ЩIыуэпсырщ ди хущхъуэгъуэр

Илъэс мин бжыгъэкIэ цIыхур кIэлъыплъащ щIыуэпсым, къэкIыгъэхэм, удзхэм, ахэр цIыхум епхьэлIа нэужь сэбэп е зэран зэрыхуэхъум. Ауэрэ къэунэхуащ цIыхубэ медицинэ жыхуэтIэжыр. Нобэ фармацием ицIыху хущхъуэгъуэ мин бжыгъэхэр, дауи, пэсэрейхэм яцIыхуакъым, ауэ узыфэ шынагъуэхэм зэрызыщахъумэ, зэрызагъэхъуж Iэмалхэм щыгъуазэт.

Ноби, цIыхум и зыужьыгъуэм, щIэныгъэм къигъэщIа иужьрей хущхъуэ нэхъ лъэпсейхэр зыпэмылъэщ узыфэ куэд ягъэхъужь удз хущхъуэкIэ. Къыхэгъэщыпхъэщ, удз хущхъуэ зэпхьэлIэн ипэкIэ дохутырым ечэнджэщын зэрыхуейр. Зыщывмыгъэгъупщэ цIыхухэр псори зэрызэхуэмыдэр, зым и хущхъуэр адрейм и щхъухьу къызэрыщIэкIынкIэ хъунур. КъызэрыгуэкI удзым цIыхум аллергие къритынкIэ мэхъу, емызэгъыу. Нэхъ шынагъуэжращи, аллергием деж къыщымыувыIэу, цIыхум и тхьэмбылыр игъэбэгрэ, мыбэуэфу дакъикъэ бжыгъэкIэ лIэну шынагъуэщ. Аращи, цIыхум хуатха хущхъуэр мащIэ-мащIэурэ зы тхьэмахуэкIэ зрихьэлIэн хуейщ, къезэгърэ къемызэгърэ къыгурыIуэн папщIэ. И щIыфэр къригъэлъэлъмэ, и нэпсыр къыщIигъэжмэ, жьы къыпригъэубыдмэ, и щхьэр игъэуназэмэ, игъэузмэ, а хущхъуэр емызэгъыу аращи, зрихьэлIэ хъунукъым. Апхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр цIыхум къылъыкъуэмыкIмэ, етIуанэ тхьэмахуэм щыщIэдзауэ зэрыхуатхам тету зрихьэлIэ хъунущ.

Мы тхыгъэмкIэ фэдгъэцIыхунщ уз зыбжанэм зэреIэзэ щIыкIэхэр.

  • Лъакъуэм хуэш къыхыхьэреймэ пщэдджыжьымрэ пщыхьэщхьэмрэ лъэгум лимоныпс щахуэри лъэпэд хуабэ щатIэгъэж. Ар псыIагъэр гъущыху щагъагъ. ТхьэмахуитIкIэ зрахьэлIэ.
  • ЦIыхум стресс иIэмэ, джэдгын грамми 5-м псы къэкъуалъэ литрэ ныкъуэ щIакIэри, и щхьэр тепIауэ дакъикъэ 40-кIэ щагъэт. УпщIыIужа нэужькIэ Iыхьи 3-4-уэ ягуэшри, псори зы махуэм къриубыдэу ираф. Тхьэмахуэм 2-3 нэхъыбэрэ уефэ хъунукъым.
  • Пневмониер хьэкIэ ягъэхъуж. Хьэ стэканым шэ литрэ щIакIэри, зы сыхьэт хуэдизкIэ ягъавэ, цIыкIунитIэу ешэхауэ. Сыхьэт зэрыдэкIыу, хьэр газым къытрахыж, язри, тхъу е фо хэлъу йофэ пщтыр щIыкIэ. Термосым илъу зепхьэ хъунукъым, шэр фIэIунущ.
  • Сабийр ныбажэ хъуамэ, ар псынщIэу къэзэрывгъэувыIэным яужь фит. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, кIуэцIыр кърилъэсыкIа нэужь мыувыIэж ныбажэм цIыхум псы фIегъэкIуэд. Дызэрыщыгъуазэщи, цIыхум и Iэпкълъэпкъым псыуэ щIэтым и проценти I0 чэму щытмэ, малIэ. Ныбажэм и хущхъуэгъуэщ прунжыр. Прунж ложкэшхуэм псы стэкани 6-7 щIыдокIэри, догъэващIэ. Хьэзыр хъуа нэужь языжри, стэканым и Iыхьэ щанэурэ сыхьэтитI къэскIэ сабийр ирагъафэ.
  • Жьэжьейхэмрэ тхьэмщIыгъумрэ мывэ иримыщIэн папщIэ балыджэ фIыцIэм и псыр къыщIахури, бжэмышхышхуэ зырызурэ махуэм 3 йофэ.
  • ЦIынагъэхэр тхъуий (гречкэ) хьэжыгъэкIэ ягъэгъущ.
  • Сабий цIынэм и тхьэмбылым Iупс бзаджэр къимыкIыфмэ, мыпсчэфмэ, фо бжэмышхышхуэ, аркъэ бжэмышхышхуэ, содэ бжэмышх цIыкIу зэхащIэри и бгъэгум Iуву щахуэ, и щIыбымрэ бгъэгумрэ къызэщIиубыдэу целлофан кърашэкIри, щIауфэ. СыхьэтитIкIэ апхуэдэу щылъа нэужь къатIэтэжри, аркъэкIэ зэпалъэщIыхьыж. Апхуэдэу жэщищкIэ ящI, а зэманым къриубыдэуи сабийр ягъэпскIыркъым, бинт пхъашэр аркъэм хащIэурэ фоупсыр зэпалъэщIыхьыж мыхъумэ. А махуищым къриубыдэу тхьэмбылым Iупс бзаджэу итыр езыр-езыру къыдокIуей.
  • ЩIыфэ уз зэмылIэужьыгъуэхэр (къищэща, къиткIуэткIуа, бэгум ищта) зэрыджэкIэ ягъэхъуж. ЗэрытщIэщи, щIыфэ узхэр кIэтIийм епхащ. Абы къыхэкIыу, зэрыджэ пIытIа бжэмышхыхуи 2-м псы къэкъуалъэ стэкан щIыдокIэри, сыхьэти 4-кIэ щыта нэужь, дофэ. Абы къищынэмыщIауэ, зэрыджэ пIытIар къищэщам, къиткIуэткIуам щыдохуэ.
  • Пэм лъы къыщиудауэ яхуэмыгъэувыIэмэ, зы лимоным и Iыхьэ плIанэм и псымрэ серчэ (уксус) бжэмышх цIыкIурэ псы стэканым хакIэри, ар пэкIэ драшей, щхьэр яIэтри, жьэкIэ бауэу дакъикъи 2-3-кIэ щос. Абы къыдэкIуэу натIэм щIыIэ гуэр тралъхьэ.
  • Тэмакъ узым (ларингит, ангинэ, фарингит) сэбэп хуохъу жэгундэпсыр. Жэгундэр теркэм щIагъэкI, и псыр къыщIакъузыкIри, серчэ бжэмышх цIыкIу хакIэж. Ар махуэм 5-6 тэмакъым ирагъэжыхь.
ФЫРЭ Анфисэ.
Поделиться:

Читать также: