Хуагъэува къалэнхэм ехъулIэу

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ Оперативнэ штабым, зэраубзыхуам тету, 2025 гъэм фокIадэм и 25-м иригъэкIуэкIащ терро­рым пэщIэтынымкIэ зыгъэсэныгъэхэр.

Теракт къэхъуа нэужь ялэжь хабзэ Iуэхухэр зэфIагъэкIащ, а щIэпхъаджагъэм пэщIэтыныр зи къалэн IэнатIэхэр апхуэдэхэм деж зэрыхуэ щы­тыкIэхэм иту ящIэн хуейхэм зэрыхуэхьэзырыр ­къапщытащ.
Зыгъэсэныгъэхэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэ­рым щыIэ УФСБ-м, МВД-м, къэралым СледствэмкIэ и комитетым и управленэм, МЧС-м, Урысей гвардием я лIыкIуэхэр.
Оперативнэ штабым теракт къэмыгъэхъуным, апхуэдэ ялэжь хъужыкъуэмэ, абы кърикIуэхэр гъэмэщIэным хуэгъэпса Iуэхур зэфIихащ.
Зыгъэсэныгъэм хуагъэува къалэнхэр гъэзэщIа хъуащ.
КъБР-м щыIэ Оперативнэ штаб.

Поделиться:

Читать также: