Мы махуэхэм и ныбжьыр илъэс 85-рэ ирокъу лъэпкъ щIэныгъэлI пажэхэм ящыщ БакIуу Хъанджэрий. ЩIэныгъэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа еджагъэшхуэм икIи нэхъыжьыфIым теухуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым къэбэрдей-шэрджэс литературэмкIэ и къудамэм и унафэщI Хьэвжокъуэ Людмилэ и тхыгъэр.
«БакIуу Хъанджэрий лъэпкъ щIэныгъэм, егъэджэныгъэм, щэнхабзэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа щIэныгъэлIщ, еджагъэшхуэщ – филологие щIэныгъэхэмкIэ докторщ, профессорщ, адыгэхэр нэхъыбу щыпсэу хэгъэгуищым – Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм – щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэщ, Урысейм щIэныгъэ нэхъыщхьэ егъэгъуэтынымкIэ IэнатIэм пщIэ зиIэ и лэжьакIуэщ, Къандур Иззэт и цIэкIэ ягъэувауэ щыта дунейпсо саугъэтым и лауреатщ, ЩIэныгъэхэмкIэ дунейпсо адыгэ академием и академикщ, абы тхыдэмрэ филологиемкIэ и къудамэм и академик-секретарщ, апхуэдэуи Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институтым къэбэрдей-шэрджэс литературэмкIэ и къудамэм и щIэныгъэ лэжьакIуэ пажэщ.
Мы къедбжэкIахэр Хъанджэрий зэфIэкIыу иIэр, абы зэфIих Iуэхухэм я инагъымрэ я мыхьэнэмрэ зыгъэнахуэ пщалъэхэм ящыщ зыбжанэу аркъудейщ. Абы и гъащIэм и къекIуэкIыкIэмрэ и лэжьыгъэхэмрэ кIыхьу утепсэлъыхьыфынущ: ар илъэс бжыгъэ куэдкIэ егъэджэныгъэ IэнатIэм пэрытащ – Къэрэшей-Шэрджэс къэрал университетым къулыкъу зэхуэмыдэхэр щрихьэкIащ – егъэджакIуэм и деж къыщегъэжьауэ, кафедрэм и унафэщIу икIи а еджапIэ нэхъыщхьэм щIэуэ къыщызэIуаха ФилологиемкIэ институтым и унафэщIу зэрыщытам и деж щиухыжу. Апхуэдэуи а университетым деж абы япэу «Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэм я литературэ» унэтIыныгъэмкIэ диссертацэхэр щыпхагъэкI совет щызэхишауэ щытащ икIи езым и нэIэ щIэту, абы и тхьэмадэу илъэс бжыгъэкIэ игъэлэжьащ. А илъэсхэм абы езым и диссертацэхэри пхигъэкIауэ щытащ – 1973 гъэм и кандидат диссертацэр А.М. Горькэм и цIэр зэрихьэу Москва дэт Дунейпсо литературэмкIэ институтым, 1995 гъэм и доктор диссертацэр Дагъыстэным щыIэ щIэныгъэ центрым щыпхигъэкIауэ щытащ. А лэжьыгъитIри литературэ щIэныгъэр зыхуэныкъуэ, абы щыщIэщыгъуэ, ипэкIэ щIагъуэу гулъытэ зыхуамыщIа темэхэм теухуат. Псом хуэмыдэу и доктор диссертацэр адыгэ литературэ щIэныгъэм и хэлъхьэныгъэшхуэт – абы тхакIуэхэм я щхьэзакъуэ хъэтI, я Iэзагъэмрэ лъэпкъ зэхэщIыкIымрэ зэрызэхущытыр, зэрызэдэлажьэр, литературэм лъэпкъ гупсысэкIэм и нэпкъыжьэ къызэрытещыр гъэщIэгъуэну къыщихутат. ИужькIэ а лэжьыгъэр и лъабжьэу монографие щхьэхуэ къыдигъэкIыжри, абы папщIэ Къандур Иззэт и цIэкIэ ягъэува дунейпсо саугъэтыр къыхуагъэфэщауэ щытащ.
Егъэджэныгъэ IэнатIэм къыпэрыкIыу, 2004 гъэм щIэныгъэм нэхъ куууэ зриту Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институтым лэжьэн щыщIидзэм, Хъанджэрий и щIэныгъэ, критикэ, публицистикэ лэжьыгъэхэр нэхъыбэу дунейм къытехьэу хуежьащ, нобэкIэ абыхэм я бжыгъэр 200-м щIегъу. Апхуэдэуи ар ди къэралым и щIыпIэ куэдми хамэ къэралхэми щрагъэкIуэкIа щIэныгъэ конференцхэм, «стIол хъурейхэм», симпозиумхэм къыщыпсэлъащ, бзэм, щэнхабзэм, литературэм я къежьэкIэм, зыужьыкIэм, ахэр хъумэнымкIэ хэкIыпIэу щыIэхэм теухуауэ доклад гъэщIэгъуэнхэр утыку кърихьащ. Дауи, абы и лэжьыгъэхэм псоми щхьэхуэу мыбдежым укъыщытеувыIэфынукъым, ахэр куэд дыдэщ, ауэ нэхъыщхьэхэм – и монографиехэм я гугъу пщIымэ, и доктор диссертацэр лъабжьэ зыхуэхъуа япэ лэжьыгъэм нэмыщI (Национальное своеобразие и творческая индивидуальность в адыгской поэзии. Майкоп, I994), абы и Iэдакъэ къыщIэкIащ: къэбэрдей усакIуэ, тхакIуэ, драматург IутIыж Борис и гъащIэмрэ и творчествэмрэ къызэщIэкъуауэ щиджа, Iэзэу щызэпкъриха лэжьыгъэшхуэр (Борис Утижев. Поэт. Писатель. Драматург. Нальчик, 2010); ауанымрэ гушыIэмрэ адыгэ литературэм щагъуэта зыужьыныгъэр къыщыгъэлъэгъуа монографиер (Адыгэ литературэ. ГушыIэмрэ ауанымрэ. Налшык, 20I3); адыгей усакIуэ, тхакIуэ МэшбащIэ Исхьэкъ и усыгъэм теухуа къэхутэныгъэр (Творческая индивидуальность и национальная самобытность поэзии Исхака Машбаша. Майкоп, 2019.); и щIэныгъэ статьяхэр щызэхуэхьэса тхылъ щхьэхуэр (Национально-эстетические аспекты изучения адыгской словесности: Избранные статьи. Нальчик, 2010).
Апхуэдэуи Хъанджэрийрэ сэрэ дызэгъусэу мы илъэсым къыдэкIыным хуэдгъэхьэзыращ адыгэ тхакIуэ зыбжанэм (IутIыж Борис, Дыгъужь Къурмэн, Бещтокъуэ Хьэбас, Бемырзэ Мухьэдин) ятеухуа очерк убгъуахэр зэрыт, абыхэм я гъащIэмрэ я творчествэмрэ куууэ щыдджа, я тхыгъэхэр щIэныгъэр и лъабжьэу щызэпкърытха тхылъыр (ТхакӀуэм и зэфIэкIымрэ адыгэ литературэм и зыужьыныгъэмрэ. Налшык, 2025).
А псом къищынэмыщIауэ, БакIуур щIэныгъэлI гупым зэдагъэзэщIа проектышхуэхэм хэлэжьыхьащ. Апхуэдэхэщ: тхылъищу зэхэту къэбэрдей-шэрджэсыбзэкIэ дунейм къытехьа «Адыгэ (къэбэрдей-шэрджэс) литературэм и тхыдэр» (2010, 2013, 2017/2021); «Народы и культуры» серие цIэрыIуэм хэту Москва къыщыдэкIа «Адыги: адыгейцы, кабардинцы, черкесы, шапсуги» (2022) лэжьыгъэшхуэр; Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэм я литературэр (щхьэхуэу прозэмрэ усыгъэмрэ) щызэхуэхьэса антологиехэр; тхылъищу зэхэт «Адыгэ (адыгей, къэбэрдей, шэрджэс) тхакIуэхэр. ХIХ-ХХI лIэщIыгъуэхэр» биобиблиографие псалъалъэр (2021, 2022, 2023). Иужьрей лэжьыгъэм хыхьа статья 400-м щIигъум ящыщу 90-м нэсыр Хъанджэрий и Iэдакъэ къыщIэкIащ.
Профессор БакIуум иригъэджахэм, и гъукIэгъэсэнхэм цIыху цIэрыIуэхэр къахэкIащ, абыхэм ящыщ куэдыр щIэныгъэм и гъуэгум тришащ, абы и нэIэ щIэту, ар и щIэныгъэ унафэщIу кандидат, доктор диссертацэ зыбжанэ пхагъэкIащ. Сэри Хъанджэрий ифI куэд зэкIахэм сащыщщ. Ар Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым зэрыщылажьэ илъэс 20-м щыщу илъэс 15-м щIигъуауэ соцIыху, сыдолажьэри, институтым сыкъызэрыкIуэ япэ махуэм къыщегъэжьауэ сыт хуэдэ IуэхукIи къыздоIэпыкъу, си щIэгъэкъуэнщ, си чэнджэщэгъу нэхъыжьыфIщ. 2011 гъэм зы усэ тхылъ цIыкIу къыщыдэзгъэкIым, пэублэ псалъэр абы схуитхауэ щытащ. А гъэ дыдэм кандидат диссертацэр щыпхызгъэкIым, си оппоненту щытащ. Си доктор диссертацэр щыстхым икIи щыпхызгъэкIым, щIэныгъэ чэнджэщэгъу (научный консультант) схуэхъуащ. А псом фIэкIыжауи, нобэр къыздэсым куэдкIэ зыкъысщIегъакъуэ, абы хеубыдэ Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институтым хыхьэ къэбэрдей-шэрджэс литературэмкIэ секторым и лэжьыгъэр къызэгъэпэщыным и гуащIэ ин зэрыхилъхьэри.
Хъанджэрий цIыху хэтыкIэ зыщIэ, нэхъыжьхэми нэхъыщIэхэми ядекIуэкIыф, ноби псэемыблэжу лажьэ щIэныгъэлI емызэшыжщ. Си щхьэкIэ сыхуэарэзыщ икIи сэ схуэдэу абы фIыщIэ гуапэ къыхуэзыщIхэр зэрымымащIэм сыщыгъуазэщ. Зи ныбжьыр илъэс 85-рэ ирикъу Хъанджэрий хъуэхъукIэ зыхуэзгъэзэну сыхуейт нобэ хуэдэу жыджэру, гуащIафIэу иджыри илъэс куэдкIэ къытхэтыну, и унагъуэ дахэм узыншэу ящхьэщытыну!»