ПщIэ зыхуэтщI къалэдэсхэ!

2025 гъэм фокIадэм и 25-м Налшык къалэ округым цIыхухэм щахэупщIыхьынущ, я Iуэху еплъыкIэ жрагъэIэу. 
УФ-м и МВД-м иригъэкIуэкI лэжьыгъэм жылагъуэр зэрыхущытыр хабзэхъумэ IэнатIэхэм деж нэхьэсын мыхьэнэшхуэ иIэщ. АбыкIэ дэлэл хъуну Iуэху щхьэпэщ къалэм щрагъэкIуэкIыну къэпщытэныгъэхэр. 
МВД-м Налшык къалэм щиIэ Управленэм и лэжьакIуэхэр уэрамхэм тетынущ цIыхухэм упщIэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ зыхуагъазэу, абыхэм я жэуапхэр ятхыу. Махуэм къриубыдэу къызэщIакъуа жэуапхэм ириплъэжынурэ, ди цIыхухэр МВД-м арэзы зыщIу хэлъыр къапщытэнущ, е, мыарэзымэ, зэлIэлIэн хуей Iуэхугъуэхэр яубзыхунущ. 
«Полицэм теухуа» унафэм ипкъ иткIэ, цIыхухэр хабзэхъумэ IуэхущIапIэхэм я лэжьыгъэм зэрыхущытым куэд дыдэ иIыгъщ. ИкIи Управленэм ди цIыхухэр къыхуреджэ я Iуэху еплъыкIэр ямыбзыщIыну. Гу зылъытапхъэ: къэпщытэныгъэр езыгъэкIуэкIхэр фи цIэ-унэцIэ щIэупщIэнукъым, жыфIэм теухуауэ жэуаптыпIэ фырашэнукъым.

 

Фырэ Анфисэ, УМВД-м и Жылагъуэ советым хэт.
Поделиться:

Читать также: