Фэ фщIэрэ…

- Дзыгъуэнэф-лъыиф Америкэ Ищхъэрэм зэрыщыпсэур? Жэщ зэрыхъуу къолъэтыкI жыг ку гъуанэм, ещхьщ бэджышхуэм. Абы и ныбэлыцIыр зэвщ, шхын быди хуегъэхынукъым, и пэр дыд папцIэщ, сэ жанщ, и Iупсым зымыгъэуз гуэр хэлъщи, зэдзакъэм и уIэгъэр зыхимыщIэу, абы и лъым йобзей сыхьэт ныкъуэкIэ - езыми хьэлъагъым хуэдиз (грамм 50-м нэс) зыIэримыгъэхьауэ ирикъуркъым. Апхуэдэ лъыиф псэущхьэ зэрыщыIэр къэзыщIар Дарвинщ. Дунеяплъэ къыщикIухьым, абы и лIыщIэм къиубыдат я гум щIэщIа шым и пщэм къиж лъым ебзей псэущхьэжьейр.

- Софие и гъунэгъуу щыIэ псы хущхъуэр мэлым къызэрызэIуихар? Гуартэр псынэмкIэ щыблахукIэ, зы мэл сымаджэ икIи тIэкIу ещIэкъуауэ гуэрым зыкъыкIэригъэхурт. Псым ъхыхьэрти, зыкъомрэ хэтт. Ауэрэ – хъужащ. ЦIыхухэми мэлым и гулъытэм дерс къыхахащ.

- Пэбжьакъуэр (носорог) къызытекIар шым зэриблагъэр? Абы бжьакъуэ тетакъым нэхъапэхэм, иужьым къытекIауэ аращ.

- Галапагос хытIыгухэм (Эквадор) щыIэ шылъэгухэм килограмм 300-м нэс зэрахьэлъагъыр? Илъэси 150-200 къагъащIэ абыхэм. И плIэ лъакъуитIымакIэ сыхьэтитху енкIэ кумб къритхъуурэ, шылъэгу анэм илъэсым тIэунейрэ джэдыкIэхэр егъэтIылъ, и щхьэр третхъуэж, мази 3-8-м (шылъэгухэм я лъэпкъыгъуэ елъытауэ) шырхэри къраш. ГъэщIэгъуэнщ шылъэгухэмрэ къуалэбзухэмрэ я зэпыщIэныгъэр. Зэгуэрым къэхутакIуэхэм ялъэгъуащ шылъэгу гъуэгурыкIуэр. Арыххэу, гъуэжь-плъыжьыфэ бзу цIыкIу къом къызэрыкъуохри, абы и «афэ джанэм» тотIысхьэ. Мыдрейр занщIэу зэщIоувыIыкI. Бзу цIыкIухэр дэни дэпщхьэрт, абы и щIыфэм еуIуурэ, зыгуэрхэр къыжьэдадзыжырт. КъэхутакIуэхэм белджылы къащIащ къуалэбзухэм шылъэгур зэрагъэкъабзэр, абы хищIа хьэпIацIэхэм кIэ иратурэ зэрылъэтэжыр, шылъэгури и гъуэгу зэрытеувэжыр.

- Амазонкэм и Iуфэ мэзышхуэм нэхъ шынагъуэ дыдэу щIэсыр зэрыхъумпIэцIэджыр? Ахэр ди щIыналъэм щыIэ цIыкIужьейхэм хуэдэкъым, атIэ дэтхэнэми сантиметритху я кIыхьагъщ. ХъумпIэцIэджхэр зекIуэ макIуэ, дзэм ещхьу, «дзэпщхэри», «тIасхъэщIэх» нэгъуни яIэжу. Дзэм и кIыхьагъкIи и бгъуагькIи километр зыбжанэм щынэс щыIэщ, я Iэуэлъауэр жыг тхъэмпэ гъуауэ зэшIощхъыщхъэ. ХъумпIэцIэджхэр къыщежьэм деж мэзым щIэс хьэкIэкхъуэкIэ псори: кхъуэпIащэ езыгъэмэрэкIуэх блэ зэрамыщIэжхэри, аслъэн-къэплъэнхэри щтапIэ йожэх, къуалэбзухэри мыбэуэж жыхуаIэм хуэдэу зэщIощымэ, шынагъуэм зэщIеубыдэри. Гъуэгум къащыпэщIэхуэу хъуам кIэ ират, къупщхьэлъапщхьэмрэ цымрэ къыщанэурэ.

- Псэущхьэхэм ящыщу дэтхэнэра нэхъыбэрэ псэур? ЩIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, пылыр илъэс 77-кIэ, попугайр - 56-кIэ, къазыр - 50-кIэ, елыркъэшыр - 50-кIэ, хъумпIэцIэджыр - 19-кIэ. КъызэралъытамкIэ, я гъащIэр нэхъ кIэщIщ ныбаблэ, хуэбапIэр зыфIэфI икIи лъхуэрей псэущхьэхэм.

- Фэ фщIэрэ, блэ зышх хьэндыркъуакъуэ зэрыщыIэр? Апхуэдэт Олд Смоки зыфIащар. Ар зэрыс хъарым метр ныкъуэ зи кIыхьагъ блэ ирадзащ. «Тутнакъхэр» зэтехьэртэкъым, дэтхэнэми я «пэшыр» къипщытэ хуэдэт. Жэщри екIуэкIащ къэхъуа щымыIэу. Мамыру зэдэпсэункIи хъунт, етIуанэ пщэдджыжьым блэр хъарыщхьэм дэпщэяуэ къемыхуэхатэмэ. Мис абдежым къэсыжащ: Смоки напIэзыпIэм лъэри блэм и щхьэмрэ и пкъым щыщу сантиметр 20-рэ и жьэм игъэкIуащ. Блэм и кIэр зэридзэ щхьэкIэ, къиIэта хьэндыркъуакъуэри зэрехьэ. Смоки блащхьэр и жьэм къыжьэдимыгъэкIыну и лъапэмкIэ блэм и пщэр фIиубыдыкIащ. Нэхъ куууэ бауэри, аргуэру блэм щыщ IыхьэфI иригъэнэхащ. Блэм зэрызигъэхъей щыIэтэкъым - и щхьэр хьэндыркъуакъуэ лъатэм щыткIурт. Сыхьэт 42-рэ щыдэкIам блэм и кIэр плъагъужыртэкъым - ар Смоки фIэIэфIыпсу иригъэмэрэкIуэхат.

- Дзыгъуэнэфхэм куэд зэрыгъэхъуарэ зэгъусэу щIымахуэр щрах бгы, жыг ку гъуанэхэм, унащхьэхэм. Абыхэм абгъуэ ерыскъы хъумапIи яухуэркъым, атIэ я лъакъуэ цIыкIухэмкIэ зыIыгъыну гуэрхэм зэрагъэубыдри, къеблэблэхыу мазэ зыбжанэкIэ фIэлъщ, ирафи яшхи щымыIэу.

- Бжьыхьэм щыщIэдзауэ гъатхэ пщIондэ и гъуэм щопырхъ мыщэр, зыкъомым зэрагугъауии лъапэм щIэфыркъым, зэрыпсэури щэ игъэтIылъамкIэщ, зэрыжейм хуэдэури - малъхуэ! Мыщэр псом нэхърэ нэхъ лъэщу пIэрэ? Хэт текIуэн къэплъэнымрэ абырэ? А упщIэм жэуап пыухыкIа пхуетынукъым. Къаплъэнри мыщэри уеблэмэ аслъэнри абыхэм яхэбгъыхьэ хъунущ зэрызэщхьэщыкI щIагъуэ щымыIэу къарукIэ зэхуэдэщ.

- Мыщэхэр лIэужьыгъуибл мэхъу, еянэм - пандэшхуэкIэ зэджэу Китайм и тобылыгъу кIырхэм щыпсэум – мыщэми, джэдуми, енотми, я хьэлхэр хэлъщи, зыхабжэнур сыт хуэдэ хьэкIэкхъуэкIэрами яхуэубзыхуркъым. ХьэкIэкхъуэкIэхэм я псэукIэр зыджа, Индием щыщ Джим Корбетт етхыж: « Гималай мыщэ гъумыщIэм, зыри къыфIэмыIуэхум хуэдэу, мэзыр къуэцIрикъутыкIырт. Ауэ занщIэу къызэщIэувыIыкIри пэмащ, зридзыхри, мэр къыздикIымкIэ пщыуэ хуежьащ. Мащэм щхьэщыхьэмэ, зигъэтхъэжу къаплъэн абрагъуэ ист. Мыщэм гъуахъуэу зридзащ, арщхьэкIэ къаплъэнри къэрабгъэу къыщIэкIакъым, зызэрадзри я цыр гуэрэну ящхьэщыту дакъикъэ зыхыблкIэ зэрыфыщIащ. ИкIэм-икIэжым къаплъэныр мащэм къилъри щIэпхъуэжащ, лъэбыцэжьыр лъэщIэмыхьэу…Мыщэм и гъунапкъэхэр егъэбелджылы: лъэбжьанэкIэ жыгыфэхэр нэхъ лъагэу къритхъыхукIэ «щIыналъэр зейр» нэхъ лъэщу аращ. Мыщэр губзыгъэу къалъытэ, ар номиным, пылым, хьэм я гупым хохьэ.

КЪАНКЪУЛ Раисэ.
Поделиться:

Читать также: