Къэрал гулъытэм ахъшэ дэщIыгъущ

МСП.РФ-м бжыгъэ лъабжьэ зиIэ и интернет платформэр къагъэсэбэпу Урысей Федерацэм хьэрычэт IэнатIэ мащIэмрэ курытымрэ (МСП) хэт и IуэхущIапIэхэм грантрэ субсидиеу 600-м щIигъу къахуеIыхынущ, псори зэхэту сом мелард 14,5-рэ хъууэ. Ахэр къабгъэдэкIынущ къэралым, щIыналъэхэм, муниципалитетхэм я ведомствэхэмрэ IуэхущIапIэхэмрэ.

Хьэрычэт IэнатIэ мащIэмрэ курытымрэ апхуэдэ Iэмал ягъуэтащ МСП.РФ-м и порталымрэ УФ-м ФинансхэмкIэ и министерствэм къэрал дэIэпыкъуныгъэхэмкIэ и къудамэмрэ зэхыхьэжа нэужь. НобэкIэ, субсидиерэ гранту трагуэшэну ахъшэм и куэдагъыр сом мелард 14,5-рэ мэхъу.

 «МСП.РФ-м бжыгъэ лъабжьэ зиIэ и платформэм и фIыгъэкIэ, хьэрычэтыщIэхэм «зы щхьэгъубжэм» деж къащыхуэщIэнущ къэралым и IэнатIэхэм щыщыIэ субсидиехэмрэ грантхэмрэ ятеухуа хъыбархэмрэ абыхэм щыщу ахэр зыхыхьэфынухэмрэ», - жиIащ МСП Корпорацэм и унафэщI Исаевич Александр.

Къэрал дэIэпыкъуныгъэхэр ягъуэтыным ехьэлIауэ хьэрычэтыщIэхэм лъэIухэр интернеткIэ къеIызых къэрал къулыкъущIапIэхэмрэ IуэхущIапIэхэмрэ я бжыгъэр нэхъыбэ хъу зэпытщ, абы къыдэкIуэу, езы къэрал дэIэпыкъуныгъэхэм я куэдагъми къыхохъуэ, къыщыхагъэщащ МСП Корпорацэм.

МСП.РФ-м бжыгъэ лъабжьэ зиIэ и платформэмкIэ хьэрычэтыщIэхэм къахуэщIэнущ сыт хуэдэ IуэхущIапIэм сыт хуэдэ унэтIыныгъэхэм ехьэлIауэ субсидиехэмрэ грантхэмрэ итми, езыхэм я ахъшэ хилъхьэн хуейми, абы щхьэкIэ ягъэхьэзырыну дэфтэрхэм теухуа хъыбархэр, щылажьэ IэнатIэхэр ахэр зратхэм зэрыхуэкIуэр, лъэIухэм зэрыхэплъэ щIыкIэхэмрэ щыхэплъэну махуэхэмрэ, нэгъуэщIхэри.

 НобэкIэ, Урысей Федерацэм Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм ахъшэ дэIэпыкъуныгъэхэр ярет къэралым и щIыналъэхэм ящыщу I0-м я мэкъумэш IуэхущIапIэхэм. Псалъэм и хьэтыркIэ, абы хохьэ мэкъумэш къэкIыгъэхэмкIэ, Iэщ, бдзэжьей гъэхъун, псыщIэгъэлъадэ IэнатIэхэр страхованэ щIыныр, мэкъумэш, уней IуэхущIапIэхэм зегъэужьынымрэ зегъэубгъунымрэ, хуабэщхэм трагъэкIуэда мылъкур етыжыныр, дзэ Iуэху хэхам хэтхэмрэ ветеранхэмрэ «Агромотиватор» грантыр етыныр, мэкъумэш-промышленнэ комплексым хыхьэ IуэхущIапIэхэр къыщызэIуахын щхьэкIэ.

Апхуэдэуи МСП.РФ-м и интернет платформэмкIэ къыпхуэщIэнущ УФ-м Промышленностымрэ сатумкIэ и министерствэм робототехникэмрэ станокхэр къыщIэгъэкIынымкIэ и IэнатIэхэм худэчых зыхэт кредитхэр зэрырат щIыкIэм теухуа хъыбархэр. Лэжьыгъэ IэнатIэм къыщагъэсэбэп оборудованэхэр къэзыщэхуа IуэхущIапIэхэр (лизингри хэту) щIыналъэхэм къыщыхах абыхэм трагъэкIуэда мылъкум и Iыхьэ гуэрхэр иратыжын папщIэ.

УФ-м Лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ къащхьэщыжынымкIэ и министерствэм щIыналъэхэм субсидие ахъшэ яхуеутIыпщ, лэжьыгъэ IэнатIэхэр ныкъуэдыкъуэхэм къахузэзыгъэпэща IуэхущIапIэхэм, абыхэм улахуэу иратын папщIэ. УФ-м Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм финанс дэIэпыкъуныгъэхэр ярет щIыналъэхэм я туризм IэнатIэхэмрэ хьэрычэт щIэн Iуэхум хыхьэн мурад зиIэхэмрэ, УФ-м Ухуэныгъэмрэ ЖКХ-мкIэ –  фэтэр куэду зэхэт унэхэр къызыхуэтыншэу къызэрагъэпэщыжын папщIэ.

 НАУРЫЗ Мысост.

 

 

Поделиться:

Читать также: