Ди къэралым гулъытэ нэхъыбэ зыхуищIхэм ящыщщ сабий зиёIэ унагъуэхэм, псом хуэмыдэу щIэблэ куэд щызэдапIхэм, защIэгъэкъуэныр. Къэбэрдей-Балъкъэрым и социальнэ политикэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ ар.
Сабий къалъхуам зэ тыгъуэу хуаутIыпщ ахъшэр дызэрыт илъэсым унагъуэ 4500-м щIигъум иратащ.
Зи хэхъуэхэр ягъэува мардэхэм нэмыс унагъуэхэм къихъуа ещанэ, еплIанэ сабийхэр илъэсищ ирикъуху ахъшэ ирату зэтраубла хабзэм адэкIи пащэ къэралым и Президент Путин Владимир пщэрылъ зэрищIам ипкъ иткIэ. 2025 гъэм апхуэдэ ахъшэр сом мин 18,4-рэ мэхъу икIи сабий 730-м ират.
2024 гъэм къыщыщIэдзауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым сабий куэд зыщIэс унагъуэхэм я бынхэр сабий садым иратмэ, унагъуэм и хэхъуэр зыхуэдизым емылъытауэ, IыгъыпщIэм пэкIуэр къратыж. Мы илъэсым щыщу блэкIа мазибгъум къриубыдэу апхуэдэ ахъшэхэр сабий минихым щIигъум я адэ-анэхэм хуагъэкIуэжащ.
Быныбэ унагъуэхэм псэупIэ-коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэм пэкIуэ ахъшэм щыщи щхьэщахынымкIэ хуитыныгъэ яIэщ. Мы гъэм щIышылэм къыщыщIэдзауэ фокIадэ пщIондэ унагъуэ 8973-м апхуэдэ Iэмал ягъуэтащ, псори зэхэту сом мелуани 134,9-рэ хуэзэу.
Сабий зиIэ унагъуэхэм пособиехэр яхуэгъэувыным къызэщIрагъэубыдэ унагъуэ мини 8,9-рэ. Абы хохьэ зэ тыгъуэу, мазищ къэс зэ е мазэ къэс хухаххэр, компенсацэхэр, нэгъуэщI социальнэ ахъшэхэр зратхэр.
Апхуэдэуи 2025 гъэм зэрыщIидзэрэ УФ-м и Социальнэ фондым и къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм сабий мини 134,8-м я адэ-анэхэм, бзылъхугъэ уэндэгъу мини 4,9-м зэ тыгъуэ ахъшэхэр хуагъэуващ.
Зэ тыгъуэ ахъшэхэр ират зи етхуанэ сабийр 2008 гъэм щIышылэм и 1-м нэхърэ мынэхъ пасэу, 2023 гъэм дыгъэгъазэм и 31-м нэхърэ мынэхъ кIасэу къалъхуахэм - сом мин 250-рэ, апхуэдэу 2024 гъэм щIышылэм и 1-м иужькIэ етхуанэ бын къызыхэхъуахэм - сом мин 500 ират.
Мыхэр сабий зиIэ унагъуэхэм зэрызыщIагъакъуэ Iуэху нэхъыщхьэхэрщ.
Мы унэтIыныгъэм зэпымыууэ зехъуэж икIи псэукIэр егъэфIэкIуэ-ным, сабий нэхъыбэ къалъхуным, апхуэдэу щIэныгъэ зэгъэгъуэтыным, узыншагъэр хъумэным пыщIа Iуэхухэр нэхъ тынш щIыным хуэгъэпсащ.