ЩIэблэ узыншэ къытщIэувэным дыхуолажьэ

Иджырей гъащIэм хуиту хэувэфын цIыху бгъэсэныр Iуэху къызэрыгуэкIыу зэрыщымытыр куэдым къагуроIуэ. Абы гулъытэ хэха зэрыхуащIыр къагъэлъагъуэ къэрал унафэщIхэми. Егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм ират мыхьэнэшхуэр абы и щыхьэтщ. Сабий садхэм щыщыIэ Iуэхугъуэ къиинхэр зэфIахыурэ, къэрал унафэщIхэм гъэсакIуэм и пщIэр жылагъуэм нэхъри къыщаIэт. IэнатIэм и иджырей щытыкIэмрэ къапэщылъ къалэнхэмрэ къытхутопсэлъыхь Нарткъалэ дэт «Налмэс» сабий садым и унафэщI, лэжьыгъэм и къызэгъэпэщакIуэ IэкIуэлъакIуэ Семэн Iэсият.

«ЩIэблэр гъэсэнымрэ абы щIэныгъэ етынымрэ хуэгъэпса ди IэнатIэм екIуу ущылэжьэн папщIэ, псэ хьэлэлу, жэуаплыныгъэшхуэ зыхэпщIэу, шыIэныгъэ ин пхэлъу ущытын зэрыхуейр гурэ псэкIэ зыхэтщIэ зэпытщ «Налмэс» сабий IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ псоми. Ди гъэсапIэр зэраухуэрэ куэд щIащ (1978 гъэ), Iуэхугъуэ купщIафIэхэмкIэ, гъэщIэгъуэнхэмкIэ гъэнщIа гъуэгуани къикIуащ абы. Зэманыр кIуэми, сабийхэм абы щыхуащI гулъытэмрэ бгъэдалъхьэ гъэсэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ дапщэщи ефIакIуэ зэпытщ, иджырей мардэхэм хуэкIуэу, технологие пэрытхэр сыт щыгъуи я Iэдэжу. Лэжьыгъэм и къызэгъэпэщыкIэкIэ ди садыр и нэIэм щIэтщ Нарткъалэ дэт курыт школ №6-м (унафэщIыр Мысрокъуэ Мариещ). А унафэщI щыпкъэм къыддеIыгъ ди жэрдэм дахэхэр, гупсысэщIэхэр къыхелъхьэ.

Сабийхэм я къэухьым зегъэужьыным гулъытэшхуэ хуэтщIу, IуэхущIапIэм хъарзынэу щолажьэ гупжьейхэр. Абыхэм сабийхэр щыхуагъасэ Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм, къэзыухъуреихь щIыуэпсым, дунейм я зэхэлъыкIэ хьэлэмэтхэм щыгъуазэ щыхуащI. Садым щекIуэкI махуэшхуэ зэхыхьэхэм щIэх-щIэхыурэ къыдогъэблагъэ ди щIыпIэм щылажьэ нэгъуэщI гъэсапIэхэм я IэщIагъэлIхэр, адэ-анэхэр. Апхуэдэ дерс зэIухахэм, гуфIэгъуэ зэхуэсхэм къахузэдгъэпэщ хабзэ гъэлъэгъуэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм нэрылъагъу щащI ди деж къекIуалIэ сабий цIыкIухэм ябгъэдэлъ гъэсэныгъэр, щIэныгъэр, зэфIэкIыр.

Ди сабий садым куэдрэ къыщызыдогъэпэщ икIи щыдогъэкIуэкI районпсо, республикэпсо мыхьэнэ зиIэ Iуэхугъуэхэр. ЕхъулIэныгъэ диIэу абыхэм жыджэру дыхэтщ. Лэжьыгъэм къыдошалIэ адэ-анэхэри. Ди гъэсакIуэхэр, я нэIэм щIэт сабийхэри абыхэм я адэ-анэхэри я гъусэу 2018 гъэм хэтащ «Си бзэ – си псэ, си дуней» республикэпсо фестивалым икIи текIуэныгъэ къыщахьащ. Апхуэдэ, зыIэрагъэхьэ нэгъуэщI ехъулIэныгъэхэм къапэкIуэу ди гъэсакIуэхэр куэдрэ щагъэлъапIэ утыкушхуэ зэмылIэужьыгъуэхэм, щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр, саугъэт лъапIэхэр къыхуагъэфащэу.

ГъэсапIэр – ар унэ къудейкъым, атIэ, псом япэрауэ, цIыкIухэм набдзэгубдзаплъу, елIалIэу яхущыт лэжьакIуэ гупхэщ. Апхуэдэ лэжьакIуэфIхэр, Тхьэм и фIыщIэкIэ, ди мащIэкъым.  Абыхэм яхэлъ жэуаплыныгъэм, я къалэнхэр дагъуэншэу зэрагъэзащIэм кIэлъоплъ гупым къытхыхьэ щIалэгъуалэр, щапхъи трах. Апхуэдэхэм ящыщщ «Илъэсым и гъэсакIуэ нэхъыфI» зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэм мы гъэм щытекIуа гъэсакIуэ Жыгун Каринэ, Къудей Лянэ, Iэщын Мадинэ, Щоджэн Людмилэ, Къумал Аминэ, Щомахуэ Каринэ. А гъэсакIуэ ныбжьыщIэхэм зэфIэкIышхуэ къазэрыкъуэкIынум шэч хэлъкъым.

УмыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым сабийхэм яхэлъ зэчий зэмылIэужьыгъуэхэр наIуэ къащIын, щалъхуа щIыналъэр фIыуэ ялъагъуу къагъэтэджын щхьэкIэ, ди гъэсакIуэхэм яхэлъ зэфIэкIхэм я лъагагъэр. Ди IуэхущIапIэм и IэщIагъэлIхэм я нэхъыбапIэр зэчий зэмылIэужьыгъуэхэр зыбгъэдэлъщ: хэти сурэт дахэу ещI, адрейр къофэ, уэрэд жеIэ, ещанэри нэгъуэщI Iуэхугъуэхэм хуэIэпщIэлъапщIэщ.

Гупу зэрыIыгъыныр, гъащIэм хэлъ хабзэхэм тетыныр цIыкIухэм я хьэлым хапщэф ди гъэсакIуэхэм. Апхуэдэ дуней еплъыкIэм мыхьэнэшхуэ иIэнущ а сабийхэр школым кIуа нэужьи.

 ЖыпIэнурамэ, ди лэжьакIуэхэм яхэмытми ярейщ зи IэнатIэр фIыуэ зымылъагъу, дзыхь къыхуащI дэтхэнэ къалэнри дагъуэншэу зымыгъэзащIэ. ГурыIуэгъуэщ: гупыр зэкъуэтмэщ ехъулIэныгъэ щызыIэригъэфынури, апхуэдэущ дызэрызэдэлажьэр, щIэблэ узыншэ къытщIэувэным зэфIэкIыу диIэр хуэдгъэпсу.

ГъэсакIуэмрэ школ кIуэгъуэ ныбжьым нэмысахэм ядэлажьэ IэщIагъэлIхэмрэ я махуэмкIэ си гуапэу сохъуэхъу си нэIэм щIэтхэм, жэуаплыныгъэ зыпылъ а IэнатIэ мытыншым, ауэ гъэщIэгъуэным дэнэкIи щыпэрыт псоми. Фи щIэныгъэмрэ зэфIэкIымрэ тыхь зыхуэфщI фи гъэсэн цIыкIухэм яхувиIэ лъагъуныгъэмрэ гуапагъэмрэ хэхъуэ зэпыту, гукъыдэж къывэзыт лэжьэгъуэ махуэхэм хэмыщIу, фи пщIэмрэ гулъытэмрэ жылагъуэм щыхэхъуэу фыпсэуну си гуапэщ. Фи гур зыщIэхъуэпсхэр Тхьэм къывигъэхъулIэ».

Зыгъэхьэзырар КЪАРДЭН Маритэщ.
Поделиться:

Читать также: