ЕгъэджакIуэ пэрытИлъэс 30-м нэблэгъауэ егъэджэныгъэ Iуэхум и гуащIэ хелъхьэ Тэрч районым хыхьэ Инарыкъуей къуажэм и курыт еджапIэм и унафэщI Тумэ Валентинэ. 1997 гъэм абы къиухащ КъБКъУ-м и филологие факультетым урысыбзэмрэ урыс литературэмкIэ и къудамэр. Мы зэманым ар Тэрч районым и щIыпIэ самоуправленэм и депутатщ, социальнэ IуэхухэмкIэ зэпымыууэ лажьэ депутат комиссэм и унафэщIщ. Илъэс 14 хъуауэ ар зи унафэщI курыт еджапIэр сыт и лъэныкъуэкIи иригъэфIэкIуэну хузэфIэкIащ. Езым хэлъ жэуаплыныгъэмрэ и Iуэху бгъэдыхьэкIэмрэ я фIыгъэкIэ, бзылъхугъэм егъэджакIуэхэм я лэжьыгъэр еунэтIыф, щIэблэм щIэныгъэрэ гъэсэныгъэрэ ягъуэтыным псори теухуэжауэ. Валентинэ гулъытэ хэха хуещI зэфIэкI зиIэ еджакIуэхэм щхьэхуэу ядэлэжьэнми, школым спортым зыщегъэужьынми, нэгъуэщI куэдми. Абы и IуэхущIафэхэм щыхьэт тохъуэ курыт еджапIэм щIэсхэм район, щIыналъэ зэпеуэхэм къыщахь увыпIэфIхэр. Школыр жыджэру хэтщ «Письмо солдату» урысейпсо Iуэхум, Анэдэлъхубзэм и махуэр гъэлъэпIэным. ПэщIэдзэ классхэм кIуэхэм я дерсым щIимыдзэ щIыкIэ Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм, гъэсэныгъэ мыхьэнэ зиIэхэм щIэблэр ирагъэдаIуэ. Тумэм и нэIэм щIэту, Инарыкъуей курыт школым ехъулIэныгъэ куэд зыIэригъэхьащ. Псалъэм папщIэ, 2011 - 2012 гъэ еджэгъуэм курыт еджапIэ нэхъыфIыр къыщыхаха зэхьэзэхуэм етIуанэ увыпIэр къыщыхуагъэфэщауэ щытащ икIи КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм и щIыхь тхылъыр къратат. А илъэс дыдэм Тэрч щIыналъэм и «школ нэхъыфIуи» Инарыкъуей курыт еджапIэр къалъытащ. Тэрч районым ЕгъэджэныгъэмкIэ и управленэм и щIыхь тхылъри мы курыт еджапIэм мызэ-мытIэу къыIэрыхьащ. Апхуэдэ зы щхьэусыгъуэт физическэ щэнхабзэмрэ спортымрэ зезыгъэужь школ нэхъыфIыр къыщыхах «Олимпиадэм школым къыщыщIедзэ» урысейпсо зэпеуэм и муниципальнэ Iыхьэм зэрыщытекIуар (2012 гъэм), а зэхьэзэхуэм и щIыналъэ Iыхьэми школым ещанэ увыпIэр къызэрыщихьар (КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм и ЩIыхь тхылъыр къыпэкIуащ). КъищынэмыщIауэ, 2016 гъэм еджапIэм япэ увыпIэр къыщыхуагъэфэщащ Тэрч районым и школ нэхъыфIыр къыщыхаха зэпеуэм. Тумэм гулъытэ ин хуещI щIэблэр хэкупсэу, гъэсауэ къэгъэтэджыным. Абы и лъэныкъуэкIэ курыт еджапIэм щекIуэкI лэжьыгъэм папщIэ, Тэрч муниципальнэ районым и Iэтащхьэм, Афган зауэмрэ дзэ зэпэщIэтыныгъэхэмрэ я ветеранхэм я зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм, Урысейм и ДОСААФ-м Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къэрал IуэхущIапIэм я щIыхь тхылъхэр школым къыхуагъэфэщащ. Валентинэ и Iуэху бгъэдыхьэкIэм арэзы къещI егъэджакIуэхэри, еджакIуэхэри, адэ-анэхэри. ЕджакIуэхэм ехъулIэныгъэфIхэр къыщагъэлъагъуэ «Псори сщIэну сыхуейщ» егъэджэныгъэ проектымрэ школакIуэхэм я олимпиадэ зэIухахэмрэ. Езы егъэджакIуэхэми я къэухьым зэпымыууэ зрагъэужьыным бзылъхугъэр йогугъ. 2013 гъэм Урысейм и творческэ егъэджакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и фIыщIэ тхыгъэ абы къыхуагъэхьащ Инарыкъуей курыт школым щезыгъаджэхэм урысейпсо Интернет-зэпеуэм ехъулIэныгъэфIхэр къызэрыщагъэлъэгъуам папщIэ. Апхуэдэ лэжьыгъэм къыпэкIуэу, Тумэ Валентинэ къратащ КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм, Тэрч районым ЕгъэджэныгъэмкIэ и управленэм, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым я щIыхь тхылъхэр. 2008 гъэм абы текIуэныгъэ къыщихьащ «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектым хыхьэу екIуэкIа зэпеуэми. Апхуэдэуи бзылъхугъэм къыхуагъэфэщащ «УФ-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




