«Адыгэ псалъэр» зи Iэпэгъу нэхъыжьыфIырНалшык къалэм щыпсэу Жылэ Тамарэ «Адыгэ псалъэ» газетым и ныбжьэгъу пэжщ. Iэ тредзэ, къыIэрохьэ, зы къыдэкIыгъуэ къэмынэуи щIеджыкI. Илъэс куэдкIэ курыт еджапIэм адыгэбзэмкIэ щригъэджащ абы. 1954 гъэм щIэтIысхьауэ щытащ пединститутым. «Урысыбзэмрэ урыс литературэмрэ лъэпкъ курыт еджапIэхэм» жиIэу а зэманым щыIа къудамэрт щIэныгъэ щызэригъэгъуэтар. ЕджапIэ нэужьым, урысыбзэмкIэ иригъэджэну ягъэкIуащ Жэмтхьэлэ. Илъэс зыбжанэкIэ абы щыIауэ Налшык 18-нэ курыт еджапIэм, иужькIэ 9-нэ, 14-нэ школхэм адыгэбзэр щригъэджащ. АнэдэлъхубзэмкIэ егъэджакIуэу лэжьэныр Тамарэ и гум зэрыдыхьам и щыхьэтщ ар а IэнатIэм илъэс 40 хуэдизкIэ зэрыпэрытар. Тамарэ и щIалэгъуэм тепсэлъыхьыну дыщелъэIум, жиIащ щIалэгъуэ дахэ зэриIар. Къыхигъэщащ абы щыгъуэ щIалэгъуалэм нэмыс зэрахэлъар, цIыхухэр зэхуэгуапэрэ ягу зэхуэкъабзэу къызэдэгъуэгурыкIуэу зэрыщытар. «Иджы зи щIалэгъуэхэм ебгъапщэмэ-щэ?» - щыжытIэм, къыдгуригъэIуащ зэманитIыр зэрызэгъэпэщыгъуейр. Тамарэ и щIалэгъуэм хэтащ ди университетым адыгэ къафэхэмкIэ и ансамблым. Районхэм, къуажэхэм щIэх-щIэхыурэ яшэрт, зыкъагъэлъагъуэрт. Университетым и дапIэм ансамблым хэтхэм фащэ екIухэр щыхурагъэдати, ар я гуфIэгъуэт. Ансамблым зэрыхэтар IэфIу и гум илъщ, дауи, а зэманым епха гукъэкIыжхэри и куэдщ. Дэ абыхэм ящыщу зы закъуэ дыщигъэгъуэзащ: - Зэгуэр зыкъэдгъэлъэгъуэну зыщIыпIэ дашауэ, утыкум дыкъихьат. Сэ къэфэн духа хуэдэу къысфIэщIри, сакъыхэкIат. АрщхьэкIэ, сыкъызэплъэкIри, си гъусэхэр иджыри къафэрт. Аргуэруи, сыкъафэурэ сыкъихьэжати, пэшым щIэсхэм гу къыслъатащ. Iэгуауэшхуэ схуаIэтат, я гур хэхъуэуи зэщIэдыхьэшхат, - жеIэ Тамарэ. Ди псэлъэгъу нэхъыжьым хъыджэбзитI иIэщ, тIури дохутыр IэщIагъэм хуэпэжщ. Пхъурылъхуих иIэщ, быным и быныжхэм къащIэхъуэжа щIэблэми ягъэгуфIэ. - Илъэс куэд хъуауэ «Адыгэ псалъэ» газетыр тызодзэ. Ар си Iэпэгъущ «Ленин гъуэгу» фIэщыгъэр щызэрихьа лъандэрэ. Нэхъыбэу сызыгъэпIейтейр лъэпкъ гупсысэрщ, пэжым ухуеймэ. АдыгэбзэкIэ зы газет закъуэ республикэм къыщыдэкIмэ, ар щхьэ илъын хуэмейрэ адыгэ унагъуэ псоми. Ар адыгэбзэм, лъэпкъым я дежкIэ пщIэщ - хабзэ дахэм хуэдэщ адыгэ унагъуэм адыгэ газетыр илъыныр. Дэ тедмыдзэмэ, хэт къыфIэIуэхун, хэти еджэн? - жеIэ. АдыгэбзэкIэ зэрытха къудейм щхьэкIэ и унагъуэ иригъэлъуи аракъым ди щIэджыкIакIуэм газетыр. КъыIэрыхьауэ щызэригъэтIылъэкIи къэхъуркъым. - Тхыгъэ купщIафIэхэр, акъыл зыхэлъхэр, гурэ псэкIэ арэзы сызытехъуэхэр къытохуэ. Гупсысэ зэхуэмыдэхэм сыхуишэу, бзэм и зэхэлъыкIэри згъэщIагъуэу щIэзджыкI куэду срохьэлIэ, - щыжиIэкIэ, дыщIоупщIэ нэхъ дэзыхьэхыу зэджэхэм: - ГъащIэ зылъэгъуа, дунейм и пIалъэ зыщIэ, ныбжь зиIэ цIыхухэм ятеухуа тхыгъэхэр, абыхэм фазэрепсалъэр сфIэфIщ щIэзджыкIын. ЦIыху цIэрыIуэхэм, гъуазджэр къызыгурыIуэхэм, сурэтыщIхэм, IэпщIэлъапщIэхэм, IэпэIэсэхэм, дэрбзэрхэм ятеухуахэри къыхызогъэщ. Газет тхыгъэхэм ящIэлъ гупсысэкIэ, зытеухуа IуэхугъуэкIэ, зэрытха бзэкIэ газетым и фIагъыр къэплъытэмэ, мыр къыбгуроIуэ: «Адыгэ псалъэ» газетым зэфIэкI зиIэ гуп дахэ йолэжь икIи зыхыбощIэ тхыгъэхэр зи Iэдакъэ къыщIэкIхэм я IэщIагъэр фIыуэ зэралъагъур, зэрыхуэпэжыр, - жеIэ Тамарэ. Дэри ди щIэджыкIакIуэ пэжым дохъуэхъу узыншагъэ иIэу, и унагъуэ жьэгур хуабэу куэдрэ псэуну/
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




