Ди ерыскъыхэмкIэ къыдахьэх

 «WorldFood Moscow» фIэщыгъэр зэрихьэу ерыскъыхэкIхэм я 34-нэ дунейпсо гъэлъэгъуэныгъэ Мэзкуу къалэм и «Крокус Экспо» хэщIапIэм щекIуэкIащ фокIадэм и 16 - 19-хэм . Хабзэ хъуауэ, илъэс къэс цIыху куэд щызэхуэс мы щIыпIэм мы гъэм кърихьэлIащ икIи я зэфIэкIхэр щагъэлъэгъуащ хамэ къэрал 30-м, УФ-м и щIыналъэхэм ящыщу 60-м я IуэхущIапIэ 1100-м щIигъум.

Къэбэрдей-Балъкъэрым зэхуэсышхуэм игъэкIуащ ерыскъыхэкIхэм елэжь и IуэхущIапIэу 3, КъБР-м Экспортыр дэIыгъынымкIэ и центрыр къыдэIэпыкъуу, КъБР-м Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм и нэIэ щIэту.

Республикэм и стендым къыщыгъэлъэгъуат «Лэгъупыкъу» IуэхущIапIэм и продукцэр. Илъэс зыбжанэ хъуауэ пхъэщхьэмыщхьэпсхэр, хадэхэкIхэм, къыхэщIыкIахэр къыщIегъэкI абы. ЕтIуанэм, «Сириус-М»-м, игъэлъэгъуащ и бэдрэжан пIастэмрэ майонезымрэ. Ашуровэ Нинэ игъэлажьэ, «Фрутопьяно» фIэщыгъэр зезыхьэ уней IуэхущIапIэм мэрэзей лIэужьыгъуэхэр къыщIегъэкI икIи езым ахэр ещэж.

 Гъэлъэгъуэныгъэм хэта ди лIыкIуэхэм хамэ щIыналъэхэм я сату щIыпIэ инхэм, опт, розницэ сатум хэтхэр зрагъэцIыхуащ, къыщIагъэкI продукцэхэмрэ зэрызэдэлэжьэну щIыкIэхэмрэ теухуауэ абыхэм епсэлъащ.

Мэзкуу къалэм щыIахэм мылъкукIэ защIигъэкъуащ КъБР-м ЭкспортымкIэ и центрым. Гъэлъэгъуэныгъэм хэтын папщIэ абы щIатын хуея пщIэр, бэджэнду къащта стендымрэ обрудованэхэмрэ, нэгъуэщIхэми я уасэхэр яхуитащ.

Ар яхузэфIэкIащ «Зэхьэзэхуэр зи лъабжьэ экономикэ лъэщ» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэ «Хьэрычэт IэнатIэ мащIэмрэ курытымрэ» къэрал пэхуэщIэм и фIыгъэкIэ.

АЛЫДЖЫКЪУЭ Руслан.

 

Поделиться:

Читать также: