КупщIафIэу, гъэщIэгъуэну, гукъинэу

Дыкъыщалъхуа щIыналъэм, къэ­ралышхуэм я къэкIуэнур зэлъыта щIэблэр хэкупсэу гъэсэным, лъэпкъым, цIыхубэм игъащIэ лъандэрэ къадекIуэкI хъугъуэфIы­гъуэхэр, хабзэхэр, нэмысыр яхъу­мэрэ ахэр я гъуэгугъэлъагъуэу балигъ гъащIэм лъэ быдэкIэ хэгъэувэным дапщэщи гулъытэшхуэ щегъуэт ди республикэм. Унагъуэм абыкIэ и къалэныр дымыгъэлъахъшэу жытIэнщи, апхуэдэ унэтIыныгъэм нэхъыбэу елэжь IуэхущIапIэхэм ящыщщ курыт школхэмрэ сабий гъэсапIэхэмрэ. Шэджэм райо­ным и къалащхьэ Шэджэм жылэм дэт курыт школ №4-м а Iуэху­гъуэхэмкIэ лэжьыгъэфI куэд щызэфIах. Абыхэм я нэхъыбапIэм и жэрдэмщIакIуэщ икIи къызэгъэпэщакIуэщ школым и унафэщIым гъэсэныгъэ лэжьыгъэмкIэ и къуэдзэ Щэуей (КIыщ) Иринэ. 

ЦIыхум хэлъ хьэлыфIхэм я нэхъыбапIэм и лъабжьэр къызыхэкIа уна­гъуэм щыщыIэкIэ, къыжытIэнщи, Иринэ къыщалъхуар, къыщыхъуар ­зэгурыIуэрэ зэдэIуэжрэ зэрылъу, адыгэ хабзэрэ нэмысрэ щытепщэу Шэджэм ЕтIуанэ къуажэм щыщхэу КIыщхэ Хьэсинрэ Дахэжанрэ (Шондырхэ япхъущ) я унагъуэ дахэрщ. Еджэным, щIэныгъэ зэгъэгъуэтыным зигури зи псэри етауэ къэтэджа пщащэ цIыкIум ехъулIэныгъэфIхэр зыIэ­ригъэхьэу курыт школым щIэсащ. Еджэнми щыпашэ, жылагъуэ лэжьыгъэми хуэжыджэр Иринэ школым щызэхэт комсомол зэгухьэныгъэм и секретару, щIалэгъуалэ Iуэху куэдым я жэрдэмщIакIуэу щытащ. И ныбжьыр илъэс 15 фIэкIа мыхъуауэ, Иринэ ди республикэм икIа гупым я пашэу ягъэкIуауэ щытащ Москва 1984 гъэм щекIуэкIа комсомол гупхэм я секретархэм я къэралпсо зэхуэсым. 
Курыт школыр дыщэ медалкIэ къэзыуха пщащэр ВЛКСМ-м и Шэджэм райкомым и унафэкIэ ­ягъэувауэ щытащ я жылэм дэт еджапIэм и пионервожатэ нэхъыжьу. ИужькIэ лэжьыгъэм щыпищащ ­ВЛКСМ-м и Шэджэм райкомым, статистикыу, къуда­мэм и унафэщIу, иужькIэ райкомым и секретару. Бзылъхугъэм щIэныгъэфIи зригъэ­гъуэтащ. ­КъБКъУ-м и педколледжыр фIы дыдэу къиухри, Иринэ и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ университетым ПэщIэдзэ егъэджэныгъэм и педагогикэмрэ методикэмкIэ и факультетым. 
 - Щэуей Иринэ ди курыт школым и егъэджакIуэ нэхъыфIхэм, лэжьакIуэ пашэхэм ящыщщ. 1997 гъэм къыщы­щIэдзауэ ди деж щыIэщ ар, илъэс     15-м щIигъуауэ еджапIэм гъэсэныгъэмкIэ щекIуэкI лэжьыгъэхэр и пщэрылъщ, абыхэм я къызэгъэпэщакIуэщ, - жеIэ еджапIэм и пашэ Семэн Иннесэ. - Егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэщIагъэм хуэIэижь, абы къыхуалъхуауэ зыхужыпIэ хъуну унэтIакIуэр ди IуэхущIапIэм къе­кIуа­лIэ ныбжьыщIэхэм ядолажьэ куп­щIафIэу, гъэщIэгъуэну, гукъинэжу. И псэ къулеигъэрэ бгъэдэлъ щIэныгъэ куумкIэ, IэщIагъэм хуиIэ лъагъуныгъэмрэ и къалэнхэмкIэ зыхищIэ жэ­уаплыныгъэкIэ Щэуейр куэдым щапхъэфI яхуохъу. Апхуэдэ псэ хьэлэл лэжьыгъэращ Иринэ школым, жылэм щиIэ пщIэмрэ нэмысымрэ лъабжьэ яхуэхъур. 
Илъэс 40-м нэсауэ щIэблэм ядэлажьэ Щэуей Иринэ ноби и IэщIагъэм тезашэркъым, абы гукъыдэж ­хуиIэу, егъэджэныгъэм, гъэсэныгъэм къыхыхьэ IэмалыщIэхэр къигъэсэбэпу ныбжьыщIэхэм яхэтщ. Иринэ сабийхэм пэщIэдзэ щIэныгъэфI зэраритым къыдэкIуэу, лъэпкъ гъэсэныгъэ екIуи яхелъхьэ, я зэхэщIыкIым, дуней еплъыкIэм зрегъэужь, пэжыгъэм, дахагъэм хуеущий, хэкупсэу къэгъэтэджыным йолIалIэ. Зы илъэси дэкIыркъым Иринэ и нэIэм щIэту школакIуэхэр районпсо, республикэпсо зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэм жы­джэру хэмыту, абыхэм я утыкухэм щIэныгъэ куурэ зэфIэкIыфIрэ щагъэлъагъуэу, увыпIэфIхэр къыщахьу. Апхуэдэхэщ хабзэхъумэ IэнатIэхэм къызэрагъэпэщ Iуэхугъуэхэр, махуэгъэпсым къыщыхэгъэбелджылыкIа махуэщIхэм ятеухуахэр, псапащIэ акцэхэр: «Хабзэм и лIыхъусэжьхэр», «Журналист ныбжьыщIэ», «Уэрэд жыдвгъэIэ, ныбжьэгъухэ!», «Старт нэжэгужэхэр», «ФIы влэжь», нэ­гъуэщIхэри. Дэтхэнэ сабийми бгъэ­дыхьэкIэ щхьэхуэрэ бзэ хэхарэ къы­хуэзыгъуэтыф унэтIакIуэм абыхэм ядегъэзащIэ нэгъуэщI проект лэжьыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр, творческэ унэтIыныгъэ зиIэ къэхутэныгъэхэр. Къыхэщыпхъэщ Иринэ нэхъапэIуэкIэ иригъэджахэм ящыщ куэд абы и лъэужьым иувэу, а IэщIагъэр къы­зэрыхахри. Дэтхэнэ егъэджакIуэми ар къелъытэ и лэжьыгъэм къыхуихьа фIыгъуэрэ насыпу. 
Бгъэдэлъ Iуэху зехьэкIэфIымкIэ цIэрыIуэ хъуа Щэуейр щIэх-щIэхыурэ ирагъэблагъэ щIыналъэм пэщIэдзэ егъэджэныгъэмкIэ, гъэсэныгъэ лэ­жьы­гъэмкIэ щекIуэкI зэхуэсхэм. Абы­хэм я утыкушхуэхэм лэжьыгъэм и къызэгъэпэщакIуэ IэкIуэлъакIуэр къы­зэхуэсахэм щадогуашэ и еплъы­кIэхэмкIэ, къалэнхэр зэрызэфIих мардэщIэхэмкIэ. Апхуэдэущ Щэуейр зэрылажьэр: зэманым къыдэкIуэ дэтхэнэ зы IэмалыщIэри игъуэу икIи купщIафIэу и дерсхэми еджапIэм щригъэкIуэкI адрей лэжьыгъэхэми къыщигъэсэбэпу. 
Зыпэрыт IэнатIэм щызыIэригъэхьэ ехъулIэныгъэ лъагэхэм папщIэ, Щэ­уейм къэрал гулъытэ мызэ-мытIэу ­игъуэтащ. Абы къыхуагъэфэща щIыхь, фIыщIэ тхылъхэм яхэлъщ ­УФ-м, КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ я министерствэхэм, ЕгъэджэныгъэмкIэ Шэджэм щIыналъэ IэнатIэм, МВД-м КъБР-м щиIэ ­къудамэм къабгъэдэкIахэр, нэгъуэщI­хэри. 2016 гъэм Иринэ щытекIуащ «Школ унафэщIым гъэсэныгъэмкIэ и къуэдзэ нэхъыфI» къэралпсо зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэм. 2022 гъэм абы къыфIащащ «УФ-м и егъэджэныгъэ IэнатIэм щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр.
Апхуэдиз зэфIэкI лэжьыгъэм щызыIэрызыгъэхьэ Иринэ унагъуэ дахэкIи Тхьэр къыхуэупсащ. Абы и щхьэгъусэ Щэуей Анзор КъБКъМУ-м и егъэджакIуэщ. Зэщхьэгъусэхэм я бынхэу Джульеттэрэ Азэмэтрэ адыгэ хабзэмрэ нэмысымрэ я гъуазэу ягъэсащ, щIэныгъэ нэхъыщхьэрэ зэры­псэун IэщIагъэрэ ирагъэгъуэтащ. Ахэр унагъуэ дахэу мэпсэу, щIэблэ узыншэ къащIэувэу. Тхьэшхуэр къазэ­рыхуэупса насып Iыхьэщ Щэуей зэщхьэгъусэхэм я дежкIэ а фIыгъуэ­хэри. 
ЩIыналъэм къихъуэ щIэблэр екIуу гъэсэным, щIэныгъэфI егъэгъуэты­ным зи лэжьыгъэр, гупсысэхэмрэ мурадхэмрэ хуэгъэпса Щэуей Ирини абы и лэжьэгъухэми дохъуэхъу ЩIэныгъэхэм я махуэмкIэ. Ди гуапэщ узыншагъэ фиIэу, фи хъуэпсапIэхэр на­хуапIэ фщIыфу жылагъуэм мыхьэ­нэшхуэ щызиIэ IэнатIэр ехъулIэныгъэкIэ ефхьэкIыну. 

КЪАРДЭН Маритэ.
Поделиться:

Читать также: