Хуэпэжахэмрэ епцIыжахэмрэ

 Тхыдэм дегъэлъагъу: сыт хуэдэ революцэри цIыхухэм къатохьэлъэ. Апхуэдэ дыдэу зыщыпсэуа къэралыр зэрыкъутэжри. НэхъыжьыIуэхэм ар я нэгу щIэкIащ СССР-р щылъэлъэжам. Зы унагъуэшхуэм щыща республикэхэр щхьэхуэ хъуащ. Псом хуэмыдэу щытыкIэ гугъу ихуар, дауи, зауэлIхэрщ. Абыхэм ята  тхьэрыIуэ. Дзэ къулыкъущIэм и дежкIэ тхьэрыIуэм нэхърэ нэхъ лъапIэ щыIэкъым. Абы къокI апхуэдэ псалъэр зэптам псэр пытыхукIэ ухуэпэжын хуейуэ.
1991 гъэм советыдзэм генерал 1939-рэ хэтащ. Абыхэм я проценти 3-рщ Украинэмрэ нэгъуэщI республикэхэмрэ щIэрыщIэу тхьэрыIуэкIэ еувэлIэжар. Адрей процент 97-р СССР-м и щIэблэ Урысейм къыхэнащ. Ахэр яхуикIуэтакъым хамэ хъуахэм егъэлеяуэ къытракъуза, уеблэмэ, къагъэшынэну хущIэкъуа пэтми. Зэманыр хэплъэгъуэт. 90 гъэхэм я пэщIэдзэм Москварэ Киеврэ яужь ихьащ Тенджыз флотыр зэхуагуэшыну. АрщхьэкIэ абы и унафэщI Касатонов Игорь ар имыдэу ткIийуэ къэуващ. Украинэм и президент Кравчук Леонид хуабжьу къигъэпIащIэрт, ауэ Кремлым «хъуни» «мыхъуни» жимыIэу зрилъэфыхьырт.
ИкIэм-икIэжым 1992 гъэм щIышылэм и 3-м Кравчук флотым хуигъэуващ Украинэм тхьэрыIуэ хуитыну. Ар имыдэу Касатоновым дзыхьщIыгъуэджэ лъэбакъуэ ичащ: жиIащ ар Урысейм ейуэ. Пэжу, къигъэгугъащ, матросхэр зи щIыналъэм щыIэ къэралым хуэпэжыну. ТхьэрыIуэ ямыту! 
ИкIэм-икIэжым Кравчук УФ-м и президент Ельцин Борис хуигъэуващ къыхуэмыгъэш Касатоновыр и къулыкъум тригъэкIыну. Ар Ельциным игъэзэщIащ: Касатоновыр Москва яшэжри, Урысейм и ВМФ-м и Iэтащхьэм и япэ къуэдзэ ящIащ.
Ар зэрихъуэкIащ апхуэдэ дыдэу къызэфIэмыщIэ адмирал Балтин Эдуард. Киев абыи хуигъэлъэгъуащ Украинэм хуэпэжыну тхьэрыIуэ итыну. КуэдкIэ къигъэгугъат: «президентым и улахуэм хуэдиз» иратыну, Украинэм и флотым и унафэщI нэхъыщхьэу ягъэувыну, Севастопольрэ Киеврэ фэтэр зыкъизыххэр щыхухахыну, хэбгъэзыхьмэ, жэмхэр, мэлхэр, кхъуэхэр куэду зытет фермэшхуи тыгъэ къыхуащIыну. АрщхьэкIэ Балтиным жэуап яритыжащ: «Сэ урыс офицерым и щIыхьыр украин      кхъуэлкIэ схуэхъуэжынукъым». Гугъу ирагъэхьа иужь ари Севастополь къыдагъэкIащ. Абы щыгъуэми, къытезыкъузэр Кравчук и закъуэтэкъым: Ельцинми абы жриIэрт «къэралхэр зэщимыгъэIеин папщIэ» кхъухьхэр ягуэшыну. Балтиным куэдкIэ и фIыгъэщ тенджыз ФIыцIэ флотыр Урысейм къызэрыхуэнэжар. Апхуэдэ щапхъэхэр гъунэжщ: генерал-полковник Чечеватов Виктори, полковник Анакидзе Тимури дыщэ кърагъэлъэлъэхыну къагъэгугъат, арщхьэкIэ яхутечакъым. Абыхэм я щапхъэм ирикIуащ иужькIэ Украинэм ей хъуа Киев, Одессэ, Прикарпатье дзэ округхэм къулыкъу щызыщIа офицер минипщIхэр.
 АрщхьэкIэ нэгъуэщIхэри къахэкIащ…
Дэ дощIэж 2024 гъэм и дыгъэгъазэр. А мазэм украин националистхэр Белгород областым и гъунапкъэхэм къебгъэрыкIуащ. Киев и кхъухьлъатэхэмрэ дронхэмрэ щIыналъэм лагъымхэмрэ шэхэмрэ къытрагъэлъалъэрт. Къуажэхэм зы урысей зауэлIи зы топи дэмыт пэтми.
 Къыдэна цIыхухэм щIыунэ щIыIэхэм зыщагъэпщкIурт. Абыхэм яхэтащ илъэс 87-рэ зи ныбжь Кривоножкэ Прасковье. Жьы дыдэ хъуа цIыхубзыр и гум епхъуэрт лагъымхэр къэуэху. Абы инфаркт тIэу иIат. Ещанэм къелакъым. Ар щIалъхьэжащ и къуажэгъухэм.  
ВСУ-м и бомбэхэр ялъэIэсащ Шебекинэ районым и нэгъуэщI жылэхэми. Кхъухьлъатэхэм ягъэзащIэрт Украинэм и дзэ-хьэуа къарухэм я Iэтащхьэ генерал-лейтенант Кривоножкэ Анатолий, мис а фызыжь лIам и къуэм, и унафэр. Сыту пIэрэ а цIыхур зэгупсысар езым сабийуэ шкIэхэр щигъэхъуа, и ныбжьэгъу цIыкIухэм щадэджэгуа щIыналъэм езым и кхъухьлъатэхэр щытригъэуам? Абы жэуап ептыну гугъущ, арщхьэкIэ ар хузэфIэкIынущ «и къалэнхэр фIыуэ зэригъэзащIэм къыхэкIыу» Зеленскэм Украинэм и лIыхъужьым и вагъуэр, Галицкий Даниил и орденыр, Хмельницкий Богдан и орденитI зэрыритар къэбгъэлъагъуэмэ. Абы къыфIэIуэхуакъым украин бомбэу 46-мрэ топышэ 98-мрэ зы махуэ закъуэм - шыщхьэуIум и 8-м цIыху мамырхэу пщIыхэм (сабийхэри яхэту) я гъащIэр зэрихьар: къулыкъур нэхъапэщ…
 Къулыкъур къыхихащ Владимир областым къыщалъхуа Сырский Александри. Абы и адэ-анэри, и къуэшри мы зэманым а щIыналъэм щопсэу. Езыр Москва дэт дзэ училищэ нэхъыщхьэр къиухащ, абы тхьэрыIуэ щитащ, хэбгъэзыхьмэ, парадми хэтащ.
АрщхьэкIэ 1992 гъэм Украинэм и щIыналъэм къулыкъу щищIэу ВСУ-р къызэрагъэпэщырти, мыгупсысэххэу абы хыхьащ икIи Украинэм щIэрыщIэу тхьэрыIуэ хуитащ «хуэпэжыну икIи ар ихъумэну». Иджы езым и лъахэгъухэм къозэуэж. И мурадыр къехъулIащ - Украинэм IэщэкIэ зэщIэузэда и къарухэм я унафэщI нэхъыщхьэщ. Ар езым и лъахэгъухэм я мызакъуэу украин зауэлIхэми ялъагъу хъуркъым, гущIэгъу гуэри зэрыхэмылъым къыхэкIыу.
ГущIэгъуэншагъэкIэ зыщытхъужыфынущ Украинэм и дзэ-тенджыз къарухэм я унафэщIу щыта вице-адмирал Кожин Бориси, Псков областым къыщалъхуар. Москварэ Киеврэ тенджыз ФIыцIэ флотыр щагуэшым Кърым дзэ-тенджыз базэм и Iэтащхьэу щытащ. Фадэм зэрыдихьэхам къыхэкIыу дзэм къыхахужынымкIэ шынагъуэ къылъысат. АрщхьэкIэ Киев офицерхэр зришалIэу щызэхихым и Iуэху къыщикIынур къищIащ. Ар дзэ-тенджыз къарухэм я Iэтащхьэ ящIащ. Иджы Украинэм и хэкупсэу зегъэпIий, сыт щыгъуи Киев и жьауэм щIэтщ.
ТхьэрыIуэ тIэу зытахэм къахэхутащ генерал Наев Сергеи. Абы и Iуэху къикIащ: советыдзэм взводым щиунафэщI къудейти, Украинэм тхьэрыIуэ хуита иужь генерал-лейтенант, ВСУ-м и Штаб нэхъыщхьэм и унафэщIым и къуэдзэ хъуащ. Къулыкъу къыдэзыщIахэм зэрыжаIэмкIэ, Наевыр укIытакъым етIуанэу тьэрыIуэ щитым, абы и Хэкур тынш дыдэу ихъуэжащ.
 Зэрытлъагъущи, апхуэдэхэри щыIащ, арщхьэкIэ, ипэкIэ зэрыщыжытIащи, ахэр егъэлеяуэ мащIэщ. Нэхъыбэ дыдэр Урысейм хуэпэжу къэнэжащ.    

 

Цекъу ПIатI.
Поделиться:

Читать также: