Къэухь IэрыщIым хуокIуэ

Урысей Федерацэм лъэпкъ пэхуэщIэхэмрэ къэрал программэхэмрэ щIыналъэхэм зэрыщагъэзащIэ щIыкIэмрэ абыхэм я фIагъымрэ дяпэкIэ «къэухь IэрыщIым» къипщтэнущ, УФ-м и Президентым игъэува къалэнхэм лэжьыгъэхэр зэрыхуэкIуэр наIуэ ищIу. Ар и нэIэ щIэтщ УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Григоренкэ Дмитрий. 
Вице-премьерым зэрыжиIамкIэ, «къэухь IэрыщIымкIэ» цIыхухэр абыкIэ зэрахъуэкIын мурад щыIэкъым, атIэ унафэ къащтэхэмрэ лэжьыгъэ ирагъэкIуэкIам кърикIуахэмрэ нэхъ псынщIэу къапщытэн щхьэкIэщ ар къыщIагъэсэбэпыныур. Эксперт зыбжанэ зыубыд, мазэ бжыгъэ япэм зытекIуадэу щыта лэжьыгъэр машинэм зы дакъикъэ хуэдизкIэ зэфIегъэкI, мин бжыгъэ хъу Iуэхухэм хоплъэ, дагъуэ зыхуищIахэр къыхегъэкIри, ар ягъэзэкIуэж. Ауэ ар зэзыгъэзэхуэжыр цIыхуращ. 
«Къэухь IэрыщIым» хузэфIокI лъэныкъуэ куэдкIэ зы Iуэхум бгъэдыхьэну икIи Iыхьэ-Iыхьэу зэпкърихыну. Абы мыхьэнэ иIэщ унафэ къащтэр ныкъусаныгъэншэу гъэзэщIа хъунымкIэ. Псалъэм папщIэ, цIыхухэм я псэупIэхэр егъэфIэкIуэнымкIэ щыIэ программэм ипкъ иткIэ ухуэныгъэхэр щрагъажьэкIэ, къапщытэр абы текIуэдэнумрэ иIэ хъуну уасэмрэ я закъуэкъым, атIэ цIыхухэм я хэхъуэри, къэрал дэIэпыкъуныгъэхэр зыхуэдэри къызэщIрагъэубыдэ. «Къэухь IэрыщIым» хэкIыпIэ нэхъыфIу хилъагъуэр къыхегъэщ. Апхуэдэуи, процент 96-кIэ къыхуощIэ лэжьыгъэхэр къыщызэтеувыIэнкIэ шынагъуэ здэщыIэ щIыпIэхэр, зэфIагъэкIыну зыхуагъэувыжа пIалъэм ахэр къыщыкIэрыхум деж. 

ХЬЭЩОКЪУЭ Алыдж.
Поделиться:

Читать также: