Лышх лIэужьыгъуэм и нэщэнэхэрФокIадэм и 15-м, Лимфомэм ебэнынымкIэ дунейпсо махуэм ирихьэлIэу, Лышх узыфэхэмкIэ медицинэ къэхутакIуэ IуэхущIапIэу Ростов къалэ дэтым къыдигъэкIащ «Лимфэмрэ лъы къэзыгъэщI системэмрэ лышх къазэреуэлIам и нэщэнэхэр» тхылъыр. - Лимфэмрэ лъы къэзыгъэщI системэмрэ лышх къазэреуэлIам и нэщэнэ нэхъыщхьэу къалъытэ лимфэ шыкъырхэр бэгамэ, плъыржьэрмэ, щIыфашхэмэ, щIыIэтехьэгъуэм щIидзамэ, жэщкIэ упщIантIэмэ, уэд ухъуамэ. Мы къедбжэкIахэм ящыщ дагъуэ фиIэмэ, кIыхьлIыхь зывмыщIу терапевт, онколог е гематолог зэгъэплъын хуейщ, - жеIэ Лышх узыфэхэмкIэ медицинэ къэхутакIуэ IуэхущIапIэу Ростов къалэ дэтым и унафэщI Кит Олег. Лимфэ системэм къепхауэ лышх лIэужьыгъуэ зыбжанэ щыIэщ: Ходжкин и лимфомэ, миеломэ, лимфолейкоз, лейкоз, нэгъуэщIхэри. Мыбыхэм Урысейм щытепщэ лышх узыфэхэм еханэ увыпIэр щаIыгъщ. Лимфэмрэ лъы къэзыгъэщI системэмрэ лышхым иубыдынкIэ хъунущ, ар лъэпкъ узу унагъуэм яIэмэ. КъищынэмыщIауэ, а узыфэ шынагъуэр «ирагъэжьэфынущ» инфекцэ зэмылIэужьыгъуэхэм: мононуклеоз, цитомегаловирус, герпес, гепатит, нэгъуэщIхэми. Сакъын хуейщ зи тхьэмщIыгъур, гур, жьэжьейхэр нэгъуэщIым къыпкърахыу зыхуахъуэжахэр, ВИЧ зиIэхэр. Мысник Аллэ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




