Дауэ адыгэ унэцIэхэр зэрытхын хуейр?

УрысыбзэкIэ адыгэ унэцIэхэм ящыщ куэдыр зэратхыр сфIэ­мытэмэму илъэс зыбжанэ хъуауэ абы сыкIэлъоплъ, материал зэхузохьэс, унэцIэ щхьэ­хуэхэр щIызо­джыкI, бзэ щIэны­гъэм ипкъ иткIэ зэпкърызох, зы­зогъэзахуэ. Иджы мурад сщIащ абы кърикIуа си гурыгъу-гу­ры­щIэхэмкIэ ди щIэныгъэлIхэмрэ Iэ­щIагъэлIхэмрэ, журналистхэмрэ тхакIуэхэмрэ, гъуазджэмрэ щэн­хабзэмрэ я лэжьа­кIуэхэм, ди лъэпкъ уардэм и къэ­кIуэнум игъэ­пIейтей дэтхэнэми садэгуэшэну. Зи гугъу щIыпхъэ псори зы тхыгъэм къы­щызмыIуэтэф-ми, гу зылъыста зыбжанэм я щапхъэ къэсхьынщ.

ГурыIуэгъуэкъым икIи ар бзэм и хабзэ гуэрым теткъым хьэрф «Е»-кIэ къыщIидзэ адыгэ унэцIэхэм ящыщ зыбжанэр (Едэкъуэ, Едгъул, Елбэд, Елдар, Елгъэр, Елмэс, Ерыпсэу, Ерыстау, Ержыб, Елъыхъу, Ефэнды, Елджар) урысыбзэкIэ щызэрадзэкIкIэ хьэрф «э»-кIэ къригъажьэу щIатхыр (Эдоков, Эд­гулов, Эльбердов, Эльджаров, Эльдаров, Эльгаров, Эльмесов, Эрипсоев, Эристов, Эржи­бов, Этлухов, Эфен­диев. Къимы­дэкIэ, Едэ­къуэ (Эдоков), Ерыпсэу (Эрипсоев), Ерыстау (Эристов) унэ­цIэхэр зэ­хуэкIуэу е зэ­техуэу, къэп­лъытэ хъунукъым.
Бахъсэн районым дызыщрихьэлIэ унэцIэхэм ящыщ зыбжанэм сыкъы­теувыIэнщ. Псалъэм папщIэ, «Аб­зыуан» унэцIэр сыт «Абзевамов» щIэхъуар? «Уэзрокъуэ» унэцIэр сыт «Азрокову» щIатхыр? Мы унэцIэр «Оз­рокову» щатхи щыIэщ, ауэ тIум нэхъри нэхъыфIкъэ «Уазроков» жа­Iэу ятхмэ?
«Ахъуэбэч» унэцIэр щхьэ «Ахабе­кову» тхын хуей? «Ахубеков» жиIэу тхамэ, нэхъ тэмэмкъэ? Хьэмэрэ ­«Аф­э­­щIыж» унэцIэр сыт «Афасижев» щIэхъуар? Бзэ щIэныгъэм къы­зэрилъытэмкIэ, хьэрф «щ»-р зэи «с»-м хуэкIуэнукъым. Абы къыхэкI- кIэ «Афашижев» жыIэни тхыни хуейщ.
«Бырхьэм» унэцIэр «Берхамов» жиIэу птхыныр тэмэмкъым хьэрф «ы»-р «е»-м зэрыхуэмыкIуэм къы­хэкIкIэ. Пэжыр «Бирхамов» жыIамэщ. «Бырсекъуэ» унэцIэри аращ - «Бирсеков» жыIэпхъэщ икIи тхыпхъэщ. Мыпхуэдэ дыдэщ «Быкъыш» унэцIэри. «Бэлэтокъуэ» унэцIэр «Болотоков» жиIэу щIэптхын щхьэусы­гъуэ лъэпкъ щыIэкъым. «Борэн» унэцIэр «Буранов» жиIэу тхыныр тэ­мэмкъым «Боранов» жыIэни тхыни хуейщ. Аращ пэжри.
Хьэрф «Д»-кIэ къыщIидзэ унэ­цIэхэм я тхыкIэми хьэдэгъуэдахэ гуэрхэр хэтщ: Джазэ - Газов, Джатэ­рывэ - Гетериев, Джэдмышх - Гед­миш­хов, Джатэжьокъуэ - Готажоков, Ды­джэ - Дыгов, жыхуаIэхэр. Ап­хуэ­мыдэ дыдэми, «Дэбагъуэ» унэцIэр зэратхымкIи (Добагов) акъылэгъу ухъу ­хъунукъым.
«Жыкъуэ» унэцIэр «Жуков» жи­Iэу, «Дзэмыхь» унэцIэр «Замихов» жиIэу, «Дзасэжь» унэцIэр «Засе­жев»-у жиIэу зэратхыр тэмэму хэт жи­Iэфын? «Дабагов», «Дзамихов», «Дзасежев» жыIамэ икIи тхамэ нэхъ тэ­мэмкъэ?
«Къалэбэч» унэцIэр «Колобеков» жиIэу, «Кхъуэтепыхьэ» унэцIэр «Ко­тепахов»-у, «Гувэжыкъуэ» унэцIэр «Куважуков»-у щIэптхын щхьэусы­гъуэ щыIэу слъагъуркъым, икIи «Калабеков», «Кхуатепихов», «Гуважуков» жыIэныр нэхъ тэмэму къыс­щохъу.
Адыгэбзэм и хабзэм тету мы Iуэхум убгъэдыхьэмэ, «Мамыхъу» унэцIэр «Мамухову» зэратхыр сфIэзахуэкъым, сыту жыпIэмэ, хьэрф «ы»-р «у»-м хуэкIуэнкIэ Iэмал иIэкъым, абы къыхэкIкIэ мы унэцIэр «Мамихов» жиIэу тхыпхъэу къызолъытэ (хьэрф «ы»-р тыншу «и»-м хуэкIуэ хабзэщи). «Молай» унэцIэр «Молоев» жиIэу щIатхыр гурыIуэ­гъуэкъым, икIи «Молаев» жиIэу ­тхыпхъэу къызолъытэ.
Щхьэхуэу ­теп­сэлъыхьыпхъэщ «Мэрзей» унэ­цIэм. Мы унэцIэм тхыкIэ зэмылIэу­жьыгъуэхэр яIэу лъэпкъ куэдым я деж щызокIуэ. УнэцIэм ущрохьэ­лIэ адыгэхэм, асетинхэм (осетинхэм), ­балъкъэрхэм, къэрэшейхэм, тэтэрхэм, таджикхэм, турк­мэнхэм я деж. «Мэрзей» унэцIэр урысыбзэкIэ зэ­ратхыр бзэ щIэныгъэм зыкIи къе­зэгъыркъым: хьэрф «э» кIэщIыр «и»-м хуэкIуэнкIэ Iэмал иIэкъым. Абы къы­хэкIкIэ ар Iэмал имыIэу Iуэхум къыхэлъытапхъэщ.
Псори дызэса «Нэгумэ» унэцIэри урысыбзэкIэ зэрытхар тэмэму къэп­лъытэ хъунукъым: «Нэгумэ»-р «Ногмов» жиIэу. Сэ нэхъ сфIэзахуэр «Нагумов» жиIэу тхыныр арат. «Ног­мов»-р нэгъуэщI унэцIэм хуэдэ мэ­хъу.
«Уэзы», «Уэдыжь», «Уэтэр», «Уэзынжокъуэ», «Уэсмэн» унэцIэхэр, нэ­гъуэщI зыгуэрхэри хьэрф «о»-кIэ къыщIидзэу «Озов», «Одижев», «Отаров», «Озенжоков», «Османов» жиIэу зэратхыр сфIэтэмэмкъым.­ Сыт мы унэцIэхэри, абыхэм яхуэ­дэ нэгъуэщI унэцIэхэри адыгэбзэкIэ къызэрапсэлъым хуэдэу, «Уазов», «Уадижев», «Уатаров», «Уазинжоков», «Уасманов» жиIэу птхы щIэмыхъунур?
«Тхьэкъуахъуэ», «Хьэмырзэ», «Хьэ­щыкъуей», «ХъуэкIуэн» унэцIэхэм я урысыбзэ тхыкIэр сфIэзахуэкъым, ахэр адыгэбзэкIэ я къэпсэлъыкIэм зэрытемыхуэм икIи зэрыпэжыжьэм къыхэкIкIэ: Тхьэкъуахъуэ - Тхакахов, Хьэмырзэ - Хамизов, Хьэ­щыкъуей - Хашукаев, ХъуэкIуэн - Хоконов, Хъуэт - Хотов. Мы унэцIэ цIэрыIуэхэр зэрытхыпхъэу сэ сфIэ­захуэр: «Тха­куахов», «Хамирзов», «Хашикоев», «Хуаконов», «Хутов» жиIэущ. Абыхэм я тхыкIэр куэдкIэ ­нэхъ сфIэпэжщ.
«Щокъуий», «Щокъул», «Шырыкъу» унэцIэхэм я урыс тхыкIэм зэ­хъуэкIыныгъэ гуэрхэр хэлъхьапхъэу къызолъытэ. Иджы зэратхым хуэ­мыдэу, ахэр: «Шокуев», «Щокулов», «Шириков» жиIэу тхыпхъэу хузо­гъэ­фащэ, икIи апхуэдэ тхыкIэр нэхъ сфIэзахуащ.
«Жамбей» унэцIэр ди лъахэм и щIыпIэ зытIущым щызокIуэ. Псалъэм папщIэ, мы унэцIэм ущро­­хьэ­лIэ Налшык къалэми, Бахъсэн, Лэс­кэн районхэм хыхьэ къуажэхэми. Лэскэн районым и Урыху къуажэм щып­сэу Жамбейхэмрэ абы къыдэкIауэ ­нэгъуэщI щIыпIэ гуэрхэм щып­сэухэмрэ я унэцIэр пэжу ира­гъэ­тх - «Жамбеев» жиIэу. Ауэ Бахъ­сэн районым хыхьэ Дыгулыбгъуей жылэм щыпсэу «Жамбейхэм» я унэцIэр «Жамбаеву» зэратхыр тэ­мэмкъым. Бахъсэн ­къалэм дэс Жамбейхэми я унэцIэр мытэмэму «Жа­мбаев» жиIэу ятх, ауэ абыкIэ къуан­шэр къэщIэ­гъуейщ. Дапщэщи адыгэбзэм и хабзэхэр Iуэхум къых­э­лъытэн икIи, Iэмал зэриIэкIэ, абыхэм тетын хуейуэ къызолъытэ. Аращ ахэр щIы­щыIэр.
Бахъсэн районым нэхърэ мынэхъ мащIэу Дзэлыкъуэ щIыналъэми щыIэщ зи гугъу щIыпхъэ, зи тхыкIэр мы­тэмэм унэцIэхэр. Псом япэу гу лъытапхъэщ «Гугъуэт», «Мырзэ­къан», «ПщыукI», «Пщыунэ» унэ­цIэхэм тхыкIэ зэхуэмыдэхэр зэра­- Iэм. Псалъэм папщIэ, «Гугъуэт» унэ­цIэр щIыпIэ зытхухым зэщхьэщы­­кIыу щатх: Дзэлыкъуэкъуажэ, Дзэ­лыкъуэдэс, Къармэхьэблэ, Чыщбалъкъ, Свет­ловодскэ, Белокаменскэ къуажэ­хэм адыгэбзэкIэ - «Ку­гъуэт»-у, уры­сыб­зэкIэ «Куготов» жи­Iэу щатх. Дженал, Зольскэ, Октяб­рьс­кэ къуажэхэм, нэгъуэщI щIы­пIэхэми мы унэцIэр «КIугъуэт»-у щатх. УнэцIэм зэтехуэу зы тхыкIэ иIамэ, нэхъыфIт.
Мырзэкъан унэцIэри зэм «Мырзэкъан»-у, языныкъуэми Мур­зэкъан-у ятх. А тIум дэтхэнэра ­нэхъ пэжыр? УнэцIэр лъабжьитIу зэ- хэлъщ: «Мырзэ»-рэ «къан»-у. Шэч хэ­мылъу унэцIэр лIыщIэ «Мырзэ­къан»-м къытекIащ. Ар япэу. ЕтIуанэу, адыгэцIэхэм ущрихьэлIэр­-къым. «Мурзэкъан», «Мурзэбэч», «Хьэмурзэ» цIэхэмрэ, ­абы­хэм яхуэдэ нэгъуэщI фIэщыгъэхэм- рэ. Абы къыхэкIкIэ мы унэ­цIэр «Мырзэкъану» къэпсэлъып­хъэу икIи тхыпхъэу къызолъытэ.
«Хьэжы» унэцIэр - «Аджаеву»-у; «Бырсекъуэ» унэцIэр - «Барсуков»-у; «БжэныкIэ» унэцIэр - «Бжеников-у; «Джыджий» унэцIэр - «Гигиев»-у; «Угъурлы» унэцIэр - «Огурлиев»-у; «Уэзрокъуэ» унэцIэр - «Озроков»-у; «Елчэпар» унэцIэр - «Эльчапаров»-у»; «Пщыунэ» унэцIэр - «Пшунов»-у («Пшиунов»-у тхыпхъэщ); «УэнащIэ» унэцIэр - «Уначев»-у; «Хьэ­тIохъущо­къуэ» унэцIэр - «Атажукин»-у; «Бжьэ­дыгъу» унэцIэр - «Бжедугов»-у; «Выкхъэ» унэцIэр «Виков»-у; «Гъыдзэ» унэцIэр - «Гадзев»-у; «КIэмыргуей» унэцIэр - «Камер­гоев»-у зэратхыр тэ­мэму убжыныр щыуагъэщ. Мы унэцIэхэм я тхыкIэр бзэ щIэныгъэм и хабзэм къезэгъыркъым.
Ашэбей (Малкэ) къуажэжьым ­щы­щу хьэрф «у»-кIэ къыщIидзэхэу: Уэгъурлы, Уэзы, Уэзрокъуэ, Уэршэкудыгъу, Уэщхъун унэцIэхэр хьэрф «о»-м хуагъэкIуауэ - Огурлиев, Озов, Озроков, Оршокдугов, Ош­хунов жиIэу адыгэбзэм и ­хабзэм ­къемызэгъыу зэратхыр тэ­мэм­къым. Хьэрф «у»-р зэи хьэрф «о»-м хуэ­кIуэнукъым. Абы къы­хэкIкIэ мы унэцIэхэри абыхэм яхуэдэ нэгъуэщI унэцIэхэри хьэрф «у»-кIэ къыщIидзэу - Угурлиев, Уазов, Уазроков, Уаршакудугов, Уашхунов жиIэу къэп­сэлъыни тхыни хуейщ.
Ашэбей жылэшхуэм зи тхыкIэр мы­тэ­мэм нэгъуэщI унэцIэ куэди щы­зокIуэ. Абыхэм ящыщщ ПщыукI унэцIэр. Ар «Пшуков»-у зэратхыр тэмэмкъым, сыту жыпIэмэ ар итIа­- нэ нэгъуэщI унэцIэ мэхъу: ПщыукIым къикIыр пщыр зыукIщ, Пщы­къуэр - пщым и къуэщ.
Нэхъ хьэлэмэтыжыр Тэшэло унэцIэр урысыбзэм зэрыхуагъэ­кIуарщ. ЗыкIи емылIалIэу ар «Та­шилов» жиIэу ятхри зэфIагъэкIащ. Ауэ ар тэмэмкъым, адыгэкIэ Тэшэло унэцIэр пэжмэ.
Иджы Лэскэн щIыналъэм щыщ ­къуажэхэм щызекIуэ (дызыщрихьэлIэ) адыгэ унэцIэ зи тхыкIэр сфIэ­мызахуэхэм кIэщI дыдэу я гугъу сщIынщ.
Псом нэхърэ нэхъ сфIэхьэлэмэтыр икIи нэхъ къысхуемыгъэ­зэ­гъыр хьэрф «у»-кIэ къыщIидзэ адыгэ унэцIэу Уэдыхь, Уэзынжокъуэ, Уэрдэшокъуэ, Уэркъуасэ, Уэрэзей, Уэр­шокъуэ жыхуиIэхэр, абыхэм яхуэдэхэр зэ­ратхырщ. Мы унэцIэхэм ящыщу япэу адыгэ тхыдэм хыхьар икIи нэхъ увыпIэшхуэ щызубыдар Уэдыхь унэцIэр аращ. Дэфтэр хъумапIэхэм щIэлъ тхыгъэхэм, тхыдэтх

хэмрэ къэ­рал къу­лыкъущIэхэмрэ, тхакIуэ щхьэ­хуэ­хэмрэ къалэн пыухыкIа яIэу ­къэ­зыкIухь зыплъыхьакIуэхэмрэ (пу­тешественникхэмрэ) я тхыгъэхэм - ижь-ижьыж лъандэрэ Уэдыхь унэ­цIэр тхыкIэ зэхуэмыдэм тету къы­хощ. Ар урысыбзэкIэ - Уаттих, Ваттих, Адазов жиIэу нобэми а тхы­кIэ­хэм тету къогъуэгурыкIуэ. Ауэ мы унэцIэм и тхыкIэм старосла­вя­ныбзэм ижь къыщIихуами, Уэдыхь унэцIэр Водахову тхыныр мытэмэ-му къысфIощI. Иджырей урысыбзэм и хабзэм тету ар «Уадахов» е «Уади­хов» хъун хуейщ. Хьэфр «у»-кIэ къра­гъажьэу ищхьэмкIэ зи угъу щысщIа унэцIэхэри- «Уазинжоков», «Уардашоков», «Уаркуасов», «Уаразаев», «Уашроков» - жиIэу щIэдмытхын щхьэусыгъуэ лъэпкъ щыIэкъым.
«Гугъуэтыж» унэцIэр зэтемыхуэу щIыпIэ щхьэхуэхэм щатх. Мы унэцIэм и тхыкIэр мытэмэму газетхэм къы­щытрадзэ щыIэщ. Псалъэм папщIэ, ар Лэскэн Ипщэм «Къэ­гъуэтыж» жиIэу щатх. УрысыбзэкIэ мы унэ­­цIэр «Коготижев» жиIэу ят­хауэ урихьэлIэнущ, ауэ ари тэ­мэму къэп­лъытэ хъунукъым. «Гугъуэ­тыж» унэ­цIэр иджырей урысыбзэм и хабзэм ипкъ иткIэ «Гугуатижев» жиIэу тхыпхъэщ.
Къемызэгъ дыдэу къысфIощI «Темыр» унэцIэр «Темуров» жиIэу зэ­ратхыр «Темиров» тхыкIэрщ тэ­мэмыр. «КIыщыкъуэ» унэцIэри ­аращ - «Кишиков» жиIэу зэрытхыпхъэр      нэхъ сфIэтэмэмщ.
Куэд мэхъу дыкъызытеувыIэу ­зэд­гъэзэхуэжын хуейр. Псом хуэ­мыдэу Джылахъстэней щIыналъэм щыIэщ я тхыкIэ елъытауэ дызыгъэпIейтейхэр. Шэч хэмылъу, щIэныгъэр и лъабжьэу, абыхэм делэжьын хуейт.

Ержыб Аслъэн, педагогикэ щIэныгъэхэм я кандидат.
Поделиться:

Читать также: