Унагъуэ нэхъыфIхэр ягъэлъапIэ

«Илъэсым и унагъуэ-2025» урысейпсо зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэм кърикIуахэр къапщытэжащ икIи абы щытекIуахэр щагъэлъэпIащ Налшык къалэм и Къэрал киноконцерт гъэлъэгъуапIэм. Ар къызэригъэпэщащ КъБР-м Лэжьыгъэмрэ цIыхухэр социальнэу хъумэнымкIэ и министерствэм. Пшыхьыр ирагъэкIуэкIащ КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист Аттаев Азноррэ КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ КIэхумахуэ ФатIимэрэ.

Унагъуэ нэхъыфIу, щапхъэу къалъытахэм ехъуэхъуну зэхыхьэм зыкърагъэхьэлIащ КъБР-м и Парламентым и депутатхэм, КБР-м и Правительствэм и лIыкIуэхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я унафэщIхэм, зэпеуэм хэтахэм я благъэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ.

КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хъубий Марат «Илъэсым и унагъуэ-2025» зэхьэзэхуэм и республикэ Iыхьэм щытекIуахэр щагъэлъапIэ зэхыхьэм зыкърезыгъэхьэлIахэм фIэхъус гуапэ яриха нэужь, къыхигъэщащ унагъуэ зэпеуэм цIыхухэмкIи, къэралымкIи, щIыналъэмкIи мыхьэнэшхуэ зэриIэр. Абы и фIыгъэкIэ жэуаплыныгъэ зыхэлъ, узыншагъэм кIэлъыплъ, зи зэфIэкIхэм зезыгъэужь, щIыналъэм и гъащIэм жыджэру хэт унагъуэхэр белджылы зэрыхъури щIигъужащ.

- Унагъуэр – жылагъуэм и лъабжьэщ, щIыналъэмрэ къэралымрэ я быдапIэщ. Фи унагъуэхэм зэпымыууэ гуапагъэ, мамырыгъэ, лъагъуныгъэ илъыну сынывохъуэхъу! – жиIащ Хъубийм.

Марат и гуапэу зэхуэсахэм ягу къигъэкIыжащ ди республикэм щыщ унагъуэ зыбжанэ зэпеуэм и федеральнэ Iыхьэм и унэтIыныгъэ щхьэхуэхэмкIэ мызэ-мытIэу пашэ зэрыщыхъуар. Къэбгъэлъагъуэмэ, 2024 гъэм «Бынунагъуэшхуэ» Iыхьэм пашэ щыхъуащ Налшык къалэ щыщ Тхьэгъэлэджхэ Артуррэ Залинэрэ я унагъуэр. 2023 гъэм «Унагъуэ дыщэ» унэтIыныгъэм щытекIуащ Бахъсэн щIыналъэм щыщ Бэчхэ ХьэзрэIилрэ Iэсиятрэ я унагъуэр. 2022 гъэм «Къуажэдэс унагъуэ» унэтIыныгъэм къыщыхэжаныкIауэ щытащ ди газетри зытетхыхьа, Дзэлыкъуэ щIыналъэм щыщ Багъхэ Руслъанрэ Iэсиятрэ я унагъуэ дахэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэууэ урысейпсо зэхьэзэхуэм илъэс зэмылIэужьыгъуэхэм зи цIэ щыIуахэм ящыщщ мыхэр. Апхуэдэ унагъуэхэм щIыналъэм исхэр ирогушхуэр.

Мыгъэрей зэпеуэм и унэтIыныгъихым («Бынунагъуэшхуэ», «УнагъуэщIэ», «Къуажэдэс унагъуэ», «Унагъуэ дыщэ», «Унагъуэр – хабзэхэм я хъумакIуэщ», «Хэкум и хъумакIуэм и унагъуэр») къыщыхахащ ди республикэм и унагъуэ нэхъыфIу къалъытахэр.

Зэхьэзэхуэм щытекIуахэр Аттаев Азноррэ КIэхумахуэ ФатIимэрэ зэхыхьэм къекIуэлIахэм ирагъэцIыхуащ. Бынунагъуэшхуэхэр япэ ирагъэщащ. Мы унэтIыныгъэм пашэ щыхъуащ Хадарцевхэ Авениррэ Инессэрэ я унагъуэр. Абыхэм 2000 гъэм яухуащ я унагъуэр. Зэщхьэгъусэхэр зэгурыIуэ яку илъу илъэс 25-рэ хъуауэ зэдопсэу, бын 11 (хъыджэбзихрэ щIалитхурэ) зэдапI. ЕтIуанэ увыпIэр лъагъэсащ Шыбзыхъуэхэ Анзоррэ Залинэрэ. Ещанэ хъуащ Османовхэ Расулрэ Iэминатрэ.

«Унагъуэ дыщэ» унэтIыныгъэм щытекIуащ Нырхэ Iэуесрэ Лидэрэ. Илъэс 50-м щхьэдэхауэ ахэр зэбгъэдэсщ икIи насыпым и къигъэхъуапIэу къалъытэр зэщхьэгъусэхэм я дзыхь зрагъэзынырщ, гулъытэрщ, унагъуэ лъапIэныгъэхэр хъумэнырщ. ЕтIуанэ увыпIэр къахьащ Гижгиевхэ Мустэфарэ Сапинэрэ. Ещанэр хуагъэфэщащ Къудей Албиянрэ Хъымбэзэр Мариерэ я унагъуэм.

Бжьахъуэхэ Руслъанрэ Жанетэрэ щытекIуащ «Унагъуэр – хабзэхэм я хъумакIуэщ» унэтIыныгъэм. Илъэс 40-м нэблэгъауэ абыхэм далъагъу пщIэрэ дзыхьрэ, лъагъуныгъэ, шыIэ, гулъытэ. Зэщхьэгъусэхэр псалъэншэу зэгурыIуэхэм ящыщщ, я бынхэр лъэпкъ хабзэмрэ нэмысымрэ щIапIыкI. Абы я лъапсэм и зэхуэдитIыр Руслъан и лъэщапIэу жыпIэ хъунущ. 90 гъэхэм и пэщIэдзэ лъандэрэ шы уанэхэр, нэгъуэщI шы Iэмэпсымэхэр егъэхьэзыр. Мы унэтIыныгъэм етIуанэ щыхъуащ Омельченкэ Дмитрийрэ Викториерэ. Ещанэр лъагъэсащ Къуэжьокъуэхэ Хъусенрэ СэIихьэтрэ.

Кондрашовхэ Данилрэ Мариерэ пашэ щыхъуащ «УнагъуэщIэ» Iыхьэм. ЕтIуанэ увыпIэр иратащ Дзэгъащтэхэ Аскэррэ Миленэрэ. Ещанэр хуагъэфэщащ Ульбашевхэ Магометрэ Лязимэтрэ.

«Къуажэдэс унагъуэ» унэтIыныгъэм япэ ищар зэгурыIуэ зэрылъ Маргъущхэ Зауррэ Лидэрэ я бынунагъуэшхуэрщ. Зэщхьэгъусэхэм къалъытэ унагъуэр лъагъуныгъэмрэ гъащIэмрэ я щIэдзапIэу. ЕтIуанэр лъагъэсащ Бокатых Андрейрэ Иринэрэ я унагъуэм. Ещанэ хъуащ Къардэнхэ Хъызыррэ Зитэрэ я унагъуэр.

Зэпеуэм и унэтIыныгъэщIэр – «Хэкум и хъумакIуэм и унагъуэр» - теухуащ дзэ Iуэху хэхам хэта е хэт щIалэхэм я унагъуэхэм. АбыкIэ япэ увыпIэр къахьащ Шэшэнхэ Ельдаррэ ФатIимэтрэ я унагъуэм. Эльдар 2008 гъэ лъандэрэ зауэм и ветеранщ, дзэ Iуэху хэхами хэтащ. Ар иджыпсту «Хэкум и хъумакIуэхэр» къэрал фондым и щIыналъэ къудамэм и унафэщIым и къуэдзэщ. ЩIэблэм я хэкупсэ гъэсэныгъэм теухуа зэхыхьэхэр ирегъэкIуэкI. ЕтIуанэр хуэфащэу къалъытащ Атаевхэ Ильясрэ Сузаннэрэ я унагъуэм. Езыр-езыру дзэ Iуэху хэхам кIуа Ильяс зэрихьа лIыгъэм куэд щыгъуазэщ. Къулыкъу зыдищIэ щIалэхэм я гъусэу ар къыщаухъуреихьым, а щIыпIэм къикIыну яхузэфIэкIащ, ауэ Ильяс уIэгъэ хьэлъэ хъури, и нэм сэкъат игъуэтащ. Ильяс зауэм и ветеранщ. Абы зэрихьа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ къалъытэри, УФ-м и Президент Путин Владимир и унафэкIэ къыхуагъэфэщащ «ЛIыхъужьыгъэ» орденыр. Ещанэ увыпIэр иратащ Къущхьэхэ Владимиррэ Заремэрэ. Владимир и гъащIэр триухуащ Хэкум къулыкъу хуэщIэным, зауэм и ветеранщ, Шэшэным, Дагъыстэным, Ингушым, Къэбэрдей-Балъкъэрым къулыкъу щищIащ. Иджы ар дзэ Iуэху хэхам хэтщ. Зэщхьэгъусэхэм бынищ зэдапI.

Унагъуэм и лъапIэныгъэхэмрэ хабзэхэмрэ зылъытэ псори зэкъуэзыгъэува пшыхьыр ягъэдэхащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и артистхэм: Иуан Каринэ и унагъуэм, «Иоканто» студием, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист ЦокIыл Азэмэт, КъБР-м и цIыхубэ артист Текуев Амур, цIыхубэ къафэхэмкIэ «Псыгуэнсу», «Насып» ансамблхэм.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: