«Линэ и удз гъэгъахэр»«Мы тхылъ цIыкIур си къуэрылъху, сабий дыгъэ, псори дыкъэзыгъэщIам деж жэнэт бзууэ зыгъэзэжа си Линэ цIыкIу, си Линэ гуащэ фэеплъ хузощI». 2022 гъэм Щхьэгъэпсо Сэфарбий Налшык къыщыдигъэкIа «Линэ и удз гъэгъахэр» тхылъым и псалъащхьэщ мыр. Тхылъыр къызэIуех Линэ цIыкIу фэеплъ хуищIа усэмкIэ.
Уи цIэр тхъумэну, удзым фIэтщауэ,
Уи фэеплъ дахэу къуршхэм къыщокI, - щыжеIэ абы.
Щхьэгъэпсо Сэфарбий биологие щIэныгъэхэмкIэ докторщ, профессорщ, РАЕН-м, АМАН-м я академикщ, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Урысей Федерацэм, егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Ингушетием щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэщ. И Iэдакъэм къыщIэкIащ щIэныгъэ лэжьыгъэ, тхылъ куэд. Ахэр ятеухуащ щIыуэпсым, къэкIыгъэхэм, псэущхьэхэм, егъэджэныгъэм. Дэтхэнэми купщIэшхуэ яIэщ, республикэм и щIэныгъэ хъугъуэфIыгъуэхэм ящыщщ.
«Линэ и удз гъэгъахэр» - къэкIыгъэхэм, удз гъэгъахэм, жыг лIэужьыгъуэхэм, псэущхьэхэм, хьэкIэкхъуэкIэхэм, жыпIэнурамэ, щIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэм усэбзэкIэ щытепсэлъыхь тхылъщ. Ауэ мыр усэбзэ къудейкъым, щIэныгъэкIэ псыхьа усэбзэщ. Укъеджэу зыбгъэпсэхуу аракъым тхылъым – щIэщыгъуэрэ гъэщIэгъуэну куэд къыбжаIэ, уагъэгупсысэ. УсэбзэкIэ зэтещыпыкIауэ къиIуэтащ щIыуэпсым и щэхухэр, уеблэмэ ар усэ гъуэгукIэ тхыдэми IуэрыIуатэми хохьэ. Биологие щIэныгъэм куууэ зэрыхэтым, щIыуэпсым и щэху куэд зэрищIэм, дыкъэзыухъуреихь дунейм бзэ щхьэхуэ зэриIэр зэрызэхищIыкIым нэмыщI, лъэпкъ тхыдэми щэнхабзэми захуегъазэ. Языныкъуэ тхыгъэхэм псалъащхьэурэ къыщокIуэ зытепсэлъыхьым пэджэжу адыгэ усакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэм къахиха сатырхэр. Псалъэм и хьэтыркIэ, адыгэшым щытепсэлъыхькIэ, Щомахуэ Амырхъан и псалъэхэр къехь: «Феплъ, илъащи, шы лъакъуэхур, шагъдий дахэу адыгэшыр». Дзэлхэм я гугъу щищIкIэ, Гъубжокъуэ Лиуан и сатырхэр къегъэлъагъуэ: «Лей къалъысами зэ дзэл бжэгъухэм, ялъокIыр жыгыу щIым хэкIэн». ЕкIэпцIэм и деж носри, Ацкъан Руслан и усэр дигу къегъэкIыж: «ЕкIэпцIэ пкъохэр къызэпхощ ятIагъуэ блыным, дзажэм ещхьу». «Андэгурэ сшхакъым Iэджэ щIауэ, нобэ дыдэгъэкI андэгурэхьэ» жеIэри, Уэрэзей Афлик и сатырхэмкIэ къыщIедзэ а къэкIыгъэм теухуа усэри. УсакIуэхэм я едзыгъуэхэм нэмыщI, адыгэ уэрэдыжьхэм, IуэрыIуатэм захуегъазэ - ахэри щапхъэу къегъэсэбэп.
Дызытепсэлъыхь тхылъым ит усэ къэс щIэныгъэ къыхыбох. КъэкIыгъэхэм тепсэлъыхьмэ, усэм хеухуанэ ахэр зыгъэщхьэхуэ гуэрхэр: къыщыкI щIыпIэр, зэрысэбэпымрэ зэрыхущхъуэмрэ, къыхащIыкIыр, мэ къыпихыр зыхуэдэр. Хэт мащIэ хъури Тхылъ Плъыжьым иратхащ, хэт кIуэдыжащ, хэт куэду къокI, хэт зэран иIэщи, яхуэгъэкIуэдыркъым. Зы щапхъэу «ДыгъужьгъалIэ» усэм девгъэплъ.
Гъурцу щыIэм къащхьэкIыу,
Бахъсэн Iуфэм зы къыщокIыр…
ЩыIат кIуа лIэщIыгъуэм и пэм
Еджагъэшхуэ мы ди щIыпIэм,
Пэмыжыжьэу Былым къуажэм
Щыхуэзат ар мы гъурц лъахъшэм.
ИпкъкIи и фэкIи мы гъурцыр
И лъэпкъэгъухэм емыкIуалIэт.
Еджагъэшхуэм абы щыгъуэм
Ар къибжат нэгъуэщI лIэужьыгъуэу.
КъэкIыгъэм и хъыбарыр усэкIэ къытхуеIуатэ. И теплъэри, дауэ къахута хъуами, сыт хуэдэ лIэужьыгъуэхэм ящыщми зэпкърех. ГъэщIэгъуэнщ ар Тхылъ Плъыжьым иратхауэ щрихьэлIэкIэ жиIэри:
Илъэсищэм щIигъу дэкIауэ,
Ар Тхылъ Плъыжьым иратхауэ,
Сыхуэзащ а гъурц телъыджэм.
Хэст ар мывэм, зигъэпщкIу щIыкIэу.
СоIущащэ, хуэсщIу фIыщIэ:
Уратхами уэ Тхылъ Плъыжьым,
Упсэущ ноби, къикIыж мыдэ, - жеIэ.
ЕкIэпцIэм теухуауэ:
«Пхъэгъэсын пхуэхъунукъым екIэпцIэр,
И пкъыр куэду псыIэм иубыдащи.
Хуабагъ щIэлъкъым,
Дэпи хъуркъым и пхъэр,
ЦIыху Iэпкълъэпкъ пIыщIар игъэхуэбэну, - жеIэри «ЕкIэпцIэ» усэмкIэ щIэджыкIакIуэм ирегъэцIыху а къэкIыгъэр.
«Жыгым и лъэIу» усэм къыщыгъэлъэгъуащ абы и гукъеуэрэ и тхьэусыхэрэ, цIыхум ахэр зэрызэхимыщIыкIымрэ къызэрыфIэмыIуэхумрэ жыгым зэран зэрыхуэхъур. Абы хуэкIуэу, щIагъыбзи хэлъу, псалъащхьэ хуищIащ Къэжэр Хьэмид и усэм къыхиха сатыр: «Ягъэуват удзгъэкIыу шыдыр» …
«СывмыухъуэнщIыт илъэс къэскIэ,
Зы къудамэ къыстевмынэу,
Феплъыт пывупщIыж Iэпхъуамби
Абы фызэрыхуэныкъуэм!» - мыпхуэдэт ХьэтIохъущокъуэм и хадэм щыкI жыг баринэм и лъэIур. Ауэ ухъуэнщIакIуэхэм къагурыIуакъым:
«УтщIыжынущ щIалэ, аращ дызыхэтыр», - къыжраIа мыхъумэ.
Ауэ лъэIури щэIури
Зыми зэхихакъым,
ЯухъуэнщIащ жыг дахэр,
Жыгыпкъ пцIанэр къаплъэу, - еух мыпхуэдэу усэр. Усэр ящыщщ ныбжьыщIэхэм я дежкIэ гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ зиIэхэм, къэкIыгъэхэм гущIэгъу хуэщIыным абыхэм я гупсысэр хуигъэкIуэнущ. Щхьэгъэпсор зытетхыхьа Iуэхугъуэм куэдрэ ди къалэм ущрохьэлIэ - пцIанэу «зызэхуэзышэ» жыгхэр уэрамхэм щынэщхъей хуэдэщ.
ФIарийм, розэм, сэтэнейм, енэбым, мэжджытжыгым, къыпцIейм, къущхьэхъу шейм, къалэрдэгум, тут мэракIуэм, кхъужьейм, къэрабэм – къэкIыгъэ куэд дыдэм щытетхыхьащ тхылъым икIи дэтхэнэри щIэщыгъуэ къыпщещIыф, сыту жыпIэмэ нэхъапэкIэ узримыхьэлIа къахыболъагъукI.
Псэущхьэхэм щатетхыхькIэ ахэр щыпсэу щIыпIэхэр, я хьэлхэр, я теплъэр, я къарур къегъэлъагъуэ.
«Щомыщыр Кавказым щыгъэбэгъуэжынымкIэ Урысей комиссэм и тхьэмадэ, ди ныбжьэгъуфI академик Рожнов Вячеслав и деж» жеIэри «Щомыщ» усэр егъэпс. ХьэкIэкхъуэкIэхэр щысхьыншэу зыукI нэпсей гуэрхэм я зэран екIыу ахэр кIуэдыжхэм зэрыхабжар, Тхылъ Плъыжьым зэрыратхар жеIэ. И бланагъэм, и зекIуапIэхэм, и хьэлхэм, и фэм, и нэм и жанагъым, зэрытхьэкIумафIэм, и шхыныгъуэм - псоми топсэлъыхь.
«Адыгэ щIэныгъэлIхэм ящыщу япэ дыдэу академик хъуа си егъэджакIуэ, си лэжьэгъу Тембот Аслъэнбий и фэеплъу», - тетхащ «Шыкъулътыр» усэм. УсэмкIэ дегъэцIыху а псэущхьэр.
Шыкъулътыр ажэшхуэр плъыру
Тетщ къурш лъагэм, бгым къеплъыхыу.
И лъэр быдэщ, и нэр жанщ,
Мысыр сэшхуэм ещхьщ и бжьитIыр.
Щхьэр еIэтыр, хешыр и пщэр,
Тегъэхуауэ тхьэкIумитIыр,
Къурш бэуэкIэм щIодэIукIыр.
«Линэ и удз гъэгъахэр» усэ тхылъым иIэщ псалъэгъэнахуи. Псэущхьэхэмрэ къэкIыгъэхэмрэ, ахэр къыщыкI щIыпIэхэм я фIэщыгъэхэр гурыIуэгъуэ щещI абдеж. Тхылъым и фIагъхэм ящыщщ абы ит тхыгъэхэр ахэр зи IэдакъэщIэкIым езым триха сурэтхэмкIэ зэрыгъэщIэрэщIар. Тыншщ: усэм укъоджри, и щIагъымкIэ сурэтым ущоплъыж, фIэщыгъэхэм къыбгурымыIуэ яхэтми, псалъэгъэнахуэмкIэ къыщыбогъуэтри зыбогъащIэ.
Тхылъым ит тхыгъэхэм щIэныгъэ зэрахэлъым, псалъэхэр шэрыуэу зэригъэджэгум нэмыщI, усэхэм художественнэ дуней ущрохьэлIэ: «Тегъэхуауэ тхьэкIумитIыр, къурш бэуэкIэм щIодэIукIыр» («Шыкъулътыр), «Iэгум ижу, и пкъыр псыгъуэт» («Щомыщ»), «Тхьэмпэ кIыхьым жьыр еубыдри, телъщ псы щIыIум, хьэфэ топу» («Псыенэб»), «ЗэрылъэкIкIэ зищIу лъагэ, зыхуищIыну гъунэгъу дыгъэм» («ТIупI дэжей»), «Ещхьу нэпсыр щIипIытIыкIым, тхьэмпэм ибгъухэр ещIыр псыф» («Удз гъыринэхэр»).
«Линэ и удз гъэгъахэр» ди щIыуэпсыр зэрыбейм щыхьэт техъуэ тхылъщ. Мыбы балигъхэри нэхъыщIэхэри дихьэхынущ. Псом хуэмыдэу тхылъыр къахуэщхьэпэну си гугъэщ ныбжьыщIэхэм, курыт еджапIэм щIэсхэм. Япэрауэ, къэкIыгъэхэмрэ псэущхьэхэмрэ зригъэцIыхуну дихьэх цIыкIухэр а гъэщIэгъуэн ящыхъум нэхъри куууэ хишэнущ; етIуанэрауэ, зи гупсысэ зэрыубыд къудей школакIуэхэр мыбы итхэм еджэмэ, гущIэгъум, гудзакъэм хуиущиинущ; ещанэрауэ, тхылъыр щапхъэ яхуэхъунущи, лъэпкъ тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ гулъытэ хуащIыным цIыкIухэр нэхъри хущIэкъунущ. Ехъуапсэу, усэ цIыкIухэр зэзыгъащIэм абы хэлъ щIэныгъэр игъащIэкIэ и щхьэм къинэнущ. Си гугъэщ «Линэ и удз гъэгъахэр» тхылъым и напэкIуэцIхэр куэдрэ къызэIуахыну: литературэм дихьэххэми, щIыуэпсым и щэхухэр зыджхэми, псэущхьэхэмрэ къэкIыгъэхэмрэ ятеухуауэ щIэщыгъуэ къэзылъыхъуэхэми мыр яджыну.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




