Тхыдэ лъагъуэхэм ирокIуэЗыгъэпсэхуакIуэ къакIуэхэм папщIэ мы гъэм Iуащхьэмахуэ лъапэ къыщызэIуахащ «ТекIуэныгъэм и лъагъуэ», «I05-нэ пикет» лъагъуэхэр. Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр ди къэралым къызэрыщихьрэ илъэс 80 зэрырикъум и щIыхькIэ, ахэр къызэрагъэпэщащ «Национальная Кавказская тропа: от моря до моря» Iуэхум хыхьэу.
«Тхыдэм и лъагъуэщIэхэр» зыгъэбелджылар «Кавказ. РФ» акционер IуэхущIапIэрщ. Лъагъуэхэр теухуащ I942 гъэм бадзэуэгъуэм щыщIэдзауэ I943 гъэм жэпуэгъуэ пщIондэ (Кавказыр щхьэхуит къыщащIыжым) а щIыпIэхэм щекIуэкIа (махуэ 442-кIэ) зэхэуэхэм «Эдельвейс» дивизэм и фочауэхэм. Iуащхьэмахуэ щыхатIа нэмыцэ ныпхэр кърадзыхыу Iуащхьэр хуит къащIыжыныр совет зауэлIхэм я дежкIэ щIыхь зыпылът. Къэрал псом къыхашат бгым щызэуэфыну я сэлэтхэр. ЗауэлIхэм быдапIэхэр джабэ нэкIум къыщатIырт. Абы ящыщ языныкъуэхэр ди зэманым къэсащи, зыгъэпсэхупIэм и лэжьакIуэхэм ахэр гъэ къэси зыхуей хуагъазэ.
Зэхэуэхэр зыхуэдам теухуа хъыбархэр зэхуахьэсынымкIэ чэнджэщэгъу къахуэхъуащ щIэныгъэлIхэмрэ тхыдэджхэмрэ. А лъагъуэхэм щыхатIа пхъэбгъухэм тратхащ тхыдэм къыхэна Iуэхугъуэхэр. I943 гъэм мазаем и I7-м Дзэ Плъыжьым и сэлэтхэм совет ныпхэр щаIэтащ Iуащхьэмахуэ щыгум.
Зи гугъу тщIы лъагъуэщIэхэр метр 3500-рэ лъагапIэм щыIэщ. Километрихым нэблагъэ зи кIыхьагъ «ТекIуэныгъэм и лъагъуэр» къыщожьэ Хэку зауэшхуэм и лIыхъужьхэм я фэеплъыр щагъэува, къыщагъэщIэрэщIэжа Iуащхьэмахуэ лъапэ и «Мир» станцым. Кърегъэзыхри, «Кругозор» станцымкIэ «Сэлэтхэр» фэеплъым хуокIуэ. «I05-нэ пикетым» и лъагъуэр «Мир» станцым, обсерваторэм деж къыщожьэри, Терскол ухуешэ. КъыжыIапхъэщ: зыгъэпсэхуакIуэ щыIэ хьэщIэхэр а лъагъуэхэм бадзэуэгъуэм щыщIэдзауэ ирикIуэ мэхъу. Дунейр уэфIмэ, накъыгъэм и кIэуххэм щыщIэдзауэ бжьыхьэ пщIондэ лъагъуэхэм къыщрашэкI гупыж зыщI дэтхэнэри. Лейуэ зыхуомыгъэхьэзырми, вакъэ тынш пщыгъмэ, а лъагъуэхэм урикIуэфынущ, шынагъуэншэщи.
Гъуэгубгъум деж щагъэуващ лIыхъужьхэм я сурэтхэмрэ дэфтэрым щыщ тхылъхэмрэ зыфIадза блыныр. ЗауэлIхэм я фэеплъхэм, абыхэм я зыгъэпщкIупIэу щытахэм, щIыуэпсым и дахагъэм зыщагъэгъуэзэну Iэмал яIэщ туристхэм. Къэбгъэлъагъуэмэ, «I05-нэ пикет» лъагъуэм деж щагъэуващ 2I4-нэ полкым и шууейхэм я фэеплъымрэ «Вагъуэхэр» арт-ухуэныгъэмрэ. ЗыплъыхьакIуэхэр къэувыIэурэ фэеплъхэмрэ абы ящIыгъу тхыгъэхэмрэ йоплъ, быдапIэхэр яфIэгъэщIэгъуэну зэпаплъыхь, блэкIам, Iуащхьэмахуэ лъапэ нэмыцэхэм къаIэщIэзыхыжа лIыхъужьхэм фIыщIэ хуащIу. Лъагъуэхэр къызэрагъэпэщащ арт-ухуэныгъэхэмкIэ, тетIысхьэпIэхэмкIэ, зыгъэпсэхупIэхэмкIэ.
Хэку зауэшхуэм и тхыдэм нэхъ куужу зыщызыгъэгъуэзэну зи мурадхэм Iэмал яIэщ Урысейм нэхъ лъагэ дыдэу щыIэ музейм кIуэну. Илъэс пщIы бжыгъэхэм щIигъуауэ абы щахъумэ тхыдэ дэфтэр хьэлэмэтхэр, хьэпшыпхэр, сурэтхэр. Зауэ губгъуэхэм къыщагъуэтыжа хьэпшыпхэм ящыщщ языныкъуэхэр. Метр 3500-рэ зи лъагагъым тет а IуэхущIапIэм деж къыщожьэ ТекIуэныгъэм и лъагъуэр.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




