Гудзакъэ зиIэхэр2008 гъэ лъандэрэ Зи узыншагъэм сэкъат иIэхэм защIэзыгъакъуэ «Гугъэ» жылагъуэ IуэхущIапIэм и унафэщIщ Емуз Иринэ.
ЕгъэджакIуэ хъуным щIэхъуэпсу, бзылъхугъэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и тхыдэ-филологие факультетыр къиухри, абы ирилэжьащ. Тэрч районым хыхьэ Дей къуажэм и курыт еджапIэм 1973 гъэм къыщыщIэдзауэ 1977 гъэ пщIондэ нэмыцэбзэр щригъэджащ. Емузыр щылэжьащ Тэрч къалэм техникэ IэщIагъэ щызрагъэгъуэту дэта курыт еджапIэми. ИужькIэ и лэжьыгъэм щыпищащ Налшык къалэм щыIэ кульпросвет училищэм, пIалъэ гуэркIэ нэмыцэбзэр Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щригъэджащ. 1977-1988 гъэхэм «Долина нарзанов» зыгъэпсэхупIэм хэт библиотекэм и унафэщIу щытащ. А псор къыщIедбжэкIыр зэпымыууэ щIэблэм яхэту къызэрыгъуэгурыкIуарщ. Мы зэманми зыпэрыт IэнатIэри тыншкъым - «Гугъэ» жылагъуэ IуэхущIапIэр сабий сымаджэхэм, абыхэм я адэ-анэхэм ядэлэжьэну къызэрагъэпэщауэ аращ.
- Сэри гукъеуэ зиIэ, зи узыншагъэм сэкъат иIэ сабий зыпIхэм сащыщти, зэпымыууэ дэIэпыкъуэгъу сыхуэныкъуэу сыкъекIуэкIат, гугъу дехьат. Арати, 2006 гъэм адэ-анэ зы гупыфI дызэхыхьэри, жылагъуэ зэгухьэныгъэр къызэдгъэпэщауэ щытащ, - жеIэ Иринэ. - Дызэрылэжьэну щIыкIэр япэу щыдубзыхуа ди зэхуэсым адэ-анэ 36-рэ къекIуэлIат. Ди лэжьыгъэр къызэрыщIэддзар дызэхуэсу, сабийхэр тедгъэууэ, я нэгу зедгъэужьын папщIэ театр е зыплъыхьакIуэ тшэуэ апхуэдэущ. Хуэмурэ лэжьыгъэр зэтедублащ, Iуэху гъэбелджылахэм тету иджы долажьэ. Псом хуэмыдэу нэхъ зытедгъащIэр сабий ныкъуэдыкъуэхэм я узыншагъэр езыгъэфIэкIуэну Iуэхухэрщ. Абыхэм хеубыдэ цIыкIухэр шы тесыкIэм щыхуэдгъасэ дерсхэр. Къапщтэмэ, иджыпсту ди IуэхущIапIэр цIыху 400-м ядолажьэ, сабийхэми, абыхэм я адэ-анэхэми IэщIагъэлIхэр ядоIэпыкъу.
А псор фи щхьэ закъуэкIэ фхузэфIэкIрэ жытIэу, дыщыщIэупщIэкIэ, дыщегъэгъуазэ: «ГъащIэ узыншэ ехьэкIынымкIэ фондым зэгурыIуэныгъэ етщIылIащи, абы я гъэсакIуэр ди сабийхэм пщIэншэу илъэситI хъуауэ къадолажьэ. Ди жылагъуэ зэгухьэныгъэм езым шищ диIэщ. Шыр сабийхэм я узыншагъэм дежкIэ сэбэпышхуэ хъууэ къалъытэри, IэщIагъэлI хуедгъэджауэ 2010 гъэ лъандэрэ а программэр къыдогъэсэбэп. Апхуэдэ дерсхэр яфIэкъабылу, Налшык къалэм и мызакъуэу, республикэм и щIыналъэ псоми кърашурэ я сабийхэр къытхуашэ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, ДЦП, аутизм, Дауным и синдром узыфэхэр, нэгъуэщIхэри зиIэхэр ди мащIэкъым. «Гугъэ»-м къокIуэ мыпсэлъэфхэри къэзымыкIухьыфхэри. Гур хохъуэ абыхэм зыужьыныгъэ гуэр ягъуэтауэ щыплъагъукIэ. ИкъукIэ хущхъуэшхуэ яхуэхъуу къызолъытэ ахэр шым зэрытедгъэсыр.
Иринэ жиIэм щыхьэт техъуэ щапхъэхэри щыIэщ. Илъэс ныкъуэ хуэдэм къриубыдэу, мыпсэлъэфу щыта хъыджэбз цIыкIум а пIалъэ кIэщIым и бзэр къиутIыпщат. НэгъуэщI зы хъыджэбз цIыкIум и лъакъуэ лъэныкъуэр сантиметри 3-рэ ныкъуэкIэ нэхъ кIэщIу, и нэми сэкъат иIэу IуэхущIапIэм кърашэлIати, илъэсищ-плIыкIэ дэлэжьа нэужь, шыр зи инагъыр а цIыкIум зригъэдэIуэфу, IэкIуэлъакIуэу тесыфу хъуат. Дохутырхэм иужьым абыхэм къыжраIащ сабийм и лъакъуэ лъэныкъуэр сантиметр 1,5-кIэ фIэкIа адрейм къызэрыкIэрымыхужыр, и нэми нэхъыфIу илъагъу зэрыхъуар. Дауи, шы тесыным и закъуэкIэ зэфIэкIкъым узыншагъэр зэтегъэувэжыныр, ауэ ари сэбэпышхуэ зэрыхъум шэч хэлъкъым.
- Налшык къалэм и курыт школхэм зи узыншагъэм къимыхь сабийхэр зыщIэс классхэми ди нэIэ ятетщ. КъищынэмыщIауэ, къалэ поликлиникэхэм иппотерапиемкIэ дызэрылажьэр яжетIауэ, сымаджэхэр къыщытхуагъакIуэ щыIэщ, - дыщегъэгъуазэ цIыхубзым. - Сабийр япэу шым тедгъэтIысхьэн ипэ, дохутырым итхауэ щытын хуейщ ар зэран зэрыхуэмыхъунур. Мы Iэмалыр къэгъэсэбэпынымкIэ УФ-м и Президентым и саугъэтхэр зыт фондым 2017 гъэм иригъэкIуэкIа зэхьэзэхуэм дыщытекIуащ икIи абы ахъшэ саугъэт къыдитауэ щытащ, ар сабий ныкъуэдыкъуэ зиIэ унагъуэхэм защIэдгъэкъуэным, гъащIэм хэгъэзэгъэным ехьэлIауэ къэдгъэсэбэпащ. ЩIалэгъуалэр гъащIэм хэгъэзэгъэнымкIэ куэд елъытащ творчествэ и лъэныкъуэкIэ абыхэм зэрызаужьым. «Гугъэ»-м Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтым зэгурыIуэныгъэ ирищIылIауэ «Твой дар» фIэщыгъэр зиIэ центр мэлажьэ. Сурэт щIынымкIэ, уэрэд жыIэнымкIэ, къэфэнымкIэ абы ди сабийхэм зыщаужь, республикэ пшыхьхэм, зэхьэзэхуэхэм хэтщ. 2014 гъэ лъандэрэ «Равные возможности. Достойная жизнь для всех» зыфIаща, нэгъуэщI щIыналъэхэми къикI зыхэт фестивалым ехъулIэныгъэ абыхэм зэпымыууэ къыщахь. Шэч хэмылъу, утыку итыкIэм, цIыху хыхьэкIэм есэнымкIэ мыпхуэдэ Iэмалхэр сэбэп мэхъу. Мыбдеж нэхъыщхьэращи, а цIыкIухэми Iэмал яIэн хуейщ гъащIэм и фIагъ-IэфIагъхэр зыхащIэну.
ЦIыкIухэр дошэ Дагъыстэным, Шэрджэсым, Осетие Ищхъэрэ-Аланием щекIуэкI фестивалхэми. Апхуэдэ гъуэгуанэхэр сэбэп мэхъу сабийхэм я къэухьым зиужьынымкIэ, ныбжьэгъу ягъуэтынымкIэ. Гулъытэ худощI я лъахэр фIыуэ ялъагъуу, гудзакъэ яIэу ахэр къэгъэхъуным. Псалъэм папщIэ, «Дыкъэзыухъуреихь дунейр» зыфIэтща программэм хыхьэу, сабийхэм жыг хадэхэм защыдогъэплъыхь, къуалэбзухэм я унэ цIыкIухэр езыхэм я IэкIэ идогъэщI, шыхэри зэрагъашхэм кIэлъыдогъэплъ.
Иринэ и щIалэр пшынэм хуэIэкIуэлъакIуэщ. «Гугъэ» зэгухьэныгъэм сыхыхьэнми ар къызэдгъэпэщынми сыщIытегушхуар аращ, - жеIэ Емузым. - 2007 гъэм Москва щекIуэкIа «Гъунапкъэншэ сабиигъуэ» дунейпсо зэхьэзэхуэм абы ехъулIэныгъэ щигъэлъагъуэри, УФ-м и Президентым и саугъэтыр къыхуагъэфэщауи щытащ. Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтым уэрэд жыIэнымкIи зыщыхуигъэсащ, концертхэм хэтщ. Жылагъуэ лэжьыгъэр пщIэншэщ, ауэ гугъу зыщIедгъэхьыр щIэблэращи, гудзакъэ зиIэ, къыддэIэпыкъун цIыхухэри догъуэт. Сабийхэр хъумэным и дунейпсо махуэр, ИлъэсыщIэ махуэшхуэр, Ныкъуэдыкъуэхэм я махуэр абыхэм яхуумыгъэлъэпIэныр гуэныхьщ. Сыт щыгъуи ди щIэгъэкъуэну цIыкIухэр ягъэгуфIэ «Жако», «Налшык IэфIыкIэхэр» фабрикэхэм. ЖыпIэнурамэ, ди къару къызэрихькIэ сабийхэм защIыдогъакъуэ».
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




