ЦIыху зэчиифIэ гуп зэхыхьа нэужь, абыхэм я уэршэрым щхьэпагъ зыпылъ гупсысэ гъэщIэгъуэн куэд къыхыбоубыдыкI. КъБР-м, КъШР-м, АР-м къыщыдэкIа адыгэ газетхэм я журналистхэр щызэхыхьам къэпсэлъахэм жаIа хъыбархэм ящыщу мыхэр фи пащхьэ итлъхьэжынут.
«Адыгэ макъ» газетым и рекдатор нэхъыщхьэ МэшлIокъуэ Саидэ махуэ къэс къыдэкI «Адыгэ макъ» газетым гулъытэ нэхъ зыхуищIхэмрэ щIэджыкIакIуэхэм зэрапыщIамрэ убгъуауэ и гугъу ищIащ.
- Нэгъабэ едгъэкIуэкIа журналист зэдэлэжьэныгъэм мыхьэнэшхуэ иIауэ къызолъытэ, - жиIащ Саидэ. – Ди къуэш хэгъэгухэм я цIыху цIэрыIуэхэр, IэпщIэлъапщIэхэр, зэчиифIэхэр зэдгъэцIыхуащ, абыхэм ятеухуа хъыбар гъэщIэгъуэнхэр ди щIэджыкIакIэухэм я пащхьэ итлъхьэжащ. Хуабжьу ди гуапэ хъуащ Адыгейм и махуэм техуэу ди хъыбар зэрыт «Адыгэ псалъэр» КъБР-м къызэрыщыдэкIар, тхыгъэ купщIафIэхэр щызэхуэхьэсарэ сурэт щхъуэкIэплъыкIэхэмкIэ гъэщIэрэщIэжауэ «Черкес хэку» газетыр дунейм къызэрытехьар. Мис апхуэдэ зэпыщIэныгъэхэм дыхуэныкъуэщи, дяпэкIи зедгъэубгъуну игъуэу къызолъытэ. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, тхакIуэ цIэрыIуэ МэшбащIэ Исхьэкъ и ныбжьыр илъэс 95-рэ щрикъум ирихьэлIэу и зы усэ диалект зэмыщхьхэмкIэ республикищми щыщхэр къеджэу Телеграмым къитлъхьэну гукъыдэж тщIати, ар къыддэфIыгъащ. Къэбэрдей-шэрджэсыбзэкIэ фэ къыфлъыса Iыхьэр зэвдзэкIыу а видео пычыгъуэр зэрывгъэбеяр куэд и уасэщ, куэдми ягу дыхьауэ хъыбархэр къытIэрыхьащ. Сыхуейт дяпэкIи мис апхуэдэ лэжьыгъэхэр зэдэдгъэзэщIэну, тхэхэм ящыщу мыпхуэдиз цIыху щызэхыхьакIэ, гупсысэ купщIафIэхэр къыхалъхьэу ди зэпыщIэныгъэр ягъэбыдэну.
МэшлIокъуэ Саидэ жиIащ адыгэ редакцэм газетыр къыдигъэкIым и мызакъуэу, республикэм щекIуэкI жылагъуэ Iуэхухэм жыджэру зэрыхэтыр, езыхэми Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр къызэрагъэпэщурэ зэрыдахыр, редакцэм зэIущIэхэр, зэхуэсхэр, Iэнэ хъурейхэр зэхишэурэ упщIэ зэмылIэужьыгъуэхэм зэрытепсэлъыхьыр.
Адыгей газетыр зыхэт Iуэху щхьэпэхэм теухуауэ къыщыпсалъэм, «Адыгэ макъ» газетым и редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэ Тау Замирэ и гугъу ищIащ Адыгэ Республикэм и Журналистхэм я созым и унафэщIу иджыблагъэ ягъэува, АР-м щIыхь зиIэ и журналист ТIэш Светланэ проект телъыджэ утыку къызэрырихьам, «Лъэпкъ журналистикэмкIэ школ» къызэрызэригъэпэщам, ар игъэлэжьэн папщIэ республикэм гранту сом зы мелуанрэ ныкъуэрэ зэрыхухихам, нэгъуэщIхэми.
- Мы проектым лъэныкъуэ куэд къызэщIеубыдэ, Светланэ мыбы къыхишащ телевиденэм, радиом, газетым адыгэбзэкIэ щылажьэ журналист нэхъыфIхэр. Дэри «Адыгэ макъым» и редакцэм деж техникэ щхьэхуэ щIэту, школым къекIуалIэ ныбжьыщIэхэр газет Iуэхумрэ адыгэбзэмкIэ тхэнымрэ хуэдгъэсэнущ, дэ тщIэхэр ябгъэдэтлъхьэнущ, - жиIащ Замирэ. – Хэт абы къэкIуэнур жыпIэмэ, проектым ипкъ иткIэ, дэ ди пщэрылъщ, адыгэ къуажэхэм дэт курыт еджапIэхэр къызэхэткIухьыну, нэхъыжь классхэм щеджэхэм дахуэзэну, зыфIэгъэщIэгъуэнхэр къедгъэблэгъэну, студентхэм дадэлэжьэну.
Лъэпкъым хуэлэжьэ журналистыр хъыбар кIэщI зытхыж къудейкъым, ар щэнхабзэм и лэжьакIуэщ, адыгэ хабзэр, бзэр зыхъумэщ, экономикэм, политикэм, мэкъумэшым, узыншагъэр хъумэным, егъэджэныгъэм, гъащIэм и сыт хуэдэ лъэныкъуэми фIыуэ хэзыщIыкI IэщIагъэлIщ, уеблэмэ дипломатщ. Мис апхуэдэ еплъыкIэ сиIэ мэхъу дэ дгъэзащIэ къалэнхэр къэспщытэжа нэужь. Ди IэщIагъэм иIэ мыхьэнэр ныбжьыщIэхэм яхуэтIуатэу зэдгъэхъуэпсэн хуейщ, диужь къиувэн диIэн папщIэ.
«Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэ Табыщ Мурат тепсэлъыхьащ «Адыгэ макъ», «Адыгэ псалъэ», «Черкес хэку» лъэпкъ газетищым япэ лъэбакъуэхэр зэрачрэ адыгэбзэр хъумэным, абы и пщӀэр къэӀэтыным телажьэ зэпыту къызэрекIуэкIыр. «Махуэ къэс дунейм къыщекӀуэкӀ Ӏуэхугъуэхэр тхыгъэм щибгъэзэгъэжкӀэ, Ӏэмалыншэу уогупсыс ар зыбгъэдэплъхьэ лъэпкъым къызэрыгурыӀуэнум икӀи къызэрыщыхъунум. КъызэрыгуэкӀыу жыпӀэнумэ, къэхъугъэм и закъуэкъым пэжу птхыжыну узыхущӀэкъур, атӀэ ар зэрыптхыж бзэр шэрыуэ зэрыхъуным, къабзэу къызэрыӀуным, нэгъэсауэ зэрызэпэщынум иужь уитщ, - жиIащ Мурат. - Арыххэуи, журналистым и лэжьыгъэм ӀуэхугъуитӀ щызэхэухуэнащ – пэжыр цӀыхум деж нэхьэсынымрэ адыгэбзэм и фащэр зэпэщ щӀынымрэ. Иджырей дунейм ди лъэпкъ газетищым хуэдэу адыгэбзэм и къэкӀуэным телажьэ щыӀэу къыщӀэкӀынукъым.
Мы зэӀущӀэм и мыхьэнэри абы и лъэныкъуэкӀэ къыпхуэмылъытэну инщ: зэрытщӀэщи, адыгэ хэгъэгухэм адыгэбзэм и псэлъэкӀэ зэмылӀэужьыгъуэхэр щызокӀуэ, щызэхэпхым деж абыхэм яхъумэ хъугъуэфӀыгъуэхэм гу лъыумытэнкӀэ Ӏэмал имыӀэу. ИщхьэкӀэ зи гугъу сщӀам хуэпшэжмэ, адыгэ редакцэхэр махуэ къэс зыжьэхэуэ Ӏуэхугъуэхэр зэрылъащэ бзэм и Ӏэмалхэр халъхьэурэ къаӀуэтэн хуейуэ щытыкӀэ йоувэ. Дэ дызылъэпкъыу щыжытӀэкӀэ, зым къигъуэтам адрейр щыгъуазэ хуэхъуу зэдэлэжьэныр игъуэу къысщохъу, ди адыгэбзэм и зыужьыныгъэм телажьэуи къызолъытэ. Мы Ӏуэхум хуэгъэза щапхъэхэр мымащӀэу диӀэщи, ар нэхъыбэ щӀын хуейщ. Журналист ӀэщӀагъэ зиӀэхэм зэхах адыгэбзэ зэмылӀэужьыгъуэхэм хуэдиз зэхэзых куэд щыӀэкъым – а Ӏэмал гъуэзэджэр къэдгъэсэбэпми ягъэ кӀынукъым. Псом япэ игъэщыпхъэхэм ящыщщ цӀыхум дэлэжьэныр. Къапщтэмэ, газетыр щӀыщыӀэр ахэращ. Ӏэджэрэ срохьэлӀэ, мы Ӏуэхугъуэм фытетхыхьамэ, мо цӀыхум ехьэлӀа тхыгъэ вгъэхьэзырамэ, сыту дэгъуэ хъунт, жаӀэу. Иужьрей илъэсхэм, гу зэрылъыстэмкӀэ, ӀэнатӀэм ехъулӀэныгъэ щызиӀэ, лэжьыгъэ гуэркӀэ цӀэрыӀуэ хъуахэм, къэралымкIэ мыхьэнэ зиӀэ къэхъугъэхэм гулъытэ нэхъыбэ ягъуэт. ЩӀым елэжьым, къуажэм дэсым, дунейм дахэу, гуапэу тет цӀыхухэм нэхъ мащӀэурэщ дазэрыхуеплъэкӀыр. Езы лъэпкъым, жылагъуэм уепха нэужь, абы и гурыгъу-гурыщӀэхэри, и гукъеуэри, и гухэхъуэри нэхъыфӀу болъагъу, я чэнджэщ зэхыбох, я ущие зыбохьэлӀэ. А лъэныкъуэр къыдэтӀэтеятэмэ, зихуэдэ щымыӀэ лъэпкъ хъугъуэфӀыгъуэ хъунт.
Газетыр ефӀэкӀуэным и хэкӀыпӀэхэм щытепсэлъыхьым, «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэ Чэрим Марианнэ жиIащ: «Зырызу дыщытыху, газетым еджэри мащӀэу, тезыдзэри къызыфӀэӀуэхури мыкуэду, дэри тщӀэм зыри хуэмей хуэдэу къытщохъу. Дызэрызэхуэсу, Ӏэнэм и лъакъуищым щхьэ къытралъхьам ещхьу, нэхъ нэгъэса дохъу, ди лъэри нэхъ щӀокӀ.
Мы Ӏуэхур щӀетшэжьам и щхьэусыгъури аращ, зи къарур щӀэкӀыу къытфӀэщӀ адыгэбзэр зэрылъэрызехьэр, сыт хуэдэ гупсыси гурыщӀи къызэрырипӀуэтэфынур дэ езым ди фӀэщ тщӀыжын папщӀэщ. Дэ дримыкъу псалъэхэр фэ къыфӀытхынщ, фэри дыдей гуэр къэфщтэнщ... Псалъэм и хьэтыркӀэ, дэ «Ӏэтащхьэ» жыдоӀэ республикэм и унафэщӀым и къулыкъур къыщыдгъэлъагъуэкIэ. Адыгейхэм я «лӀыщхьэр» нэхь хуэкӀуэу къытщохъу. Ди ныбжьэгъухэм «Ӏэтэр зэпхар мэкъурщ, цӀыху Ӏэтэ щыӀэкъым» къыщыджаӀэ къохъу. «Искусственный интеллектыр» «Черкес хэкум» нэхъ Ӏэзэу зэрадзэкӀауэ къытфӀэщӀащ, дытепсэлъыхьыху: «къэухь ӀэрыщӀ» жывоIэ, ар ди «акъыл ӀэрыщӀым» нэхърэ гум нэхъ къещтэ».
ДяпэкIэ нэхъыбэу гулъытэ зыхуэщIыпхъэхэм ящыщу журналистхэм къагъэлъэгъуащ электроннэ Iэмалыр, тхылъымпIэм тету къыдэкI газетым бгъурыту абы нэхъри зегъэужьын зэрыхуейр. Абы теухуауэ «Черкес хэкум» щащIэхэм тепсэлъыхьащ редактор нэхъыщхьэм бжыгъэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ и къуэдзэ Аслъэныкъуэ Мадинэ.
- Сыт хуэдизу дигурэ ди псэрэ етауэ дызэса газетыр къыдэдмыгъэкIми, зэманым дыдекIун папщIэ, электроннэ Iэмалхэм дыхуэкIуэн зэрыхуейр Iэпэдэгъэлэл тщIы хъунукъым, - жиIащ Мадинэ. – Дэ зи унафэ дыщIэт министерствэм ди пщэ къыдилъхьауэ иджыпсту долэжь газетым и электронэ теплъэр махуэ къэс Интернетым къигъэхьэным, ауэрэ зэманым нэхъ декIу электрон къыдэкIыгъуэ къызэдгъэпэщыным. Сэ фи газетхэм сыкIэлъыплъати, «Адыгэ макъым» сайт убгъуа егъэлажьэ, бзищкIэ хъыбархэр къралъхьэу, «Адыгэ псалъэм» электроннэ газет щхьэхуэ махуэ къэс къыдегъэкI. Дэ иджыпсту тщIы электрон напэкIуэцIым иIэр нэгъуэщI теплъэщ, ди газетым къытехуэхэр, нэхъ еджэгъуафIэ хъун хуэдэу сайтым къыдолъхьэ, абы дяпэкIэ зэрызедгъэужьыну Iэмалхэр къыдогупсыс.
ЗэдеIэр лъэщщ жыхуаIэращи, а махуэм екIуэкIа псалъэмакъыр кIыхьу щытащ, акъылэгъу зэхуэхъуахэри, псалъэм, лэжьыгъэм теухуауэ щызэчэнджэщари куэдщ. Зэхуэсахэм унафэ ящIащ дяпэкIэ нэхъри зэрыщIэну, зэдэлэжьэкIэр ирагъэфIэкIуэну, лъэпкъ журналистикэм зэрызрагъэужьыну Iэмалхэр зэгъусэу къагупсысу гъащIэм хапщэну, зэкъуэш хэгъэгуищым адыгэбзэкIэ щытхэ IэщIагъэлIхэр зэхыхьэну, зэхыхьэгъуэ къэси жыпхъэ зэмылIэужьыгъуэхэм иту къызэрагъэпэщыну.