УФСБ-м къет

«Нэчыхь»  яхуригъэтхырт

Урысей ФСБ-м и управленэу КъБР-м щыIэм, Урысей МВД-м и управленэ нэхъыщхьэу КИФЩI-м щыIэм я лэжьакIуэхэм къэлъыхъуэныгъэхэр ирагъэкIуэкIыу къыщIагъэщащ илъэс 52-рэ зи ныбжь, хамэ къэрал щыщ цIыхур хабзэм зэребэ­къуар. Ар пыщIат нэгъуэщI къэралхэм щыщхэр Урысей Федерацэм хабзэм къемызэгъыу щыIэныр къызэгъэпэщы­-ным. 

Абы Урысейр псэупIэ зыщIыну хуейхэм къахузэригъэпэщырт нэчыхь нэпцIхэр хуатхыныр. 
КъБР-м и Прохладнэ район судым и унафэ къару зыгъуэтам ипкъ иткIэ, ар къуаншэу къалъытащ УФ-м и УК-м и 322.1-нэ статьям и 2-нэ Iыхьэм и «а» пунктым къыщыхьа щIэпхъаджагъэр илэжьауэ икIи къуэды ипшыныну тралъхьащ. 

Хабзэншагъэр къыщIощ

Хабзэхъумэхэм къызэпаудащ щIыпIэм щыпсэу цIыхухъуитIым автострахованием ехьэлIауэ ялэжь хабзэншагъэр. 

ЯIэ хъыбарымкIэ, абыхэм 2023 гъэм и мэлыжьыхьым къы­щыщIэдзауэ 2024 гъэм и бадзэуэгъуэм пщIондэ, страховой ахъшэр къаIэрыхьэн папщIэ, Налшык къалэм автомобиль зэжьэхэуэ зыбжанэ къыщагъэхъуащ икIи абы пэкIуэ ахъшэр къыIахащ. Абы кърикIуащ сом мелуани 4,1-м щIигъу хэщIы­ныгъэ.
УФ-м и УК-м и 159-нэ статьям и 3-нэ Iыхьэм ипкъ иткIэ уголовнэ Iуэху къаIэтащ. Хабзэм къызэригъэувымкIэ, къэдгъэлъэгъуа щIэпхъаджагъэр зылэжьар илъэси 6-м нэскIэ ягъэтIыс. 

Тутын нэпцIхэр ящэрт

Налшыкдэсхэу Ещтрэч А.Х., Ещтрэч А.Л. контрафакт ту­тынхэкIхэр щIыналъэм щигъэкIыным зэрыпыщIар къыщIагъэщащ. 

Абыхэм къытрахащ хамэ къэралхэм щагъэхьэзыра тутынхэкI пачкэ 6000, федеральнэ маркэхэмрэ акцизхэмрэ темылъу, апхуэдэуи акциз нэпцIхэр тету. 
Налшык къалэ судым и унафэ къару зыгъуэтам ипкъ иткIэ, Ещтрэч А.Х., Ещтрэч А.Л. сымэ къуаншэу къалъытащ УФ-м и УК-м и 171.1-нэ статьям и 6-нэ Iыхьэм и «а» пунктым къыщы­хьа щIэпхъаджагъэр ялэжьауэ, абыхэм тралъхьащ къуэды япшыныну. 

Поделиться:

Читать также: