Пыхусыхум зыщыдвгъэхъумэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым гриппым зэрыщахъумэ хущхъуэхэр цIыхухэм хаIун щыщIадзащ. 

УФ-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм республикэм исхэр пыхусыхум щыхъума хъун папщIэ, зыхуэныкъуэну хущхъуэхэмкIэ ­къы­зэригъэпэщащ. КъБР-м кърагъэшащ вакцинэ 144360-рэ: балигъхэм папщIэ «Совигрипп» вакцинэм и хэIугъуэ 29140-рэ, сабийхэмрэ цIы­хубз уэндэгъухэмрэ папщIэ «Ультрикс Квадри» вакцинэм хуэдэу 89740-рэ, сабий нэхъ цIыкIухэм папщIэ «Флю-М» вакцинэу 480-рэ. Щхьэж щыпсэу щIыпIэм пэгъунэгъу медицинэ Iуэху­щIапIэм мастэ щызыхригъэIу хъунущ. 
УФ-м и санитар дохутыр нэхъыщхьэм и уна-фэм ипкъ иткIэ, вакцинацэм цIыхубэм я про-цент 60 къызэщIиубыдэн хуейщ, нэхъ зыхуэсакъыпхъэхэр процент 75-рэ мэхъу. Абыхэм ящыщщ егъэджакIуэхэр, медицинэм и лэжьа­кIуэхэр, пенсионерхэр, уз зэуэлIэрейхэр, куэд щIауэ сымаджэхэр, сабий цIыкIухэр. 
 КЪУДЕЙ Iэминэ. 

Поделиться:

Читать также: