КъБР-м щыIэ МВД-м къетХъурмэ тонн 14,5-рэ
Урысей МВД-м и Налшык управленэм и плъыр частым къыIэрыхьащ илъэс 65-рэ зи ныбжь хьэрычэтыщIэм къыбгъэдэкI хъыбар, хъурмэ куэд зэрыфIадыгъуам къыхэкIыу.
ЗэраубзыхуамкIэ, лей зытехьам и нэIуасэхэм къаригъэцIыхуащ Мэзкуу щыщ, хадэхэкIрэ пхъэщхьэмыщхьэрэ зэуIуу зыщэр. ХьэрычэтыщIэм абы дзыхь хуищIри, хъурмэ куэду хуиутIыпщащ, и уасэр иужькIэ къритыжыну, адэкIэ абы зыкъыпищIэжакъым. Арати, цIыхухъум фIэкIуэдащ сом мелуани 2-м щIигъу зыпэкIуэ пхъэщхьэмыщхьэ тонн I4,5-рэ.
Уголовнэ къэлъыхъуэныгъэм и лэжьакIуэхэр Урысейм и щыхьэрым кIуэри, шэч зыхуащIыр яубыдащ. Ар гъунэгъу къэралым щыщ, илъэс 40 зи ныбжь цIыхухъущ икIи Налшык къашащ Iуэхур зэхагъэкIыху я нэIэ трагъэтыну.
Хабзэншагъэ зезыхьам зиумысыжащ, пхъэщхьэмыщхьэр Iэрыхьа иужькIэ щIыпIэм и бэзэрхэм зэрыщригъэкIамкIэ, къыпэкIуа ахъшэр езым къызэригъэсэбэпамкIэ тхьэусыхэу.
Следственнэ къудамэм уголовнэ Iуэху къиIэтащ УФ-м и УК-м и 159-нэ статьям и 4-нэ Iыхьэм ипкъ иткIэ.
И цIыхугъэм едыгъуащ
Урысей МВД-м Iуащхьэмахуэ районым щиIэ къудамэм зыхуигъэзат Тегенекли къуажэм щыпсэум, и унэм сом 400000-рэ зэрыщIэкIуэдыкIамкIэ тхьэусыхэу.
Къудамэм уголовнэ-къэлъыхъуэныгъэмкIэ и лэжьакIуэхэм шэч зыхуащIыр яубыдащ. Ар илъэс 26-рэ зи ныбжь, лей зытехьам и цIыхугъэрщ.
ЗэраубзыхуамкIэ, унэм и бысымыр и щхьэ IуэхукIэ ежьат. Ар зэрыдэмысыр къигъэсэбэпу, шэч зыхуащIыр унэм щIыхьэри, ахъшэ зыдэлъ бохъшэр идыгъуащ.
Урысей МВД-м Iуащхьэмахуэ районым щиIэ къудамэм и СО-м уголовнэ Iуэху къиIэтащ УФ-м и УК-м и I58-нэ статьям и 3-нэ Iыхьэм и «а», «в» пунктхэм япкъ иткIэ.
Илъэс 23-рэ дэкIауэ
Къэбэрдей-Балъкъэрым и хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм яубыдащ илъэс 23-рэ ипэкIэ цIыху иукIауэ шэч зыхуащI нартандэсыр.
КъБР-м щыIэ МВД-м и ЦПЭ-м, Урысейм и Следственнэ комитетым и Следственнэ управленэу КъБР-м щыIэм я лэжьакIуэхэм, Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и ОМОН-м и гупым щыщхэр я щIэгъэкъуэну яубыдащ цIыху иукIауэ шэч зыхуащI, нэхъапэми суд зытращIыхьауэ щыта, илъэс 64-рэ зи ныбжьыр.
ЗэраубзыхуамкIэ, 2002 гъэм и мэлыжьыхьым, ар Черная Речкэ къуажэм и гъунэ мэзым щыIэу, Шэджэм къалэм щыщ и цIыхугъэм и щхьэм кIэрахъуэкIэ еуащ. ЦIыхухъур игъуэта уIэгъэм къелакъым. ИукIам и машинэм хьэдэр къринэщ, ахъшэшхуэ ирихри, абы зигъэбзэхыжаш.
Следствием къызэритымкIэ, шэч зыхуащIымрэ лей зытехьамрэ хамэ къэрал валютэхэр хабзэншагъэкIэ къэщэхун-щэным пыщIат.
ЦIыхухъум илэжьамкIэ зиумысыжащ. Ар щыпсэу и унэр щыщIапщытыкIым къагъуэтащ макъ имыщIу бгъауэ хъу кIэрахъуэм и пкъыгъуэр.
Следственнэ управленэм уголовнэ Iуэху къиIэтащ УФ-м и УК-м и I05-нэ статьям и 2-нэ Iыхьэм и «з» пунктым ипкъ иткIэ.
Поделиться:
Читать также:
12.11.2025 - 16:13 →
Хэку лъагъуныгъэр игъэнэхъапэу
11.11.2025 - 13:30 →
Фашизмэм и «напэр»
11.11.2025 - 13:10 →
Дахэ нэщэнэхэр къызытещхэр
11.11.2025 - 13:00 →
ЩIыуэпсым епха гъэщIэгъуэнхэр
11.11.2025 - 12:30 →
Кувейтым мэлъатэ
| ||



