIуэм ди гур тфIимыгъэкIуэду, лъэхъэнэщIэм худиIэ мурадхэмрэ хъуэпсапIэхэмрэ къыдэхъулIэу, узыншэу етIанэгъэ пIалъэ дынэсыну. 2025 - 2026 гъэ еджэгъуэщIэр къызэIузыхыну япэ уэзджынэм и зу макъри угъурлы яхурырехъу егъэджакIуэхэми, еджакIуэ цIыкIухэми, абыхэм я адэ-анэхэми.