Лъэпкъ щIэныгъэм и лъабжьэр

Кавказыр хуит къащIыжу, бийр адэкIэ Iуадзыжа нэужь, ди щIыналъэм сыт и лъэныкъуэкIи зыужьыныгъэ игъуэтыжу хуежьащ. Апхуэдэу 1932 гъэм Псыхуабэ къыщызэIуахауэ щыта Къэбэрдей педиститутыр 1943 гъэм мэлыжьыхьым и 15-м Налшык  къагъэIэпхъуэжащ. Абы щыгъуэ абы и пашэу щытащ Хьэткъуэ Б. А. УнафэщI щыпкъэм хулъэкIащ бийм зэтрикъута институтым и унэр зэригъэпэщыжын, 1943 - 1944 гъэ еджэгъуэр студент 369-м яхуиублэжын.

КъыкIэлъыкIуэ илъэсым студентхэм я бжыгъэр хуэдитIым нэскIэ нэхъыбэ хъуат. Куэдым зэдахьырт еджэнри лэжьыгъэри. Иджы IуэхущIапIэм и пащхьэ ита къалэн нэхъ гугъу дыдэхэм ящыщщ егъэджакIуэкIэ IэнатIэр къызэгъэпэщыныр. ЕгъэджакIуэ 59-м ящыщу 11-рт еджагъэшхуэ степень зиIэр. Апхуэдэу зэтеубла хъуатэкъым щхьэхуэу адыгэбзэмрэ литературэмкIэ IэщIагъэлIхэр гъэхьэзырыным и Iуэхури. А Iуэхум нэхъ пасэу елэжьащ лъэпкъ еджагъэшхуэ  Къардэн Бубэ. ИужькIэ ахэр адэкIэ игъэкIуэтащ лIэщIыгъуэ блэкIам и 40 гъэхэм и кIэухым Къэбэрдей-Балъкъэр пединститутым партым и унафэкIэ ягъэкIуауэ щыта ЖьэкIэмыхъу Тузер.

ЖьэкIэмыхъур ящыщщ ди республикэм и егъэджэныгъэ нэхъыщхьэм и зэфIэувэныгъэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIахэм. Къэралым къыщыхъу Iуэхугъуэхэмрэ зи гъащIэмрэ зэхэухуэна цIыху пэрытхэм ящыщащ ЖьэкIэмыхъур. Пэрытыныр зи щэн хэкупсэращ щалъхуа Кэнжэ жылэм дэсхэм ящыщу щIэныгъэ нэхъыщхьэ зэзыгъэгъуэтар. СССР-м Къэрал планымкIэ и институтыр Москва 1934 гъэм къыщызыуха Тузерщ республикэм япэу доцент щыхъуар, пединститутым и иужьрей унафэщIу щытар. ЖьэкIэмыхъур илъэситхум щIигъукIэ лэжьащ республикэм и ЦIыхубэ комиссархэм я советым и тхьэмадэу, щытащ егъэджэныгъэмкIэ областной IэнатIэм и пашэуи.

 ЗэфIэкI лъагэхэр зыбгъэдэлъ ЖьэкIэмыхъур жэуаплыныгъэшхуэ зыхищIэу илъэс бжыгъэкIэ лэжьащ Къэбэрдей-Балъкъэр пединститутым и унафэщIуи. Архив хъумапIэм щIэлъ дэфтэрхэм зэритымкIэ, ЖьэкIэмыхъур а еджапIэ нэхъыщхьэм и пашэу щыщыта илъэсхэр институтым и «дыщэ лIэщIыгъуэу» куэдым къалъытэ. Абы и лъэхъэнэм къызыхуэт щымыIэу IэщIагъэлI щыпкъэхэмкIэ къызэгъэпэща хъуат институтым и факультетхэри адыгэбзэмкIэ и къудамэри. ЖьэкIэмыхъур институтым щыщыIа илъэсхэращ лъэпкъ еджагъэшхуэхэу Сокъур Мусэбий, КIуэкIуэ Джэмалдин, Чым Юрэ, Апажэ Мухьэмэд, ХьэкIуащэ Андрей сымэ, нэгъуэщIхэми аспирантурэр къаухыу щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэм нэхъри нэхъ куужу зыщратар. Тузер лэжьыгъэ куэд зэфIигъэкIащ пединститутыр Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым хуэкIуэн папщIэ. ИужькIэ, 1957 гъэм къыщыщIэдзауэ, ЖьэкIэмыхъур лэжьащ КъБКъУ-м политэкономиемкIэ и каферэм и унафэщIу. Абы и къалэмыпэм къыпыкIащ щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэ куэд, монографие щхьэхуэхэри яхэту.

Ди лъахэм щIэныгъэм и лъабжьэр щыгъэбыдэным хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа еджагъэшхуэу щытащ ЖьэкIэмыхъу Тузер. Абы хуэдэхэм я фIыщIэ куэд хэлъщ нобэ а IэнатIэм зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэм.

ТАМБИЙ Линэ.

 

Поделиться:

Читать также: