ЦIыхугъэр ныпу къыщхьэщыту
«ЦIыху Iей темыту мы дунейм ущыпсэуну сыт и уасэт!» – жиIащ усакIуэм. АрщхьэкIэ гъащIэр гъащIэщ. Емрэ фIымрэ щызэпэщытщ, щызопщэфыIэ, щызозауэ. Аращ дунейр къызэрыунэхурэ – мыхъумыщIагъэм и жылэр тезысэхэмрэ фIыр, дахагъэр зыгъэбагъуэхэмрэ зэныкъуэкъу зэпымыужыр ирагъэкIуэкI. Ауэ щыхъукIэ, зи гуращэр дахэ, зи акъылыр нэху цIыху щыпкъэхэр мынэхъыбамэ, дунейр кIыфIыгъэм щIэтIысыкIынт. Апхуэдэхэм къагуроIуэ гъащIэм нэхърэ нэхъ лъапIэ зэрыщымыIэр, зы гъащIэ фIэкIа зримыта цIыхум ар насыпыфIэу, IэфIагъыу щыIэ псомкIи зигъэнщIу ирихьэкIын зэрыхуейр. Апхуэдэхэм яхузэфэкIыркъым щIым щекIуэкI псори псэкIэ ямыгъэвын, хамэ гуауэр езым ейм ещхьу зыхамыщIэн. Аращ мы дунеижь нэмыщIысар зэтес щIыным, ар, сыт хуэдизкIи егъэфIэкIуауэ, щIэблэм къахуэгъэнэным я гуащIи щIэныгъи щIрахьэлIэр. Апхуэдэ цIыху щэджащэхэм ящыщ зыщ си къуажэгъу, си нэхъыжьыфI, и жылэгъухэм я мызакъуэу, республикэ псом пщIэрэ щIыхьрэ щызиIэ Къущхьэ Амырхъан. Зауэ нэужь зэман гугъум зи сабиигъуэр хиубыдахэм къазэрыщхьэщыкI щыIэкъым Амырхъан и къекIуэкIыкIар. Ар 1945 гъэм Аушыджэр щыщ адыгэ мэкъумэшыщIэ унагъуэм къыщалъхуащ. 1964 гъэм, къуажэ школыр къиуха нэужь, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и инженерно-техническэ факультетым щIотIысхьэ. КъыщIашри, дзэм къулыкъу щищIэну ираджэ. Къегъэзэжри, еджэным пещэж. 1972 гъэм инженер-механик IэщIагъэр иIэу, университетыр къеух. 1972-1980 гъэхэм Къущхьэм IэнатIэ зыбжанэ ирихьэкIащ: Бахъсэн «Лимб» заводым, «Мэкъумэш техникэм» и Налшык IуэхущIапIэм щолажьэ; иужьрейм и унафэщIу 1976 гъэм ягъэув. А илъэсхэм Амырхъан хузэфIэкIащ зи пашэ IуэхущIапIэр Урысейм щынэхъыфIхэм яхригъэбжэн. ЗэрыунафэщI IэкIуэлъакIуэр, мэкъумэш Iуэхум фIыуэ зэрыхищIыкIыр, и пащхьэ къиувэ къалэнхэр гъэзэщIэным къызэрыпимыкIуэтыр къалъытэри, 1980 гъэм «Лэскэн» совхозым унафэщIу ягъакIуэ. ИлъэсихкIэ абы щыIауэ, зыщалъхуа къуажэм 1986 гъэм къегъэзэж, «Аушыджэр» экспериментальнэ хозяйствэм и директору. Зэман кIэщIым къриубыдэу Амырхъан хузэфIэкIащ къыкIэрыхуу щыта а хозяйствитIми я Iуэхухэр зэтриублэжын, пашэхэм ялъэщIигъэхьэжын. Политикэм куууэ хэзыщIыкI, Iуэхум хуэерыщ, нэхъыжь и псалъэм фIэлIыкI, гъавэмрэ берычэтымрэ къызыпкърыкI щIым лъагъуныгъэшхуэ хузиIэ цIыху зэпIэзэрытщ Амырхъан. Шэч хэмылъу, а хьэл-щэныфIхэр къалъытащ 1987 гъэм КъБАССР-м и Къэрал Агропромышленэ комитетым и унафэщIым и къуэдзэу, итIанэ и япэ къуэдзэу, иужькIэ ди республикэм мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министру ар щагъэувым. А илъэсхэм сэ мызэ-мытIэу къысхуихуащ Къущхьэм и лэжьэгъухэм IуэхукIэ сахуэзэну. «УнафэщI IэкIуэлъакIуэщ, цIыхугъэшхуэ зыхэлъщ, и псалъэмрэ и Iуэхумрэ зэтохуэ, сыт хуэдэ жэрдэмыщIэри къыбдиIыгъынущ, ауэ уи IэнатIэм Iэпэдэгъэлэлу ухущыту къыпхуидэнукъым», – зэгурыIуам ещхьу, зыжьэу жаIэрт абыхэм. ГурыIуэгъуэщ апхуэдэ псалъэ дыгъэлхэр япэ къэсым зэрыхуамыгъэфащэр, ар уи Iуэху бгъэдыхьэкIэкIэ, уи хьэл-щэнкIэ, уи цIыху хэтыкIэкIэ къэблэжьыжауэ щытын зэрыхуейр. И къулыкъу нэхъыщхьэм къыдэкIуэу, Амырхъан цIыхум яхуэщхьэпэн нэгъуэщI лэжьыгъэхэри иригъэкIуэкIащ. И дэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэхэм защIигъакъуэрт, псом хуэмыдэу, сабийхэм, жьыкIэфэкIэхэм, ныкъуэдыкъуэхэм яхуэгупцIанэт. Сигу ихужыркъым зэгуэрым дызэпсэлъылIэу абы къызжиIэгъар: «ЦIыхум сэбэп ухуэхъуну уи зэфIэкIым къитIасэмэ, сыт ущIыхуэмыхъунур? Сэ зыгуэрым сыдэIэпыкъумэ, гухэхъуэ согъуэт, абы щхьэкIэ фIыщIи щытхъуи сыхуейкъым». Апхуэдэу жызыIэфынур, апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэ зиIэфынур, шэч хэмылъу, гушхуэ зыкIуэцIылъ цIыху щыпкъэрщ. И дуней еплъыкIэм и гугъу пщIымэ, псом япэ игъэщыпхъэщ цIыхур зэхэгъэж зэримыщIыр. Зыщыщ лъэпкъым, и къулеягъым, и диным емылъытауэ, абы фIэлъапIэщ цIыху нэсым и хьэл-щэнхэр зыдэплъагъу дэтхэнэри. Захуагъэр, псэ къабзагъэр зыпищI щыIэкъым, гъэпцIагъэмрэ нэмыукIытагъэмрэ игу техуэркъым. Спортыр, псом хуэмыдэу шыгъажэмрэ футболымрэ, фIыуэ елъагъу, тхылъ еджэну фIэфIщ, тхыдэм дехьэх, щIэныгъэм, искусствэм, культурэм я лэжьакIуэхэм, щIым и берычэтыр зыгъэбагъуэ мэкъумэшыщIэхэм пщIэшхуэ яхуещI. Амырхъан ди республикэм и «Спартак» футбол клубым и президенту зэрыщытам, спорт Iуэхухэр егъэфIэкIуэным, ди футболым и щIыхьыр къэIэтыжыным теухуауэ куэд зэрызэфIигъэкIам псори щыгъуазэщ. Абы имызакъуэу, Къущхьэм и фIыщIэшхуэ хэлъщ ди шууейхэм, бэнакIуэхэм, боксёрхэм илъэс зэхуэмыдэхэм ехъулIэныгъэшхуэхэр къызэрахьам. ПсалъитI-щы жысIэнут и адэ-анэм ятеухуауэ. Зи нэгур гуапэу зэлъыIуха фызыжь угъурлыт Къентат, хьэблэми жылэми чэнджэщ щхьэпэ зыщагъуэт лIы зэпIэзэрытт ТIутIэ. Адрей Iэджэми ещхьу, я гуащIэ емыблэжу ахэр хэлэжьыхьащ колхозым, гугъуехь куэд ягъэващ зауэ нэужьым. Ауэ, сыт хуэдизу зэманыр мыхьэлъами, я бынхэр – Амырхъанрэ Мариерэ – зыхуей хуагъэзэну, адыгэ хабзэм щIапIыкIын, ирагъэджэн, гъуэгу тэмэм трагъэувэн яхузэфIэкIащ. «И анэм и гумащIагъэмрэ и адэм и зышыIэмрэ хэлъщ, хузэфIэкIымкIэ хэти дэIэпыкъуну хьэзырщ, зы дыуэщIи къанэркъым ар къэмыкIуэжу. Дыхуэарэзыщ», – апхуэдэ псалъэ гуапэхэр Амырхъан хужаIэ и къуажэгъу аушыджэрдэсхэм. Езыр къапщтэмэ, и къуажэжьыр зыпищI щыIэкъым. Уи адэ и пщIантIэжь нэхърэ нэхъ хуит, уи анэ и жьэгу пащхьэ нэхърэ нэхъ хуабэ зэрыщымыIэр куууэ зыхещIэ. Арауэ къыщIэкIынщ, къулыкъушхуэ щызэрихьа илъэсхэм, Налшык псэупIэ имыщIу, кIуэ-къэкIуэжу щIэлэжьар, и адэжь щIапIэр щIимыбгынар. Къуэпсыбэу щIым хэкIа жыгым а щIым и къэуат псор зыщIешэри, нэр пIэпихыу мэгъагъэ, пхъэщхьэмыщхьэ бэви къет. Ауэ жьуджалэр жьым зэрыхуейуэ губгъуэ нэщIым щызэрехьэ. Апхуэдэщ цIыхури. Зи адэжь лъапсэм, зи лъахэм, зи лъэпкъым, зи щIым гу къуэпскIэ епхарщ нэгъуэщIхэр фIыуэ зылъагъуфынур, цIыхум яхуэщхьэпэн Iуэхугъуэшхуэхэр зылэжьыфынур. Сэ Амырхъан изогъэщхь зи гугъу сщIа а жыг къуэпсыбэм. ГъащIэм сыт хуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр къыщымыхъуами – къэрал ухуэкIэмрэ цIыхухэм я зэхущытыкIэхэмрэ зыщахъуэжами, лъапIэныгъэ нэпцIхэр утыкум къыщиужьгъами – Амырхъан и лъым хэлъ гъэсэныгъэм хуэпэжу къызэтенащ. Напэр игъэнэхъапэу, захуагъэм и телъхьэу, дахагъэм игу хузэIухауэ ноби къогъуэгурыкIуэ ар. «Псым къегъуэтыж езым и жьапIэ, нэсыху тенджызым емызэш». Амырхъан хузэфIэкIащ, цIыхугъэр ныпу къыщхьэщыту, езым и кхъухь гъащIэ-тенджызым тригъэхьэну. Ди гуапэщ, жьапщи борэни зэран къыхуэмыхъуу, псэм и хъугъуэфIыгъуэ псомкIи – адыгагъэкIэ, напэкIэ, лIыгъэкIэ, гуапагъэкIэ, гущIэгъукIэ – гъэнщIа а кхъухь телъыджэр, щIэблэм я гъуазэу, иджыри куэдрэ, куэдрэ тенджыз гъунапкъэншэм тетыну. Зыгъэхьэзырар ИСТЭПАН Залинэщ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||





ФIыуэ плъагъу, зи лэжьыгъэ-IэщIагъэкIэ пщIэ зыхуэпщI, уи мызакъуэу къызыдэкIа жылэми къыщалъхуа щIыналъэми зи IуэхущIафэкIэ къыщащIэ цIыхум утепсэлъыхьыну, утетхыхьыну сытым дежи гуапэщ. Апхуэдэу «Iуащхьэмахуэ» журналым и редактор нэхъыщхьэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ Мыкъуэжь Анатолэ и къалэмыр къыхуищтащ я къуажэ Аушыджэр щыщ, республикэ псом пщIэрэ щIыхьрэ щызиIэ, зэман-зэманкIэрэ къулыкъу зэмылIэужьыгъуэхэр зыхуей хуэзэу езыхьэкIа Къущхьэ Амырхъан. Ди газетым и электроннэ къыдэкIыгъуэм тыдодзэ а тхыгъэр.