2030 гъэхэм я пэщIэдзэм Марсым

Ди Дыгъэм къыпыщIа уафэщIхэм ящыщу дыщыпсэу ЩIы Хъурейм нэхъ ирагъэщхьу икIи тIэкIу нэхъ къытпэгъунэгъуу уахэм къыщызылъэтыхьыр Марс планетэрщ.

АтIэ, мис а уафэщIым астронавтхэр щрагъэтIысэхынымкIэ гугъэ телъыджэхэр зиIэщ США-м хьэршыр джынымрэ къэгъэIурыщIэнымкIэ я IуэхущIапIэ нэхъыщхьэхэм щылажьэхэм.  

А гугъэ къызэрымыкIуэм зыхуэгъэпсыным хуэгъэзауэ, Америкэм и щIэныгъэлIхэм астронавтхэр Марсым хуаутIыпщын папщIэ япэ игъэщыпхъэ Iуэхугъуэу къалъытар «уахэрыкIуэхэр» ди планетэм куэдкIэ нэхъ и гъунэгъу икIи къыдэзылъэтыхь Мазэм щрагъэтIысэхыу, абдежым ахэр адэкIэ езыгъэIэпхъуэкIыфын хэщIапIэхэр щегъэухуэнырщ.   

США-м уахэм телажьэ и щIэныгъэлIхэм 2030 гъэхэм я пэщIэдзэм астронавтхэр Марсым хуаутIыпщыну зэрамурадым теухуауэ утыку зэIухам япэу къыщыпсэлъар а къэралым ТранспортымкIэ и министр, абы къыдэкIуэуи, Аэронавтикэмрэ хьэршыр джынымкIэ и лъэпкъ IэнатIэм (НАСА) и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Даффи Шонщ.

«ЩIы Хъурейм къыдэгъуэгурыкIуэ Мазэм щыдухуэну къытпэщылъ «тэхъуанэм» ехьэлIапхъэ пкъыгъуэхэр а уафэщIым и гущIыIум щегъэтIылъэхын Iуэхур куэд дэмыкIыу щIэддзэнущ. Ар япэ ичыгъуэщ, абдежым 2030 гъэхэм я пэщIэдзэм тедгъэлъэтыкIыну астронавтхэр Марсым хуэунэтIа зэрыхъунум щыхуэдгъэхьэзырын папщIэ, - егъэбелджылы Даффи Шон. - Апхуэдэ зекIуэ мытыншым, къызэрыдбжамкIэ, я нэхъ мащIэрауэ, мазий текIуэдэнущ. Ди мурадщ, гъэ дызыхуэкIуэм и мэлыжьыхьым ди уахэрыкIуэхэм ящыщу цIыхуиплIыр зэрысыну кхъуафэм япэщIыкIэ Мазэм гъунэгъу зыхуедгъэщIу, ихъуреягъыр къедгъэлъэтыхьыну, къыкIэлъыкIуэ лъэбакъуэуи, мызэкIэ зызыхуагъэпса, нэхъ ди гъунэгъу а уафэщI цIыкIум и щхьэфэм щедгъэтIысэхыну. Щеувэха иужькIи, псори зэхэту, Мазэм зэрытетыну махуи 8-м къыщыщIэдзауэ I2-м нэсыхукIэ, лэжьыгъэ гуэрхэр и гущIыIум щредгъэкIуэкIыну. АтIэми, илъэс пщIы бжыгъэ ипэкIэ Мазэм щедгъэтIысэхауэ щыта астронавтхэр нэхъыбэ дыдэу абы зэрытетар махуищ иримыкъущ». 

Даффи нэхъапэхэми жиIэгъат, Америкэм иджырей и Президент Трамп Дональд зэрытетыну иужьрей и пIалъэр имыух щIыкIэ, я уахэрыкIуэхэр Марсым щрагъэтIысэхын зэрамурадыр, апхуэдэ щIыкIэкIи, «етIуанэ хьэрш зэпеуэ» зыфIащар NASA-м кърагъэхьэхун зэрагугъэр.

ЗэрыгурыIуэгъуэщи, куэдым зи цIэр щIэх-щIэхыурэ зэхэтх хьэрычэтыщIэ къызэрымыкIуэ Илон Маски ящыщщ (адрейхэм япэ имыщамэ), зэман мыжыжьэм къриубыдэу, цIыху зэрыс кхъуафэхэр Марсым хуаутIыпщын зэрыхуейм ехьэлIауэ шэч къытезымыхьэхэм.

ТIэкIу нэхъапэIуэкIэ а хьэрычэтыщIэм жиIам тетщIыхьмэ, езыр зи унафэщI SpaceX компанием щылажьэхэр куэд щIауэ яужь итщ Starship хьэршырыкIуэ кхъуафэхэм ящыщу, ищхьэкIэ зи гугъу тщIа пIалъэм къриубыдэу, бэIутIэIуншэрэ тыншу цIыхухэр мазийм къриубыдэу зэрысыфынур зыхуэдэр зэхэгъэкIыным. Апхуэдэ уахэрыкIуэ кхъухьхэм я «шуупэ гъуазэр», Optimus роботхэр ядэщIыгъуу, 2026 гъэм и щэкIуэгъуэ-дыгъэгъазэ мазэхэм нэхъ фIамыгъэкIыу Марсым хуаутIыпщыфынкIэ гугъэшхуэхэр зэраIэри къыхигъэщат Маск Илон. Пэжщ, а псом къадэкIуэуи жиIат зыхуагъэувыжа «пщэрылъ» къызэрымыкIуэр а пIалъэ кIэщIым къриубыдэу зэбгъэхъулIэныр ауэ сытми Iуэху цIыкIуфэкIуу зэрыщымытри, зыпэмыплъа къэхъукъащIэхэр къыкъуэкIынкIэ зэрыхъунур къалъытэмэ…

Зи гупсысэкIэм зэпIэзэрытагъэрэ зэпэшэчагъэрэ нэхъ къыхэзыгъахуэ IэщIагъэлIхэмрэ щIэныгъэрылажьэхэмрэ мурад «дахэр» зэгъэхъулIэнымкIэ Iэмал нэхъыфIу къалъытар дызыдэбжэ илъэси 3,5-м и кIуэцIкIэ ягъэхьэзырыну зытраухуа кхъуафэм япэщIыкIэ цIыху ирамыгъэтIысхьэу, Марсым утIыпщауэ, абы къыкIэлъыкIуэ илъэситIыр дэкIа иужь, нэгъуэщIу жытIэмэ, 203I гъэм ирихьэлIэу, астронавтхэр «гублащхьэдэс» зыхуащIа уахэрыкIуэр зыхуэхъуапсэ гъуэгу жыжьэм трагъэхьэнырщ.              

АтIэми, языныкъуэ щIэныгъэлIхэр зэрегупсысымкIэ, США-м и унафэщIхэмрэ уахэм пыщIа и IэщIагъэлIхэмрэ хьэршырыкIуэ кхъуафэр 2030 гъэхэм я пэщIэдзэм Марсым хуаутIыпщынымкIэ гугъэ IэфIхэр зэраIэр, я нэхъ мащIэрауэ, щхьэгъэпцIэж Iуэхуу къыщIэкIынри зыхуэIуа щыIэкъым...

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

Читать также: