Тхьэмбыл лышхыр къызэрыфцIыхунур

Лышх узыфэхэмкIэ Ростов къалэм дэт щIэныгъэ-къэхутакIуэ  институтым и дохутырхэм зэрыжаIэмкIэ, лышх узыфэ лIэужьыгъуэу щыIэм я нэхъ гуащIэм, цIыхухэм нэхъыбэрэ къеузхэм ящыщщ тхьэмбыл лышхыр. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, нэхъыбэр зэрылIыкIри аращ.

Абы къыхэкIыу, дохутырхэм къраIуэ ар къызэрацIыху щытыкIэхэр.

- Псом япэрауэ, цIыхур псчэмэ, Iупсым лъы хэлъу къакIуэмэ, жьы пиубыдмэ, и бгъэгур узмэ, уэд, къарууншэ хъуамэ, и макъыр икIарэ къимыхьэжмэ, ар тхьэмбыл лышхым и нэщэнэщ икIи Iэмал имыIэу дохутыр зригъэплъын хуейщ. Дауи, и пэжыпIэр къахутэн щхьэкIэ анализ зыбжанэ уагъэтынущ, тхьэмбылыр бронхоскопие ящIынущ, КТ сурэт бгъэгум трахынущ, - жеIэ IуэхущIапIэм и торакальнэ къудамэм и унафэщI, медицинэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат Харазегов Дмитрий.

Гу лъытапхъэщ лышхыр 1-нэ лIэужьыгъуэм иту къахута сымаджэхэм я процент 80 - 90-р сэкъатыншэу зэрахуэгъэхъужыр. Ауэ апхуэдэ лIэужьыгъуэр къыумыщIэххэу зэрекIуэкIым къыхэкIкIэ, зэрымыщIэкIэ мыхъумэ, къыпхуэхутэркъым. Ар бломыгъэкIын папщIэ, илъэсым зэ флюрографие, рентген е КТ сурэт трегъэхын хуейщ бгъэгум.

- Езанэ лIэужьыгъуэм ит лышхыр тынш дыдэу къыпхухогъэж, сэкъатыншэуи цIыхур мэхъуж. Апхуэдэ операцэхэр зэращI робот-хирургхэр диIэщ. Мы Iэмалым фIыуэ хэлъыр уIэгъэшхуэхэр Iэпкълъэпкъым тедмыдзэу, гъуанэ цIыкIу зытIукIэ Iуэхур зэрызэфIэкIырщ. Ауэ лышх шыкъырыр инмэ, зиубгъуамэ, сымаджэм операцэшхуэ къызэрыпэщылъым хуэхьэзырын хуейщ. ХэтIэса лIэужьыгъуэхэм Iэмалу щыIэмкIэ дыбгъэдохьэ, операцэри, химиери, лучри къыдогъэсэбэп, - жеIэ IуэхущIапIэм и унафэщI Кит Олег.

Дохутырхэм зэрыжаIэмкIэ, цIыхур тутын ефэмэ, тхьэмбылым зэран хуэхъу IэнатIэ Iутмэ, лъэпкъ узу къадэгъуэгурыкIуэмэ, и ныбжьыр илъэс 40-м щхьэдэхамэ, зыхуэсакъыжыпхъэщ. Зыхуэсакъыжын хуейщ зи тхьэмбылым щIыIэ хэтхэр, жьэн уз зиIахэр.

Фырэ Анфисэ.

Поделиться:

Читать также: