Хэкум игъэгушхуэ хахуэ мэхъу

Адыгэм ифI щигъэлъапIэ, и хабзэ дахэхэр утыку къыщрихьэ, и беягъыр нэрылъагъу щищI, и блэкIамрэ и нобэмрэ щызэригъапщэ, и лIыхъужьхэр щиIэт махуэшхуэм ирихьэлIэу «Адыгэ псалъэ», «Черкес хэку», «Адыгэ макъ» лъэпкъ газетхэм игъуэу къэт­лъытащ зи цIэр тхыдэм дыщэпскIэ хатха ди ЛIыхъужьхэм я гъащIэ гъуэгуанэм иджыри зэ фридгъэплъэжыну. 

Фызэрыщыгъуазэщи, мы гъэр Хэкум и лIыхъужьым и илъэсу щагъэуващ ди къэралым. Ар зытегъэпсыхьар ТекIуэныгъэ Иныр       ди къэралым къызэрихьрэ илъэс 80 зэрыри­къурщ. 
2025 гъэр къызэрихьэрэ яIэт дунейм къыщыхъуахэм я нэхъ лъыгъажэ дыдэу екIуэкIа зауэр ди текIуэныгъэкIэ зэриухрэ илъэс 80 зэрыри­къуар. Ди цIыхухэм зэрахьа лIыхъужьыгъэм и пщIэр зэманым хэкIуэдэжакъым. Хэку зауэш­хуэм и илъэс хьэлъэхэр нэхъ жыжьэ хъуху, тхыдэм увыпIэ ин щызыубыда ТекIуэныгъэм и мыхьэнэр нэхъри зыхыдощIэ. 
Дыхуейщ зауэм щызэра­хьа хахуагъэмрэ щхьэ­мыгъазэу хэкур зэрахъумамрэ къыпэ-       кIуауэ ­Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэ лъапIэр зыфIаща ди хэкуэгъухэм ид­жы­ри зэ ды­тепсэлъы­хьыну. КъБР-м, КъШР-м, АР-м щыщ Адыгэ ЛIыхъужь­хэрщ нобэрей къыдэкIыгъуэр зытеухуар. ЛIы хахуэхэм я къекIуэкIыкIар къы­щыIуэтэжа хъыбархэр зэхуихьэсыжри, тхылъ щхьэхуэу къы­ди­гъэ­кIауэ щытащ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэ­хъыщхьэу илъэс 24-кIэ лэ-жьа, КъБР, ­КъШР-м, АР-м щIыхь зиIэ я журналист, тхакIуэ, публицист цIэрыIуэ ХьэфIыцIэ Му­хьэ­мэд. Аращ дэри къэдгъэсэбэпар. 
Мамырыгъэр - зыузэщIыныгъэм, цIыхугъэм, дахагъэм я шэсыпIэщ. Дунейр мамыру екIуэкI­мэ, псэукIэми, экономикэми, щIэныгъэми, щэн­­хаб­зэми, гъащIэм епха псоми зебгъэу­жьыфынущ, цIыхухэм я зэIузэпэщыныгъэр зэ­тебухуэ­фы­нущ, щIэблэмрэ къэкIуэнумрэ фIы-кIэ уа­хуэплъэу упсэуфынущ. Ар къэплъытэмэ, дуней мамыр къэзызэуахэм фIыщIэ псалъэ яху­жыпIэныр зэи лей хъуркъым, къыдэкIуэтей щIэб­­лэм ахэр щапхъэ яхуэпщIыныр Iуэху щхьэ­пэщ. 
НэщIэпыджэ Замирэ. 

Поделиться:

Читать также: