ЛIыхъужьу къалъхуркъым, лIыхъужь мэхъу

Ди Хэкур лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ и щапхъэу сыт щыгъуи щытащ. Нобэ дзэ Iуэху хэ-хам хэт ди щIалэхэми пащэ а хабзэфIым.  ­Махуэ къэс лIыгъэ щIапIэ Iутхэм я Хэкур фIыуэ зэралъагъур, ар сыт хуэдэ шынагъуэми щахъумэну зэрыхьэзырыр къагъэлъагъуэ, «хэкупсэ» псалъэм и мыхьэнэр абыхэм ­хьэкъыу япхыкIами ярейуэ. Апхуэдэхэрщ ­лъэхъэнэм и лIыхъужькIэ зэджэр. 

Илъэсищым щIигъуауэ екIуэкI дзэ Iуэху ­хэхам и зы махуэ щIагъуи хэту къыщIэкIынкъым ди щIалэхэм бгъэщIэгъуэн лIыхъужьыгъэ зэрамыхьауэ. Нэхъыщхьэжращи, дыщыпсэу къэралым ис лъэпкъ псори зэшым хуэдэу ­зэкъуэувауэ я къалэныр ягъэзащIэ. Нартан к­ъуажэм щыщ Хьэбылэ Анзор Руслан и къуэри 2022 гъэм щегъэжьауэ абы щыIэщ.
ЛIыхъужьым жеIэ: «ЗауэлIым нэхъ цIыхухъу IэщIагъэ щыIэу сщIэркъым.  Хэкур тхъумэну сытым дежи дыувыфын хуейщ. Уи унагъуэм, уи лъахэм я шынагъуэншагъэм Iуэхур теухуа ­щыхъум, уи щхьэм пщIэ хуэпщIыжмэ, узы­щыс­хьыжи узыщысхьыжыну апхуэдэ хуитыныгъи зэптыж хъунукъым». 
Хьэбылэ Анзор 42-нэ гвардие дивизэм и 70 ­мотострелковэ полкым и командирщ, «Кабарда» цIэ леймкIэ къацIыху. Суворовым и медалыр (2022 гъэм), «Хэкум и пащхьэм щиIэ фIы­щIэм папщIэ» орденым и етIуанэ нагъыщэм и медалыр (2023 гъэм), ЛIыхъужьыгъэ орденыр (2023, 2024 гъ.гъ.), «И хахуагъэм папщIэ» ме- далым и етIуанэ нагъыщэр (2024 гъэм) щIалэм къыхуагъэфэщащ. Нэгъабэ Хьэбылэм полковник цIэр къыфIащащ. КъедбжэкIахэр, дауи, ехъулIэныгъэшхуэщ, ауэ абыхэм я щIыбагъ лэ­жьыгъэ мытынш, языныкъуэми псэзэ­пы­лъ­хьэ­пIэ куэд къызэрыдэтырщ узэгупсысыр. 
«Сропагэ икIи сахуэарэзыщ си унафэм щIэт полкым хэт дэтхэнэ щIалэми», - жеIэ Анзор. Гуп унафэщIым апхуэдэ псалъэхэр щыжиIэкIэ, и нэIэм щIэтхэр тригъэгушхуэ къудейкъым, атIэ гудзакъэ зэриIэри наIуэ пщещI. 42-нэ дивизэм и 70 полкым къулыкъу щызыщIэхэм Урысейм и ЛIыхъужьу 12 хэтщ, СВО-м зэрыщIидзэрэ ор­денхэмрэ медалхэмрэ иратащ зауэлI мини ­5-м нэблагъэм. 
Илъэс хъуауэ Iумыхьэфу, Запорожскэ щIыналъэм щыIэ Малая Токмачкэ жылэм деж зыщы-зыгъэбыдауэ щыта ВСУ-м теуэу, щIыпIэр мы бадзэуэгъуэм щхьэхуит къызэращIыжыфар зи фIыщIэр Анзор и полкырщ. Абы щыгъуэм ­къащтэну яхузэфIэкIащ мыхьэнэшхуэ зиIэ «быдапIэр» - чырбыш заводыр. ЕбгъэрыкIуэныгъэм щыщIадзам, зауэлIхэр зытес бронетехникэм шэ къытехуат, зэхикъутэпэным нэсауэ, ауэ къуажэ дыхьэпIэм нэсри яхэуащ, уеблэмэ мафIэ къызыщIэна бронетехникэм къигъэзэжыфащ.  Абы хиша лъагъуэм тету, мотоциклхэр ирагъэжьащ. Шэр къызытрагъэлъэлъа техникэр мафIэм щисым, абыхэм теса зауэлIхэм къикIуэтын жыхуэпIэр ягу  къагъэкIагъэххэкъым -  лъэсу, дэтхэнэми килограмм 60-м нэс Iэщэ и плIэм дэлъу, я мурадыр зэрызрагъэхъулIэным пащащ. 
- Шэч хэмылъу, лэжьыгъэшхуэ зэфIигъэкIащ ди гупым, блэкIа махуэхэр уи нэгу къыщIэбгъэхьэжынри гугъущ, - жеIэ Анзор. - СВО-м ­щIимыдзэ ипэ, Малая Токмачкэ къуажэм цIыху мини 10-м нэс дэсащ. Ар Ореховэ къалэм къыпэщылъ федеральнэ трассэм хуозэ. Абы дыдыхьэн щхьэкIэ 70 полкым и зауэлIхэм я ­къалэнт псом япэ чырбыш заводыр къащтэну. Ар тынштэкъым, сыту жыпIэмэ ухуэныгъэр бы-дэ дыдэт - метррэ ныкъуэрэ хъу блынхэр къутэгъуафIэтэкъым. Абы къыдэкIуэу, СИЗО-ри къэщтэн хуейт. Абыи и гугъуагъыр зэпхар ра­диоэлектроннэ Iэмалхэм ди зэпыщIэныгъэхэр къызэралъахъэрт. Авиацэмрэ артиллериемрэ къэдгъэсэбэпын хуей хъуащ. Сыхьэтыр 04:12-м тутнакъым къыIухьа ВСУ-м и автомобилхэмрэ      и къарухэмрэ зэхэткъутащ. Нэхущым, 05:46-м мотоциклистищ чырбыш заводым щебгъэры­кIуэм, абыхэм къахэуащ: мотоциклхэр мафIэм ес, ауэ тесахэр къимыкIуэтауэ мажэ… Дапщэщи хуэдэу, дунейм ялъэгъуащ урыс зауэлIыр зэ­рыкъэмылэнджэжыр. Сыхуэарэзыщ а Iуэху мытыншыр зи гуащIэ, зи пщIэнтIэпс дэкIа дэтхэ­нэ зауэлIми, - жеIэ Хьэбылэм. 
ЛIыхъужьым командир къулыкъум пылъ ­жэуаплыныгъэр фIыуэ зыхещIэ: «Дунейр щы­мамырым деж гуп унафэщIу ущыщытымрэ ­зауэм уи пщэ къыщыдэхуэ къалэнхэмрэ адыгэм «шурэ лъэсрэ я зэхуакущ» жыхуаIэм хуэдэщ. Уи щхьэм и мызакъуэу, уи нэIэм щIэт дэтхэнэми папщIэ пхьы жэуаплыныгъэр нэхъыбэж мэхъу. ХэщIыныгъэ щыплъагъукIи, псэ­кIэ умыгъэвын плъэкIыркъым. ДыхущIокъу хэ­щIыныгъэхэр сыт хуэдизкIи зэрынэхъ мащIэнум. Псом хуэмыдэу техникэкIэ дыкъызэрызэгъэ­пэщам гулъытэ хэха худощI, иджыпсту куэд зэлъытар аращ».
Хьэбылэ Анзор дзэ Iуэху хэхам майор цIэр иIэу щIидзащ, полк унафэщIым и къуэдзэу. Мы зэманым, къызэрыхэдгъэщащи, полковникщ, гупым илъэсым щIигъуауэ я командирщ. Курыт школ нэужьым Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и физико-математикэ факультетымрэ Лъэпкъхэм я  зэныбжьэгъугъэ Урысей университетым и юридическэ къудамэмрэ (РУДН) къиухащ. ЩIэныгъэ нэхъыщхьэ зри­гъэгъуэтауэ дзэм къулыкъу щищIэну щраджэм, куэдрэ емыгупсысу кIуащ. Армением дзэ ­къалэнхэр щигъэзащIэри къэкIуэжащ, ауэ и з­ауэлI фащэр игъэтIылъыжыпакъым. «Сызы­хуей IэщIагъэр абы къыщызгурыIуат. Военко­матым   сыщыкIуам, 2008 гъэрати, Куржым ­зауэр къыщыщыхъеину дыдэм ирихьэлIат. Абы къалэн щыдгъэзэщIащ, къэдгъэзэжащ, иужь-кIэ  Сириер къыкIэлъыкIуащ - апхуэдэурэ мы ­IэнатIэм сыпэрыхьа хъуащ», - жеIэри, лIы­хъужьым занщIэуи дыщIегъуж, къыхиха гъуэ­гуанэм зэрыхущIемыгъуэжыр: «Юрист Iэ­щIагъэм  ирилажьэхэр   армырами ирикъуу къыс­щохъу. Сэ мыбдеж сыкъыщысэбэпмэ нэхъ къызощтэ».
Хьэбылэ Анзор и мурадхэм яхэтщ Урысей ­Федерацэм IэщэкIэ зэщIэузэда и къарухэм и  дзэ академием къэрал гъунапкъэхэр зыхъумэ дзэхэм я еджапIэ-щIэныгъэ центрыр къиухыну. ЗэкIэ, дзэ Iуэху хэхар екIуэкIыху, заочнэщ. ЛIыхъужьым и ныбжьэгъу пэжу илъэс куэд ­хъуауэ къыдекIуэкI, полицэм и подполковник Ервас Ахьмэд къыджеIэ: «Илъэс 25-рэ хъуауэ Анзоррэ сэрэ дыкъызэдогъуэгурыкIуэ, КъБКъУ-м дыщыщеджам дызэрыцIыхуауэ. Ар и хьэлкIи, дуней тетыкIэкIи зэрызэпIэзэрытым, лIыгъэ зэрыхэлъым абы щыгъуэм иджыри гу лъыттат. Дзэ кафедрэм дыщекIуалIэм, Анзор и макъыр хэкъузауэ, ар екIуу зэрыпсалъэм щхьэкIэ, жетIэрт гупым и пашэ абы къызэрыхэ­кIынур. ДыгушыIэу «генерал ухъунущ уэ» щыжытIи щыIэт. Армением зэгъусэу къулыкъу щытщIа нэужь, абы контрактым Iэ тридзэри, а IэщIагъэр къыхихащ, сэ МВД-м сыхыхьащ. Адыгэ унагъуэ къыщыхъуащ, нэхъыжь нэхъыщIэ ищIэу, гъэсэныгъэ хэлъу. Сэ зэрысщIэмкIэ, курыт школри абы дыщэ медалкIэ къиухауэ ­щытащ, фIыуэ еджащ, акъыл зыбгъэдэлъ щIалэщ. Мы зэманми дызэрощIэри, икъукIэ дрогушхуэ Анзор и лIыгъэм.  Махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу, абы и ехъулIэныгъэхэр зэхыдох, нэгъуэщI гупхэм хэтхэми щытхъу куэд къыхужаIэри, и зэфIэкIым дыщогуфIыкI. Урысейм и ЛIыхъужь хъуну дыщогугъ».  
Нобэ дэ телевизоркIэ хъыбарыщIэхэм дыщеплъкIэ, мыпхуэдэ лIыхъужьхэм я хъыбархэр щызэхэтхкIэ, зи гугъу ящIыр ди нэIуасэ              дыдэу щымытми, дызэрыпагэ гурыщIэ зэ­хуэмыдэхэр зыхыдощIэ. Шэч къызытедмыхьэ­ращи, ныбжьэгъум и псалъэм къызэрыхэ-                 щауэ, Хьэбылэ Анзор хуэдэхэрщ щIыхьыцIэ лъагэхэр зыхуагъэфащэр, генерал цIэр иIэу  къигъэзэжауи Тхьэм дигъэлъагъу.
БАГЪЭТЫР  Луизэ.

Поделиться:

Читать также: