Шынэр цIыхум и пкъым пхуимыхыну пкъырылъщ. Уеблэмэ шынэм къызэщIигъэушэ гупсысэхэр унэтIыныгъэ щхьэхуэу дунейпсо IуэрыIуатэм хэтщ. Апхуэдэущ бзаджэнаджэхэм теухуа хъыбарыжьхэр адыгэм къызэригъэщIар. Шынэ узыр лъабжьэ яхуэхъуагъэнущ нарт IуэрыIуатэм къыхэщыж удхэм, иныжьхэм, нэжьгъущIыдзэхэм, Емынэжьым, жэщтеуэм, нэгъуэщIхэми.
ПсихологиемкIэ, психиатриемкIэ, неврологиемкIэ дохутырхэм къызэрахутамкIэ, мы зи гугъу тщIы бзаджэнаджэхэр цIыхур щышынэкIэ къыщыхъуу (галлюцинацэ) аращ, армыхъумэ дунейм теткъым. Гузэвэгъуэ ихуа щхьэ куцIыр апхуэдизкIэ «щIопхъуэри», щымыIэр къегупсыс, къигупсысари цIыхум и нитIкIэ илъэгъуам хуэдэу и фIэщ ещIыф. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, жэщтеуэр.
«Катаплексие» псалъэ дахэкIэ медицинэр зэджэ щытыкIэм апхуэдизкIэ сурэт телъыджэхэр уи нэгу къыщIегъэувэри, ар цIыхум къыщыхъуауэ и фIэщ пщIынкIэ Iэмал зимыIэщ. Ауэ жэщтеуэр зищIысымрэ ар къызыхэкIымрэ къыбгурыIуэмэ, упэлъэщыну куэдкIэ нэхъ тынщ мэхъу.
ЦIыхур Iуриха нэужь, щхьэкуцIым Iэпкълъэпкъыр зэщIегъанэ, абы зигъэкIэрахъуэурэ пIэм къемыхуэхын, фэбжь зэтримылъхьэжын папщIэ. Махуэ псом лэжьарэ, и лъэр щIэхуу еша цIыхур жейм щыхилъафэкIэ е жеяуэ къыщызэщыукIэ, щытыкIэ гуэр йоувэ, зыхуэмыгъэхъейуэ, псэлъэну хуейуэ зы макъи къыхудэмышейуэ, и гум зишхыхьыжу, ауэ и лъэр зэщIэнауэ. Мис абдежщ абы и гупсысэхэр щызэхэзэрыхьри, бзаджэнаджэ къебгъэрыкIуауэ, ар и псэм къытегъуэлъхьауэ къыщыщыхъури. Апхуэдэ щытыкIа ихуар и Iэпкълъэпкъым щыщу зым хуитыжкъым, ауэ и нэр мэхъей, зеплъыхьыф. Секунд бжыгъэм къыщыщIэдзауэ, дакъикъэ зыбжанэкIэ уиIыгъыфынущ а щытыкIэм. Абы укъришыжыфынущ зыгуэр къыплъэIэсмэ е псалъэмакъ зэхэпхамэ. Къыхэгъэщыпхъэщ жэщтеуэ зыфIащар дэтхэнэми къефыкIынкIэ зэрыхъур.
Сыт ар къызыхэкIыр?
ЗэрыжытIащи, цIыхур жейм щыхилъафэкIэ щхьэкуцIым Iэпкълъэпкъыр «егъэункIыфI», пIэм къемыхуэхын папщIэ. ЦIыху ешар Iуримыхыпэ щIыкIэ и Iэпкълъэпкъ зэщIэнэгъуэмрэ пщIыхьэпIэм и щIэдзэгъуэмрэ зэтехуэнкIэ мэхъу. А пщIыхьхэр апхуэдизкIэ фIэщ щIыгъуафэщ, щхъуэкIэплъыкIэщи, нэхуапIэм къызэрыхэпцIыхукIын щыIэкъым. Апхуэдэхэм деж Iэпкълъэпкъыр мэжей, ауэ щхьэкуцIыр иджыри Iурихакъым. Аращи, цIыхум къыгурымыIуэ, зыпэмылъэщ, къызэрымыкIыф щытыкIэм егъэшынэ, шынэм зыгуэрхэр къыфIегъэщI. Дохутырхэм зэрыжаIэмкIэ, жэщтеуэр сыт хуэдизу шынагъуэу къыпщымыхъуами, зэран хэлъкъым.
Ар къызыгурыIуи зи фIэщ пхуэмыщIи щыIэщ. Апхуэдэущ цIыхухэм шейтIаныр, «гъусэхэр», нэгъуэщI планетэхэм къикIа Iэмырхэр къызэрагупсысри, я фIэщ зэрыхъури.
ЩыIэщ и щхьэ куцIыр жеяуэ, зи Iэпкълъэпкъыр мыундэрэщхъуэфхэри. Апхуэдэхэм я нэр зэтелъу къэтэджыжурэ жэщкIэ къакIухь (лунатизм).
Жэщтеуэр нэхъыбэу къофыкI жейкIэ иримыкъухэм, махуэкIэ куэдыIуэрэ жейхэм, зи щхьэм лъы дэуейхэм, ефэрейхэм, и гущIыIур дэгъэзеяуэ гъуэлъыжахэм я бзэгум тэмакъыр зэхуищIурэ мыбэуэфхэм, и жагъуэ хъун Iуэхугъуэ зи нэгу щIэкIахэм, ажалым щышынэхэм, цIыху зыфIэмыфIхэм.
Жэщтеуэр кIэрыкIын папщIэ, цIыхум и жейр зэтриублэн хуейщ: пщыхьэщхьэкIэ кофе, фадэ емыфэмэ нэхъыфIщ, джабэкIэ ущылъмэ е ныбэм утелъмэ нэхъ зэгъщ. Жэщтеуэр цIыхум и гурыгъузхэм къыхэкIауэ хуагъэфащэмэ, антидепрессант хуатх, психолог къыдагъэлажьэ. Псом нэхъыщхьэжращи, ар къызыхэкIыр пщIэрэ умыгужьеймэ, шыIэныгъэ зыхэбгъэлъмэ, зумыкъузмэ - пщхьэщокI.