ЦIыхухэм я тыншыпIэ, зыгъэпсэхупIэ

 Лэскэн щIыналъэм хыхьэ Аргудан къуажэм цIыхухэр куэду щызэхуэс хъу зыгъэпсэхупIэщIэ мы махуэхэм жыджэру щаухуэ. Абы хэтынущ спорт утыку Iэхуитлъэхуитхэр, сабий джэгупIэхэр, физкультурэм щхьэкIэ турникхэмрэ нэгъуэщI Iэмэпсымэхэмрэ.

Къуажэм и «Бедик» стадионым пэгъунэгъуу щаухуэну а щIыпIэм метр зэбгъузэнатIэ мини 8,5-рэ ирагъэубыдынущ икIи ар зэIузэпэщ ящIа нэужь, сабийхэми, щIалэгъуалами, нэхъыжьыфIхэми зыщагъэпсэхуфынущ щхьэж зэрыфIэфIым хуэдэу, абы щхьэкIи, зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ къызэгъэпэщауэ ар щытынущ.

 Лэжьыгъэхэр щекIуэкI щIыпIэм лъэс лъагъуэхэм плиткэхэр иджыпсту иралъхьэ, цIыхухэм я шынагъуэншагъэр къызэрагъэпэщу, IэрыщI «алэрыбгъу» щабэхэр спорт утыкухэм иралъхьэ. ИужькIэ, тетIысхьэпIэхэмрэ кIэрыхубжьэрыху идзыпIэхэмрэ щагъэувынущ, сабий джэгупIэхэр иджырей уэздыгъэхэмкIэ къызэщIагъэнэхуэнущ.

 Аргудан къуажэм дэсхэм апхуэдэ зыгъэпсэхупIэ зэIузэпэщыр яIэнущ «ПсэупIэмрэ къалэ щыIэкIэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэ «Къалэдэсхэм я тыншыпIэр къызэгъэпэщын» къэрал программэм и фIыгъэкIэ.

  АЛЫДЖЫКЪУЭ Руслан.

 

 

Поделиться:

Читать также: