«Си гум занщIэу къипхъуэтащ»

Мамбэт Иринэ еханэ классыр къыщиухым ирихьэлIэу, и адэм газетым хъыбарегъащIэ тету къилъэгъуат дэрбзэр IэщIагъэм зыхуэзыгъэсэну хуейхэр Сабий художественнэ школым (Налшык къалэ) ирагъэблагъэу. Ар цIыхубз IэщIагъэу къилъытэрти, хъыджэбз цIыкIур абы хригъэтхащ…
Иджы Иринэ ид адыгэ фащэхэмкIэ, дыщэидэм зэрыхуэIэзэмкIэ, хьэпIацIэщыгъэкIэ хидыкI хьэпшыпхэмкIэ республикэм къыщацIыху хъуащ. 
- Адыгэм къыдэгъуэгурыкIуа IэщIагъэфIхэм ящыщщ фащэ дыныр, тхыпхъэщIыпхъэхэр хэдыкIыныр. Ар си гум занщIэу къипхъуэтащ, псом хуэмыдэу дыщэидэ щIыныр. Лъэпкъ IэщIагъэм сыхэзыша, сыхэзыгъэгъуэза егъэджакIуэфIхэр сиIащ. Ахэр Гущинэ Людмилэ, Яровицкая Таирэ, Мэлбахъуэ Аринэ, Сэральп Мадинэ сымэщ, - жеIэ Иринэ. - ИужькIэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым декоративно-прикладной гъуазджэмкIэ и къудамэм нэхъ куууэ лэжьыгъэм сыщыхэгъуэзащ. Нэхъыщхьэрати, IэщIагъэм къыдэкIуэу, абдеж щыдагъэджащ лъэпкъым къыдекIуэкI тхыдэри щэнхабзэри. Ахэр къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ мы IэщIагъэм. 
Мамбэтыр иджыри еджэу, Хъурей Жаннэ и нэIэм щIэту «Березка» IуэхущIапIэм щылэжьащ, зэрыжиIэмкIи, утыку къызэрихьэ фащэхэр псынщIэу, IэкIуэу дын и лъэныкъуэкIэ куэд абдеж къыщищIащ. Иринэ зыхэта зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэ куэдым ехъулIэныгъэхэр къыщихьащ, псалъэм папщIэ, КъБКъУ-р къыщиухым абы ищIа «Гуащэнэ» гуащэ цIыкIухэм етIуанэ увыпIэр къыщыхуагъэфэщауэ щытащ Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэ округым и дизайнер ныбжьыщIэхэм я «Стильный акцент» зэпеуэм. ИужькIэ Иринэ езым къиуха кафедрэм лаборант нэхъыжьу щылэжьэнуи хунэсащ. 
2011 гъэм Иринэ щIэтIысхьэжащ Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтым и аспирантурэм. Абы и щIэныгъэ лэжьыгъэр зытриухуар адыгэ фащэхэм я тхыпхъэхэм я зэхэлъыкIэрщ. 
«Нэхъ ипэкIэ цIыхухъум «шэтемыгъахуэ джанэ» жаIэу хуаду щытащ. Ар зыдыр и Iыхьлы нэхъ гъунэгъу дыдэхэрат: и щхьэгъусэм, и анэм е и шыпхъум. КъызэралъытэмкIэ, абы цIыхухъур къыщихъумэн хуейт зауэм, - жеIэ Иринэ. - Псом хуэмыдэу мыхьэнэшхуэ иратырт джанэм тращIыхь дамыгъэхэм. Адыгэхэр мажусий диным щитым я фIэщ хъурт а тхыпхъэхэм къаруушхуэ яIэу. Апхуэдэ дыдэу хъыджэбзым и бостейм и щIыIутельым и къуапэхэми Iэмал имыIэу тхыпхъэхэр хадыкIырт, «къихъумэн» щIагъыбзэр иIэу. ПыIэращи, абыи и щIыкIэмрэ плъыфэмрэ мыхьэнэшхуэ иратырт адыгэхэм. ЦIыхубзыр унагъуэ ихьэу япэ сабий игъуэта нэужь, тхьэмадэм абы и пыIэр IэлъэщIкIэ зэрихъуэкIырт. Абы и зэIущэкIэри гъэщIэгъуэнт - ар ящIырт бдзэжьей зэрещэ хъым ещхьу. А зэрыхъэкIэр нэхъ пасэрей дыдэхэм щыщщ. Къуапэхэм хадыкI тхыпхъэхэм къагъэлъагъуэрт IэлъэщIыр щада махуэр, и ныбжьыр. ИкъукIэ гъэщIэгъуэн куэд дыдэ щIагъыбзэу щIалъхьэфырт адыгэхэм я тхыпхъэхэм. Ауэ иджыпсту апхуэдэ дыдэу тхыпхъэщIыпхъэхэм я мыхьэнэм куууэ пхырыплъыжыркъым, нэхъыбэм дахагъэ къызэрыдгъэлъагъуэ Iэмэпсымэ ахэр хъуащ».
Мамбэтым и адыгэ фащэхэмрэ чысэхэмрэ щигъэлъэгъуащ Эстонием.  Апхуэдэуи Блий Алинэ и гъусэу, адыгэ фащэхэр дынымкIэ дерсхэр илъэс ныкъуэкIэ иригъэкIуэкIащ, цIыху 14-м ядэлэжьащ. А Iуэхум пащэу, бзылъхугъэхэм я мурадщ цIыхухъу фащэмрэ дыщэидэ IэщIагъэмрэ щхьэхуэу щыхуагъэсэну дерсхэр ирагъэкIуэкIыну.
БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться:

Читать также: