Къэралми КИФЩI-м нэхъри щынэхъ мащIэщУрысейм и Банк нэхъыщхьэм и Ипщэ управленэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм къызэритамкIэ, 2025 гъэм и шыщхьэуIум щIыналъэм щыщыIэ инфляцэр, илъэс пIалъэкIэ къэгъэлъэгъуауэ, къызэтеувыIащ икIи проценти 7,48-рэ хъуащ - бадзэуэгъуэм ар проценти 8,19-м тетащ. Къыхэдгъэщынщи, ди республикэм инфляцэр щынэхъ цIыкIущ Кавказ Ищхъэрэми (проценти 7,52-рэ) Урысей Федерацэм ику иту щыщыIэхэми (проценти 8,14-рэ) нэхърэ. Къапщытэж пIалъэм къриубыдэу псом хуэмыдэу зи уасэм хэщIар пхъэщхьэмыщхьэхэращ - процент 13,3-кIэ. Ар къызыхэкIар мы гъэм кърахьэлIэжахэр сату щIыпIэхэм зэрыщыкуэдарщ. ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




