Анэшхуэм къысхуиIуэтэжа хъыбар

Ди нэхъыжьыфIу фIыр зи Iэужьхэм лъэужь, Iэужь дахэ куэд къызэранэкIащ. Ахэр дэ зыщыдмыгъэгъупщэу, ипэкIэ дгъэкIуатэу дыпсэун хуейщ. Дэ дагъэлъэгъуа, зэхыдагъэха Iуэхугъуэ дахэхэм щыщхэр, хъыбар къаIуэтэжауэ ди гум къинэжахэр, гъэсэныгъэ зыхэлъ Iуэтэжхэр, хабзэмрэ нэмысымрэ тегъэпсыхьахэр, къытщIэхъуэ щIэблэм яхуэтIуэтэжыпхъэщ, щыдгъэгъуэзапхъэщ, ящIэу къэхъуным папщIэ.

Си анэшхуэм къысхуиIуэтэжауэ щыта мы хъыбар кIэщIыр, си гум къинэжахэм ящыщыр, си гуапэу фи пащхьэ изолъхьэ.

Зы нанэ гуэрым къаз хъушэ зэрихуэрт. Пщэдджыжьым абы зэрихабзэу и къазищэр псыхъуэ лъэгум дигъэхьащ. Къазхэр езыхэр хъуакIуэрти, пщыхьэщхьэм къекIуэлIэжхэрт. Апхуэдэу екIуэкIыурэ пщыхьэщхьэ гуэрым пшапэр зэхэуауэ нанэр куэбжэм къыдэкIащ, къазхэр къэкIуэжамэ дигъэхьэжыну. АрщхьэкIэ зыри щыIэтэкъым. Хуэмурэ кIуатэурэ бжьэпэм нэсащ. Зыри къуэкIийм дэтыжтэкъым. Псым телъ лъэмыж цIыкIум икIри, губгъуэм нэс кIуащ. Плъэмэ, къазхэр псори зэхэлъщ, загъэхъейркъым. Бгъэдыхьапэри еплъащ, зыри бауэртэкъым. Нанэм и жагъуэ хъуауэ псынщIэу унэм и лъэр къихьыжащ. Къуэрылъху нэхъыжьым шыгур зэщIригъащIэри, къазхэр здэщыIэ лъэныкъуэмкIэ иригъэунэтIащ. Къуэрылъхур къэуIэбжьауэ нанэм еплъырт. Ауэ нэхъыжь и жыIэр гъэзэщIэн хуейти, къаз лIауэ къафIэщIхэр шыгум къралъхьэри унэм къашэжащ. «Езыхэр лIами, я къэуцыр згъэкIуэдынкъым», жиIэри.

Нанэ и унэм щIэсхэр къыдэIэпыкъуурэ къазищэр яфыщIащ. Къытраха къэуцхэр анэшхуэм зэригъэзэхуащ, щхьэнтэ зэрищIыным хуэдэу игъэхьэзыращ. ЛIауэ къащыхъу, зи къэуцхэр траха къазхэр, гум иралъхьэжщ, къуэкIийм яшэри дакIутащ, хьэ хьэулейуэ псыхъуэм дэтхэм яшхынщ жыхуаIэу…

ЕтIуанэ махуэм, пшапэр зэхэуауэ, къаз макъ къызэхех нанэм. Ар къыдэжащ пщIантIэм, къыщыхъу и гугъэу. АрщхьэкIэ, плъэмэ, и къаз пцIанэ гупыр къэкIуэжауэ куэбжэпэм щызэхэтт. КъызэрыщIэкIамкIэ, къазхэр щыхъуакIуэ щIыпIэм щIэп куэду итти, махуэ псом ар зышха къаз хъушэр лIам хуэдэу Iурихауэ арат.

Нанэр гуфIэу къаз пцIанэ гупыр унэм къыдигъэхьэжащ.

КЪАНКЪУЛ Раисэ.
Поделиться:

Читать также: