30 сентября, 2025 - 09:26
Урыс, франджы щIэныгъэлI, узэщIакIуэ, радиоинженер, тхылъ бжыгъэншэхэр зи Iэдакъэ къыщIэкIа еджагъэшхуэ Лаховский Георгий (1869-1942 гъ.гъ.) 1911 гъэм сымаджэ хьэлъэ хъуат. Лышх узыфэ шынагъуэм къызэрыIэщIэкIын Iэмал лъыхъуэу къэхутэныгъэ телъыджэхэр езыгъэкIуэкIа Лаховскэращ электромагниткIэ Iэпкълъэпкъым еуэн хуейуэ къыхэзылъхьауэ щытар.
Инженерием фIыуэ хэзыщIыкI щIэныгъэлIым физикэ и лъэныкъуэкIэ Iуэхум бгъэдыхьэн хуейуэ къилъытащ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ иубзыхуащ абы «клеточнэ ацилляцэ» жыхуаIэ Iуэху еплъыкIэр, дуней псом цIэрыIуэ щыхъуауэ щытар. Абдежырщ къыщежьари «лучевая терапия» жыхуаIэ хущхъуэгъуэ гуащIэу лышхым зэрыпэщIэтыр.
Лаховскэм и теорием куууэ ухэплъэмэ, цIыхум и Iэпкълъэпкъыр зэрызэпкърылъ налъэр физикэм «колебательный контур» жыхуиIэр арауэ игъэуври, налъэм и кугъуэм хэлъ, цыкIуэкIым иIуэнтIам хуэдэу зэблэухуэныкIа лы Iуданэ псыгъуэхэр а контурым электрокъару зэрыщызекIуэ пкъыгъуэу игъэуващ. 1923 гъэм Лаховскэм зэпкърилъхьащ электрокъарукIэ лажьэ «радиоизлучатель» жыхуаIэр, лышхым иубыда налъэхэм зэреуэр. А Iэмэпсымэр Франджымрэ Германиемрэ къыщагъэсэбэпыну урыс щIэныгъэлIым деж хуитыныгъэ къыщащэхуат, апхуэдизкIэ яфIэтелъыджэ хъуати.
Лаховскэм зэрыжиIэмкIэ, налъэ къэс мэхъей. Ахэр зэрыхъейр щызэтекIам дежщ лышх узыфэр къыщыунэхур. Налъэхэм щыуагъэ къахохьэ, адэкIэ я лэжьэкIэр зэтрехури, цIыхум и къару псор къыщIэзыш шыкъырыр къоунэху. Узыр ужьыхыжын, налъэр и япэрей щытыкIэм иувэжын щхьэкIэ нэхъапэм иIа зыгъэхъеикIэр егъэгъуэтыжыпхъэщ. Арат радиоизлучателым и къалэн нэхъыщхьэри.
Лаховскэм и Iуэху еплъыкIэм щыхьэт техъуэ къэхутэныгъэхэр егъэкIуэкIын хуейти, лышх зэфыкIхэм щеIэзэу Париж иIэ сымаджэщ зыбжанэ хуит къыхуащIауэ щытащ. Пэж дыдэуи, мыхъужыну жыхуаIа сымаджэхэр узыншэ хъужырт, къызэфIэувэжырт урыс щIэныгъэлIым и IэдакъэщIэкIым и фIыгъэкIэ.
ИужьыIуэкIэ ирагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, пэж дыдэу, радиотолъкъунхэр сэбэпышхуэ мэхъу, Iэпкълъэпкъ налъэхэр зэтеухуэжынымкIэ.