ЕХЪУЛIЭНЫГЪЭЩIЭХЭР ЗЫIЭРЫВГЪЭХЬЭНУ!

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ЩIэныгъэхэм я махуэм и щIыхькIэ цIыхухэм зэрехъуэхъур

ПщIэ зыхуэсщI школакIуэхэ, студентхэ!
ЩIэныгъэхэм я махуэмкIэ сынывохъуэхъу!
Гъэ еджэгъуэщIэм щыщIидзэр сыт щыгъуи жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъ икIи узыгъэпIейтей махуэщ. Абы мыхьэнэ хэха иIэщ зэрыщыту унагъуэм, адэ-анэхэм я дежкIэ -  зи гъащIэр егъэджэныгъэ Iуэхухэм пыщIа псоми я дежкIэ.
Ныбжьэгъухэ, фэ къыфпоплъэ зэвгъэгъуэтыну щIэныгъэщIэхэр, еджапIэхэм щывгъакIуэ зэманым къыфхуздихьыну гухэхъуэгъуэхэр. Тегушхуауэ къалэныщIэхэр зыхуэвгъэувыж икIи ахэр зэрызэвгъэхъулIэным яужь фит. Шэч къытесхьэркъым фэ щIэныгъэ зэгъэгъуэтыным ехъулIэныгъэхэр щызыIэрывгъэхьэным, губзыгъэ фыхъуным фызэрегугъунум, ди Хэкум и цIыху щыпкъэ, хэкупсэ нэс къыфхэкIын папщIэ флъэкI къызэрывмыгъэнэнум.
Псом хуэмыдэжу пIейтейуэ мы махуэм IуощIэ фи егъэджакIуэхэмрэ гъэсакIуэхэмрэ. Ди гум къыбгъэдэкIыу абыхэм фIыщIэшхуэ яхудощI къытщIэхъуэ щIэблэр егъэджэным, гъэсэныгъэ дахэ яхэлъхьэным я къару емыблэжу зэрыхуэлажьэм папщIэ.
Ныбжьэгъу лъапIэхэ, щхьэхуэу фIыщIэ яхузощI фи адэ-анэхэм – я лъагъуныгъэм, къыфхуащI гулъытэм, яхэлъ шыIэныгъэм папщIэ.
Си гуапэщ гъэ еджэгъуэщIэр угъурлы фхуэхъуну, ехъулIэныгъэщIэхэр зыIэрывгъэхьэну.
МахуэшхуэмкIэ сынывохъуэхъу! Гъуэгу махуэ!

Поделиться:

Читать также: