Ди нобэр блэкIам и гъуджэщ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм 2014 гъэм шыщхьэуIум и 12-м къыдигъэкIа унафэм ипкъ иткIэ, фокIадэм и 20-р Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэу ягъэуващ.  
БлэкIа илъэсхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, ари IэмалыфIщ къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэмрэ Хэкужьым исхэмрэ нэхъри дызэкъуэувэнымкIи, ижь-ижьыж лъандэрэ къыддекIуэкI хабзэ дахэхэм зедгъэужьынымкIи, дызэрыгушхуэ, ди щхьэр лъагэу дэзыгъэлъагъуж тхыдэрэ щIэинрэ дызэриIэм тщыщ дэтхэнэри дригъэгупсысынымкIи.  

Бахъсэн къалэ округым и щIыпIэ администрацэм щэнхабзэмкIэ и къудамэм и унафэщI Бэч Альберт къыджиIам тетщIыхьмэ, дызыхуэкIуэ фокIадэм и 20-м сыхьэти 10-м а къалэм «Мамырыгъэм, щэнхабзэмрэ гугъэпсэхумрэ» зыфIаща и жыг хадэм щыщIадзэнущ Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэмрэ Бахъсэн къалэм и махуэмрэ ятеухуа гуфIэгъуэ дауэдапщэхэм. 
МахуэщIым ехьэлIауэ абдежым щрагъэкIуэкIыну Iуэхугъуэхэм ящыщщ КъБР-м и артист пажэхэм концерт зэрыщатынур, республикэм и художник-модельер цIэрыIуэ ХьэцIыкIу Мадинэ, игъэнэрылъагъуу, адыгэ фащэм и пкъыгъуэхэм зэрыщытепсэлъыхьынур, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Лъэпкъ музейм и унафэщI Накуэ Феликс адыгэ уэркъым зауэ хуэIухуэщIэу кIэрылъа Iэщэ зэмылIэужьыгъуэхэм ящыщу сэшхуэм, къамэм, къамэщIэлъысэ хуэдэхэм я гугъу зэрыщищIынур, Бахъсэн къалэ округым Сабийхэм гъуазджэмкIэ я еджапIэм и гъэсэн цIыкIухэм сурэт щIынымкIэ, дыщэ идэмкIэ, тхыпхъэ-щIыпхъэ тедзэкIэмкIэ, нэгъуэщI абы хуэдэхэмкIи я IэдакъэщIэкIхэр, апхуэдэуи, «Адыгэхэм я псэукIар зыхуэдэр» зыфIаща, гъащIэм, унагъуэм къыщагъэсэбэпу щыта хьэпшыпхэр зэрыщагъэлъэгъуэнур.
КъинэмыщIауэ, Адыгэхэм я махуэм ирырагъэхьэлIэ гуфIэгъуэ Iуэхугъуэхэр щекIуэкIынущ къалэ округым щэнхабзэмкIэ и унэхэм, курыт еджапIэхэм, сабий садхэм. ЦIыху зекIуапIэхэм лъэпкъым ижькIэрэ къыдэгъуэгурыкIуа, ди нобэми къыдекIуэкI IэпэIэсагъэхэм ятеухуа гъэлъэгъуэныгъэхэр къызыщызэрагъэпэщынущ, ерыскъы гъэхьэзырыкIэм хуэгъэза нэтынхэр щащIынущ. 
Бахъсэн къалэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм и гупэм къит утым деж сыхьэт II-м щыщIрагъэдзэнущ гъуазджэм и лэжьакIуэхэм щрагъэкIуэкIыну, республикэм и уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэхэмрэ къэфакIуэ гупхэмрэ къызэрагъэпэщыну, «Ефlакlyэ си лъэпкъ, гъагъэ си хэку!» зыфIаща концертышхуэм… 
                                          ГукъэкIыж
Адыгэхэм я махуэмрэ Бахъсэн къалэр илъэс 50 зэрырикъумрэ гъэлъэпIэным ехьэлIауэ а щIыпIэм илъэс зыбжанэ ипэкIэ къыщызэрагъэпэщауэ щыта дауэдапщэхэр апхуэдизу дахэу къехъулIэнуи я инагъ-бжьыфIагъкIэ екIуу ирагъэкIуэкIынуи ди фIэщ хъунтэкъым, а псор ди нэгу щIэмыкIатэмэ. 
Республикэм и гъуэгу нэхъыщхьэм дрижэу, Бахъсэн щIыналъэм дыщыхуэблагъэм, дэ зэуэ гу лъыттащ автомобилхэм нэхъ хуэм зэрызащIым. «Зы щIыпIэ гуэрым деж гъуэгур щызэрагъэпэщыжу арагъэнщ» а гупсысэращ япэу ди щхьэм къихьар. АрщхьэкIэ, къэтлъэгъуар нэгъуэщIщ: адыгэ фащэ екIухэмкIэ зэщыхуэпыкIа, къуэкIыпIэмкIэ къыщыунэхуа шу гупышхуэ гъуэгубгъумкIэ ирикIуэрт. 
Зи бжыгъэр I00-м нэблагъэ щIалэхэм кIуэрыкIуэм тету нэгъуэщI шухэри адэкIэ-мыдэкIэ къащыхыхьэрт. Адыгэ фащэу ящыгъхэмкIэ ахэр плъыфэбэрэ зэмылIэужьыгъуэбэу зэщыхуэпыкIат: хэти цей къащхъуэ-хужьыфэ щыгът, мыдрейхэр фIыцIафэ-морафэт. 
ГИБДД-м и лэжьакIуэхэм лъэныкъуитIымкIи къаувыхьауэ кърикIуэхэм сурэт зыбжанэ ятетхри,ди гъуэгуанэм пытщащ. Бахъсэн дыдэлъэдащ. 
ДыздыIухьэн хуейр Бахъсэн къалэ администрацэм и гупэ къит утыкурати, абы нэхъ гъунэгъу зэрызыхуэтщIыным яужь дитт. Куэд дымыжуи дакъыхэхутащ къалэкум ит ЩэнхабзэмкIэ унэм и щIыбагъымкIэ кIуэ пэтми нэхъыбэж щызэрыгъэхъу, щхьэж и увыIэпIэ къэзылъыхъуэ автомашинэ IувыкIейм. 
Бжьыхьэпэ мазэр хуабэвэхыу къытхущIэкIами, къалэ администрацэм и гупэ къит утыкумрэ ар зыхуэгъэза уэрам бгъуфIэшхуэмрэ цIыху куэд дыдэ щызэхуэсат. Уэрамым и бгъуитIымкIи щиувыкIахэм макъ лъэщ къахэIуащ, парад щIыкIэу къызэрагъэпэщ зекIуэм зэрыщIидзэмкIэ хъыбар ирагъащIэу. ЯпэщIыкIэ жыжьэу, итIанэ нэхъ гъунэгъуу гъуэгукум къыщыунэхуащ цIыкIуи ини, хъулъхугъуи бзылъхугъуи щхьэхуэ-щхьэхуэу щызэгъэуIуа гупышхуэхэр. Псом япэу кърикIуэхэм я пашэт адыгэхэм я лъэпкъ бэракъыр уардэу зыщхьэщыбыбыкI, Къэбэрдей драмтеатрым и актёр пажэ, республикэм щIыхь зиIэ и артист Хьэмырзэ Ахьмэдрэ абы дэщIыгъухэмрэ. Абыхэм къакIэлъыкIуащ я ныбжьыр нэхъ хэкIуэтами, бжьыфIагъэ нэсрэ зэпIэзэрытагъэрэ къэзыгъэлъагъуэ нэхъыжьыфIхэр. Ещанэ сатыру кърикIуэ гупыр укъэзыгъэгумащIэт. Зи щыгъын щхъуэкIэплъыкIэхэр дыгъэпсым нурыбэу пэлыд сабий дыгъэл цIыкIухэр, гъуэгукум кърикIуэрт, я гъэсакIуэ пажэхэр къахуэсакъыпэу. 
ЗекIуэм хэтхэм я нэхъыбапIэм лъэпкъ фащэхэр къазэрыщылыдыкIыр телъыджэ тщыхъуами, нэхъ гъэщIэгъуэныжыр уэрамым и бгъуитIымкIэ щиувыкIахэми апхуэдабзэуи зэрызыкърахырт, нэгъуэщI ялъэмыкIами, я щыгъынхэр лъэпкъ уагъэхэмкIэ екIуу гъэщIэрэщIат. ИщхьэкIэ къызэрыщыхэдгъэщащи, Бахъсэн и къалэкум щызэрихьэлIахэм ныбжьыщIэхэри сабийхэри куэдыкIейуэ яхэтт. Абыхэми ящыгъыр (и нэхъыбапIэр) мыдрейхэм ещхьти, дгъэщIагъуэрт: «Апхуэдиз фащэ екIу икIи дахэ дэни къраха, дауи яхузэгъэпэща?!», - жытIэу.
Уэрамыкум щытлъэгъуахэм ящыщу нэхъ зэгъэкIуарэ зэщIэкъуауэ къытщыхъуа сабий гупым дабгъэдыхьащ. Абыхэм яхэт бзылъхугъэм (ари адыгэ фащэ екIукIэ хуэпат) зыхуэдгъэзащ. 
- ЗыкъэдбгъэцIыхуамэ, мы цIыкIухэми я гугъу къытхуэпщIамэ, ди гуапэ хъунт.
- Мэршэнхэ Агнессэ. Сабийхэр Кушмэзыкъуей (Бахъсэн къалэм ищхъэрэкIэ щыIэ и хьэблэращ зи гугъу ищIыр) дэт курыт еджапIэ №2-м къегъэбыдылIа кадет еджапIэм и I-нэ классым щIэсхэрщ. ЖыпIэнурамэ, а цIыкIухэми, абыхэм я адэ-анэхэми, я гъэсакIуэхэми – псоми - ди гуапэу зыхуэдгъэхьэзыращ нобэрей ди гуфIэгъуэшхуэу Адыгэхэм я махуэ лъапIэмрэ Бахъсэн къалэ илъэс 50 зэрырикъумрэ ехьэлIам.
ДыкъыздыIукIамкIэ дыщекIуэкIыжым, жьауапIэ гуэрым деж зылI зэрыщIэтыр къэтлъэгъуащ. ИхъуреягъкIэ щызэрызехьэхэм абы и Iуэху зэрахуэртэкъым, зи яужь итыр абы и шырат - увыIэгъуэ ямыIэу сурэтхэр зытрагъэхырт, сабийхэр ягъэшэсамэ балигъхэр бгъурыувэжурэ. ЛIыр и теплъэкIэ зэрыпщIэн мы дунейм теттэкъым, асыхьэтым къущхьэхъу хъупIэхэм къикIыу гуфIэгъуэшхуэм къахыхьа губгъуэлIу фIэкIа. ИкIи, дыбгъэдыхьэу щызэдгъэцIыхум, апхуэдэу къыщIэкIащ. Абы щыгъ фащэхэр концерт къызэрагъэлъагъуэтэкъым: и щIакIуэр къызэрымыкIуэу инт, и пыIэр къуацэшхуэт, и цейр Iувыщэт, и щхьэрхъуэныр (бащлъыкъыр) IуэнтIэжарэ шыхьыжауэ и пщэм дэлът… Ар шы гъэхъуным куэд щIауэ пылъ ПщыукI Iэуелт, Малкэ къуажэм щыщт. ДыщыгуфIыкIащ, а лIым депсэлъа иужь, алъандэрэ бгъэдыхьэну темыгушхуахэми «гу къызэрылъатам» - я сабийхэр къыIуашэурэ, и гъусэу фэеплъ сурэтхэр зытрагъэхырт…
Парадым и къыкIэлъыкIуэ Iыхьэ нэхъ ин дыдэу къыщIэкIар адыгэ шууейхэр, зи бжыгъэкIэ 300-м щIигъур, уэрам нэхъыщхьэм къызэрырикIуарщ. А Iуэхугъуэр апхуэдизу узыгъэгушхуэт, узыщыщ лъэпкъым лIыгъэрэ дахагъэу бгъэдэлъар, ноби къыхуэгъэлъэгъуэнур зыхуэдизыр уи нэгу къыщIэзыгъэувэт, уигу къизыгъэхьэти, еплъ псори - ини цIыкIуи - гуфIэгъуэшхуэм зэщIиубыдарэ блэкIхэм я нэхэр тедымауэ апхуэдэт. 
                                 Урысейм и рекордхэр зратхэ тхылъым тIэунейрэ йохуэ   
 А махуэм и етIуанэ Iыхьэм, Бахъсэн къалэм ищхъэрэкIэ щыIэ и хьэблэм, «Кушмэзыкъуей» цIэр иджыри зезыхьэм, и сэмэгурабгъумкIэ къыщылъ губгъуэ иным щызэхаша Iуэхугъуэхэри телъыджэт. Шэч къытетхьэркъым, ахэр зи нэгу щIэкIахэм ягу фIыкIэ къызэринэнуми щагъэхъахэр къэкIуэну дахэ зиIэ лъэпкъыу дызэрыщытыр къэзыгъэлъагъуэу къызэрыщIэкIами.
Бахъсэн къалэм хыхьэ жылагъуэхэм дэс лIакъуэхэм я унагъуэ пщIантIэхэр къызэрымыкIуэрэ екIуу зэгъэпэщат. Щызэхуэсхэр я щхьэ закъуэ хузэхэмысыжу, зым икIым адрейм ихьэурэ, унагъуэ пщIантIэхэм хьэщIэу яхуэкIуэрт, щызэрылъагъухэр зэщыгуфIыкIыжрэ зэхуэжумартхэу.
«Бахъсэн - си къалэу си лъахэ!» эстрадэ гъэлъэгъуапIэмкIэ дунэтIащ. Абдежым щыщIидзащ махуэшхуэм ехьэлIа гуфIэгъуэ зэхыхьэм. Утыкум хъуэхъу псалъэ щыжаIащ 
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм и Администрацэм и Тхьэмадэ Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, КъБР-м и Парламентым Законодательствэмрэ щIыпIэ самоуправленэмкIэ и комитетым и унафэщI Мэлбахъуэ Борис, Бахъсэн къалэ округым и администрацэм и Iэтащхьэ Мамхэгъ Хьэчим сымэ, нэгъуэщIхэми. 
ГуфIэгъуэм къыщыпсэлъащ республикэм и щIыналъэ администрацэхэм я унафэщIхэр, Урысейм рекордхэмкIэ и тхылъым и редактор нэхъыщхьэ Коненкэ Станислав. Иужьрейм къыхигъэщащ а махуэм Бахъсэн къалэ щилъэгъуам хуэдэ къэрал псом алъандэрэ зэрыщемыкIуэкIар: япэр - цIыху мини 2200-м щIигъур, лъэпкъ фащэхэр ящыгъыу, зэгъусэу уэрамым къызэрырикIуар, етIуанэр – адыгэ фащэкIэ зэщыхуэпыкIа шууей 3I5-м я зекIуэр. ИкIи, абы къыхэкIыу, а IуэхугъуитIри езыр зи унафэщI Тхылъым, Урысейм и рекордхэр зратхэм, зэрыхигъэхьэнумкIэ и гуапэу къызэхуэсахэм хъыбар яригъэщIащ. 
Къалэдэсхэм я гуфIэгъуэр даIэтащ, я нэгу зрагъэужьащ республикэм и уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэхэмрэ къэфакIуэ гупхэмрэ.

 

Тхыгъэри сурэтхэри КЪУМАХУЭ Аслъэн ейщ.
Поделиться:

Читать также: