Зэгъунэгъу щIыналъэхэр зэкъуэзыгъэувэНалшык и дэшхуей хадэм щагъэува «Налшык Дзэ ЩIыхьым и къалэщ» фэеплъым деж щекIуэкIащ «ТекIуэныгъэ Иным и ныпым и марш» урысейпсо Iуэхум щыщ Iыхьэр. КъБР-м ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм ар къызэригъэпэщащ Хэкум и хъумакIуэхэм я илъэсым, Хэку зауэшхуэм (1941-1945) ТекIуэныгъэ Иныр ди къэралым къызэрыщихьрэ илъэс 80 зэрырикъум и щIыхькIэ. Зэхыхьэр иригъэкIуэкIащ журналист Аттаев Азнор.
Дзэ ЩIыхьым и къалэ - Налшык мы гъэм япэу щрагъэжьащ «ТекIуэныгъэ Иным и ныпым и марш» урысейпсо Iуэхур. ЗэIущIэм и дамыгъэ хъуар I945 гъэм накъыгъэм и I-м Рейхстагым фIадзауэ щыта ныпым къытращIыкIарщ. Ар армеец ныбжьыщIэхэмрэ дзэ Iуэху хэхам хэта дызэрыгушхуэ ветеранхэмрэ утыкум ирахьэри, Ингуш Республикэм и лIыкIуэхэм иратащ. Дзэм и ветеран Мату Мурат нып лъапIэр иритащ Ингуш Республикэм и лIыкIуэ, дзэм и ветеран Шанхоев Муслим. Ныпыр зэIэпахын ипэ зэхуэсахэм ягу къагъэкIыжащ щIыналъэм исхэм зэрахьа лIыхъужьыгъэмрэ Хэку зауэшхуэм къыщытхьа ТекIуэныгъэм хуащIа хэлъхьэныгъэмрэ зыхуэдэр.
ИлъэсиплIкIэ, махуэ минрэ щиплIрэ пщыкIуийкIэ, екIуэкIа зауэм къэралым и цIыху мелуан 27-м щIигъу хэкIуэдащ. ЦIыхур къызэригъэщIрэ щыIа зауэ нэхъ гуащIэ дыдэхэм ящыщщ ар. Фашистхэм къалэ I700-м нэблагъэ зэхакъутащ, къуажэ мин 70-м щIигъу ягъэсащ. Промышленнэ предприятэ мин 32-рэ зэтракъутат, IуэхущIапIэу II7-рэ. Абыхэм ящыщт Тырныауз комбинатым и базэр, Гидротурбин заводыр, Дэрбзэр фабрикэр, ГъущI гъуэгу станцыр, Вакъэ щащI фабрикэр, Элеваторыр, къалэ Советым и унэр, курыт еджапIэ, сымаджэщ зыбжанэ, Драмэ театрыр, Лъэпкъ къэрал библиотекэр, Педучилищэр, хьэщIэщхэр, КъБР-м и Правительствэм и унэр, санаторэхэр.
Нацистхэм яукIащ сабий мелуаниплI. Къэралым и щIэблэ мелуан I3 зеиншэу къэнат зауэм и зэранкIэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуэ, ипхъу мин 60-м щIигъу зэуапIэм кIуэри, бийм къарищIылIа зэхэуэ нэхъ гуащIэхэм хэтащ. Ди цIыху мин 38-рэ зауэ губгъуэм къикIыжакъым. Зи Iыхьлырэ благъэрэ Хэку зауэшхуэм хэмыкIуэда зы унагъуи ди щIыналъэм щыбгъуэтынукъым, «Совет Союзым и ЛIыхъужь» цIэ лъапIэр ди зауэлI 33-м, къэрал дамыгъэ лъапIэхэр мин I2-м, «ЩIыхь» орденым и нагъыщэ псори - 6-м, мини I0-м щIигъум орденхэмрэ медалхэмрэ къыхуагъэфэщащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и зауэлI куэд ТекIуэныгъэм Берлин щыIущIащ. Абы ящыщщ дызэрыгушхуэ кхъухьлъатэзехуэ цIэрыIуэхэу Къардэн Къубатийрэ Къуэныкъуей Назиррэ.
IэщэкIэ ЗэщIэузэда Къарухэм, хабзэхъумэ органхэм я ветеранхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Абдулаев Мустэфа и псалъэм къыхигъэщащ ТекIуэныгъэ Иныр ди къэралым къызэрихьар Урысейм и дэнэ щIыпIи зэрыщагъэлъапIэм хыхьэу абы и ныпыр щIыналъэхэм зэрызэIэпахыр, Налшык и фэеплъ нэхъ лъапIэхэм ящыщу къалъытэм деж зэрыщызэхуэсар. Абдулаевым щIалэгъуалэм захуигъэзащ дызэрыгушхуэ ди адэжьхэм я лIыгъэр, цIыху мелуан бжыгъэхэр зыхэкIуэда зауэр зыщамыгъэгъупщэну, лIыхъужьхэм я фэеплъыр яхъумэну.
КъБР-м щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министрым и къуэдзэ Ахъмэт Артур Ингуш Республикэм и лIыкIуэхэм фIэхъус гуапэ ярихри, и псалъэм къыхигъэщащ «ТекIуэныгъэ Иным и ныпым и марш» урысейпсо Iуэхум и федеральнэ Iыхьэм хыхьэу, ТекIуэныгъэм и ныпым къытращIыкIар Ингуш Республикэм зэрыратыр, адэкIэ фэеплъ Iуэхум ирипащэн папщIэ.
- ТекIуэныгъэр къытхуэзыхьа лIыхъужьхэм я фэеплъыр тхъумэну, щIэблэр хэкупсэу, мамырыгъэмрэ щхьэхуитыныгъэмрэ зи псэ щIэзыта, ди япэ ита нэхъыжьыфIхэм яхуэфащэу, я щIыналъэм иригушхуэу къэдгъэхъуну, тхыдэм щIэтпIыкIыну ди къалэнщ. Абы и лъэныкъуэкIэ дзэ Iуэху хэхам щыIэ щIалэхэри щапхъэщ, - жиIащ Ахъмэтым, икIи къыхигъэщащ ди къэралым щIалэгъуалэм гулъытэ зэрахуищIыр.
Ингуш Республикэм щыIэ, дзэ-псэкупсэ гъэсэныгъэм хуэщIа, сабийхэм я узыншагъэр щрагъэфIакIуэ «Авангард» щIалэгъуалэ центрым и унафэщI Богатырёвэ Мадинэ жиIащ «ТекIуэныгъэ Иным и ныпым и марш» я щIыналъэм и лIыкIуэхэри зэрыхэтым мыхьэнэшхуэ зэриIэр, абы зэгъунэгъу республикэхэм исхэр зэрызэкъуигъэувэр, накъыгъэм и 9-м ипэ къихуэу, Хэку зауэшхуэм и иужьрей ветераныр зэрыщIалъхьэжар, щIалэгъуалэ куэд зыхэт мы зэхыхьэм я зэпыщIэныгъэхэр зэригъэбыдэр, ТекIуэныгъэр мы зэми ди къэралым къызэрихьынур.
- Ди блэкIар, тхыдэм и къэхъугъэхэр, ди нэхъыжьхэм мамырыгъэрэ текIуэныгъэрэ къызэрытхуахьар зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым. Дызэрыгушхуэ ТекIуэныгъэм и ныпыр Ингуш Республикэм IэщIыдолъхьэ. Дзэ Iуэху хэхар икIэщIыпIэкIэ ди текIуэныгъэкIэ иухыу ди щIалэхэр узыншэу я унагъуэхэм къахыхьэжыну дыщIохъуэпс, - жиIащ «Хэкум и хъумакIуэхэр» къэрал фондым и щIыналъэ къудамэм и унафэщIым и къуэдзэ Чеченов Эльдар.
Зэхыхьэр и кIэм щынэблагъэм, зауэ зэхуэмыдэхэм хэкIуэдахэм зы дакъикъэкIэ яхуэщыгъуащ. Зэхуэсахэм удз гъэгъахэр тралъхьащ «Налшык Дзэ ЩIыхьым и къалэщ» фэеплъым. Идрицкэ 150-нэ стрелковэ дивизэм и ныпыр Урысейм и къалэ-лIыхъужь, ЗауэлI щIыхьым и къалэ псоми щызэIэпахынущ. Ныпыр Налшык ирахри Мэлгъэбэг яшащ. Ар Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм чэзууэ зэIэпахынурэ, итIанэ ныпыр Налшык къахьыжынущ.
ЗэIущIэм зыкърагъэхьэлIащ КъБР-м и Парламентым, республикэм и министерствэхэм, къалэ администрацэм я лIыкIуэхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм щыщхэм, ветеранхэм, дзэ Iуэху хэхам хэтахэр, курыт еджапIэхэмрэ еджапIэ нэхъыщхьэхэмрэ щIэсхэм, волонтёрхэм, Налшык къалэм щыпсэухэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




