Лъэпкъым дежкIэ уасэншэ

Мы гъэм илъэс 25-рэ мэхъу «Си бзэ-си псэ, си дуней» зэпеуэр зэрырагъажьэрэ. Абы и лъэбжьэр зыгъэтIылъа къэпщытакIуэхэмрэ къызэгъэпэщакIуэхэмрэ Кенжэ дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм щызэIущIащ. Ди республикэм и егъэджакIуэ нэхъыжьыIуэхэмрэ нэхъыфIхэмрэ зэхуэзышэсар «Си бзэ – си псэ, си дуней» зэпеуэр илъэс 20-м нэс езыгъэкIуэкIа, а зэманым къриубыдэу КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм лъэпкъыбзэхэмкIэ и къудамэм адыгэбзэмрэ литературэмрэ и нэIэ щIэту лэжьа, УФ-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Балэ Людмилэщ.

Зэхуэсым хэтащ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэу илъэс 20-м щIигъукIэ лэжьа ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, композитор цIэрыIуэ ХьэIупIэ ДжэбрэIил, «Эльбрус» тхылътедзапIэм и унафэщI, усакIуэ Ацкъан Руслан, а IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ, усакIуэ Джэрыджэ Арсен, «Къэбэрдей-Балъкъэр» КъТРК-м и унафэщIу лэжьа, журналист цIэрыIуэ Къэзанш Людмилэ, КъБКъУ-м и Социально-гуманитарнэ институтым Адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и кафедрэм и егъэджакIуэ УнэлIокъуэ Вячеслав, Кенжэ къуажэ администрацэм и Iэтащхьэ Стэпан Эдуард, егъэджакIуэхэр, къэпщытакIуахэр, къызэгъэпэщакIуэхэр, журналистхэр.

Лэжьыгъэм, щIэныгъэм, IэщIагъэм зэныбжьэгъу зэхуищIа гуп дахэр гуапэу зэбгъэдэсащ а махуэм, лъэпкъым нэхъ лъапIэ дыдэу иIэ и анэдэлъхубзэр хъума зэрыхъунум, зэрызегъэужьыпхъэм, щIэблэм зэрыIурылъхьапхъэм теухуа гупсысэ куэд къыхалъхьэу, «Си бзэ – си псэ, си дуней» зэпеуэм и къежьапIэмрэ нобэ зытет гъуэгу дахэмрэ тепсэлъыхьыжу.

Ар езышэжьа ХьэфIыцIэ Мухьэмэд жиIащ 1999 гъэм республикэ Iуэхуу ирагъэжьа «Си бзэ – си псэ, си дунейр» къызэрыгуэкI зэпеуэм и жыпхъэм икIыу, республикэпсо фестиваль-зэпеуэ хъуауэ иджыри зэрекIуэкIым ущымыгуфIыкIынкIэ Iэмал зэримыIэр.

- КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэмрэ «Адыгэ псалъэ» газетымрэ зэгъусэу къетхьэжьауэ щыта зэпеуэм и къалэн нэхъыщхьэр адыгэбзэр хъумэнырщ, ар щIэблэм яIурылъу къэгъэтэджынырщ, курыт еджапIэхэм гулъытэ нэхъыбэ щегъэгъуэтынырщ.

Зы гъэ еджэгъуэм къриубыдэу еджакIуэ I500-м нэблагъэ, школ 20-м щIигъу щыхэт щыIэт абы. Апхуэдэу IуэхуфIыр къыддащтащ Адыгэ Республикэми, Къэрэшей-Шэрджэсми, Шапсыгъми.

Сэ жысIэркъым, «Си бзэ – си псэ, си дуней» республикэпсо зэпеуэм бзэм зригъэужьу. Ауэ сабийхэр анэдэлъхубзэм хуэгъэушынымкIэ, адыгэ къафэм, макъамэм щIэпIыкIынымкIэ, хабзэр, тхыдэр егъэщIэнымкIэ, адыгэхэм зэрахьэу щыта Iэщэ-фащэхэр, хьэпшыпхэр, Iэмэпсымэхэр егъэцIыхунымкIэ зэхьэзэхуэм иIэ мыхьэнэр къыпхуэмылъытэным хуэдизщ.

КъищынэмыщIауэ, адыгэбзэр курыт школхэм зэрыщрагъэдж щIыкIэр егъэфIэкIуэныр, егъэджакIуэфIхэм я лэжьыгъэр гъэлъэпIэныр, ди бзэм и пщIэр къэIэтыжыныр ди мурад нэхъыщхьэти, хъарзынэу къыдэхъулIэрт. Иджыпсту ар КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм езым и пщэ дилъхьэжауэ ирегъэкIуэкIри, дакIэлъоплъ, дащогуфIыкI.

Зэпеуэу къежьэу фестивалым хуэкIуа Iуэху иныр зигу къэкIар Къэзанш Людмилэу зэрыщытар къыхагъэщащ псоми а махуэм. Людмилэ сыт хуэдэ утыку къихьэми жеIэ «Адыгэ псалъэр» и «дыщ жьантIэу» зэрыщытыр. Мис а дыщым къыщрихьэжьа Iуэху дахэт фестиваль-зэпеуэр.

- Апхуэдиз илъэскIэ а Iуэхур зи пщэ дэлъа, къэпщытэныгъэр жэуаплыныгъэшхуэ пылъу езыгъэкIуэкIа мы бзылъхугъэхэм фIыщIэшхуэ яхуэфащэщ. Сэ къызэрыслъытэмкIэ, адыгэр щыIэн, лъэпкъыбзэр, лъэпкъ щэнхабзэр, тхыдэр, хабзэр хъума хъун папщIэ къалэн нэхъ ин дыдэр зыгъэзащIэр егъэджакIуэхэращ.

Дэри, телевиденэм, газетым, радиом щылажьэхэм бзэр хъумэным, зегъэужьыным теухуауэ къалэн куэд зэфIыдогъэкI, ауэ егъэджакIуэм и гуащIэм егъэпщэгъуейщ. А зэманым етхьэжьа Iуэхур иджыри нэхъри зиубгъуурэ къызэрыгъуэгурыкIуэм ущымыгуфIыкIынкIэ Iэмал иIэкъым.

Кенжэ щекIуэкIа зэхуэсым кърихьэлIат Тыркум и Къайсэр къалэм дэт Эрджиес университетым щылажьэ ди лъэпкъэгъухэу, зэпеуэм и къэпщытакIуэу щытахэм ящыщу Инчы Иринэрэ Тэнащ Тамарэрэ.

Иринэ къэпщытакIуэ гупым къызэрыхэкIыжрэ илъэсийм щIигъуащ, ауэ адыгэбзэм ирилэжьэн къигъэнакъым. Эрджиес университетым Адыгэбзэмрэ щэнхабзэмкIэ и кафедрэм доценту щолажьэ, адыгэбзэр хамэ къэралыбзэу щрегъэдж. Тырку университетым дерс зыбжанэ щрегъэдж, абыхэм ящыщщ адыгэ сабий литературэр.

- Адыгэ сабий литературэмкIэ езгъаджэхэм нэхъ ягу дыхьэр, мы зэпеуэм и къэпщытакIуэхэм жыджэру яхэта, радиожурналист, тхакIуэ Вындыжь Марие и IэдакъэщIэкIхэрщ. Абы и сабий уэрэд цIыкIухэм нэмыщI, «Бзу анэм и уэрэд» япэ адыгэ мюзиклыр ядогъэцIыху хамэ къэралым щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я щIэблэм. Ар хуабжьу ягу ирохь ди еджакIуэхэм, уеблэмэ дзапэ уэрэду зэрагъэщIауэ жаIэ.

Сэ езгъэджа, университетыр къызэриухрэ илъэс зыбжанэ хъу Беслъэней Хьэлимэ, колледжым адыгэбзэмкIэ щрегъаджэ, абы нэмыщI Адыгэ Хасэм къекIуалIэхэми ядолажьэ. Ар апхуэдизкIэ дихьэхат а мюзиклми, Адыгэ Хасэм илъэсыр икIа нэужь ялэжьар къыщызэщIакъуэжу ягъэхьэзыр пшыхьым щигъэуват. Абы къемыкIуэлIа зы адыгэ Къайсэр къыдэна хъунтэкъым.  Мюзиклым сабий 30-м нэс хэтащ, ныбжькIэ зыщхьэщыкIыу. Абыхэм фащэ дахэхэр хурагъэдри, екIуу утыку кърагъэхьат.

Дэ ди къалэн нэхъыщхьэр хэкумрэ хамэ къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэмрэ зэпытщIэнырщ. «Си бзэ - си псэ, си дуней» фестиваль- зэпеуэр республикэм икIри, адыгэ щыпсэу хэгъэгухэми нэсащ. Сэ сыхуейт ар дяпэкIэ нэгъуэщI къэралхэми къащтэу, дэнэ щыпсэу адыгэри зэпищIэу программэ лъэрызехьэ хъуну.

 2011 гъэхэм зэпеуэм сэ сыщыхыхьам федеральнэ стандартхэм зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьэу хуежьа къудейт. Совет методикэм къыщхьэщыкIыу, егъэджакIуэр и закъуэу псалъэу дерсым щIэмыту, еджакIуэхэри жыджэру дерсым хэтыну къыщыгъэлъэгъуат стандартыщIэм. Ар егъэджэныгъэм хэпщэнымкIэ зэпеуэр хуабжьу сэбэп хъуауэ схужыIэнущ.

А жыпхъэм къызэщIиубыдэ Iэмал гъуэзэджэ куэд щытлъэгъуащ дызыщIэса дерсхэм. СтандартыщIэм къигъэув къалэнхэр адыгэбзэр егъэджыным хэзыпщар лъэпкъ егъэджакIуэхэращ. Ар щытлъэгъуащ зи гугъу тщIы фестивалым. Бзэр, хабзэр хъумэныр зэпеуэм и къалэн нэхъыщхьэу щытамэ, щIэныгъэ ухуэкIэм зыщихъуэжым нэхъыбэж хъуащ абы и пщэ къыдэхуэр.

Мы зэIущIэм ди лэжьыгъэ Iыхьэ куэд сигу къигъэкIыжащ. ЕгъэджакIуэфIхэр, IэщIагъэлI цIэрыIуэхэр нобэ зэрыслъэгъуам папщIэ фIыщIэр зейр сыт щыгъуи ди пашэ Балэ Людмилэщ. Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и нэIэ щIэту, дэтхэнэ зэпеуэри абы къыдэлажьэхэм ятхыжурэ «Адыгэ псалъэм» етIуанэ махуэм къытехуэжу, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, КъБКъУ-м и ректору щыта Къарэмырзэ Барэсбий, КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм щылажьэу, ар зи IэмыщIэ илъа Балэ Людмилэ сымэ лэжьыгъэшхуэ ирагъэкIуэкIащ. Зэхьэзэхуэм щытекIуахэрат дэ Москва лъэпкъыбзэхэмкIэ щекIуэкI зэпеуэм тшэхэр икIи увыпIэ хъарзынэхэр къыщахьырт. Сэ хуитыныгъэ сиIэщ жысIэну: «Си бзэ – си псэ, си дуней» фестиваль-зэпеуэм адыгэбзэмрэ литературэмрэ зэрадж методикэщIэр зэхигъэуващ.

Илъэсих хъуауэ Эрджиес университетым ЛитературэмкIэ и факультетым урысыбзэмрэ литературэмкIэ щрегъаджэ Тэнащ Тамарэ:

- Ди факультетым щеджэ тыркухэми нэгъуэщI лъэпкъхэм къыхэкIахэми яфIэгъэщIэгъуэну ядж ди къэралбзэр икIи ар къэзыухахэр тырку-урыс фирмэшхуэхэм щолажьэ, щIэныгъэ IуэхущIапIэхэм егъэджакIуэу макIуэ, зэдзэкIакIуэу мэлажьэ. Адрей IэщIагъэхэм къащхьэщыкIыу, Тыркум щIэупщIэшхуэ щаIэщ урысыбзэр зыджа IэщIагъэлIхэм. Зы илъэсым студент 80-90 идогъаджэ.

«Си бзэ - си псэ, си дуней» зэпеуэм ефIэкIын Iуэху кърагъэжьэну къыщIэкIынкъым. Сыт хуэдэ къуажэ дымыкIуами, сыт хуэдэ щIыналъэ димыхьами жытIэрт: «Апхуэдэ щIэблэ диIэху, адыгэр дыкIуэдыжынукъым».  Ирэ сэрэ дыкъэкIуэжауэ техуати, ди гуапэ дыдэу зыкъредгъэхьэлIащ мы зэхуэсым. Дэтхэнэ зы бзылъхугъэми гуащIэшхуэ къызэринэкIащ, ноби емытIысэхауэ мэлажьэ.

А зэхьэзэхуэм хэтахэм ящыщу зы егъэджакIуи, зы сабии ягу ихужынукъым абы щыгъуэм екIуэкIар. Мис апхуэдэ Iуэхухэрщ щIэныгъэм, IэщIагъэм, Iэзагъым лъабжьэ хуэхъури, къызэтемыувыIэу егъэкIуэкIын хуей зэпеуэщ.

НэщIэпыджэ Замирэ.

 

Поделиться:

Читать также: