ЩIыналъэ къудамэм и унафэщIыр хах![]() КъБР-м щыIэ МВД-м щекIуэкIащ «Динамо» урысейпсо физкультурэ-спорт жылагъуэ-къэрал зэгухьэныгъэм и щIыналъэ IуэхущIапIэм и лэжьыгъэм щриплъэжа зэIущIэ. Абы хэтащ Урысей МВД-м и республикэ, район къудамэхэм я унафэщIхэр. ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ «Динамо»-м и щIыналъэ IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ Джэданэ Залым. Абы зэпкърыхауэ утыку кърихьащ зэфIахахэмрэ ирагъэкIуэкIыну я мурад спорт Iуэхухэмрэ. Къызэрыхигъэщащи, зриплъэжа зэ-маным «Динамо»-м иригъэкIуэкIащ щIалэгъуалэр узыншэу псэуным, ахэр хэкупсэу гъэсэным хуэунэтIа лэжьыгъэ. Абы къыхилъхьэри, къызэхуэсахэм зэдэарэзыуэ даIыгъащ «Динамо» урысейпсо физкультурэ-спорт жылагъуэ-къэрал зэгухьэныгъэм и щIыналэ IуэхущIапIэм и унафэщI къулы- къум къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ, полицэм и генерал-лейтенант Крючков Вячеслав гъэувыныр. УЭРДОКЪУЭ Женя.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||





