30 сентября, 2025 - 10:23
- ЩIэныгъэлIхэм хуагъэфащэ иджыри илъэс минищ ипэкIэ Пасэрей Алыджым кхъужьей къыщагъэкIыу щытауэ.
- НобэкIэ кхъужьхэр лIэужьыгъуэ мину зэщхьэщокI.
- Кхъужьым кальцийрэ фосфоррэ куэду хэлъщ. Абы и куэдщ клетчатки. ДзэмкIэ, шхалъэмкIэ сэбэпщ.
- ГъэщIэгъуэнщ кхъужьейм и тхьэмпэхэр мардэ щхьэхуэм тету зэрызэкIэлъыкIуэр: ахэр къудамэхэм япытщ зэхуаку мащIэ яIэу икIи зыр адрейм къыщхьэщогъуалъхьэ градуси 135 хуэдизкIэ. Абы и фIыгъэкIэ жыгым нэхурэ псыIагъэрэ ирикъуу егъуэт.
- Нэхъ кхъужьIэрысэ ин дыдэр – килограммищ зи хьэлъагъыр - къыщагъэкIауэ щытауэ жаIэ Японием.
- Кхъужьейм и пхъэр быдэщ. Арагъэнщ Китайм ар гъащIэ кIыхь къэбгъэщIэным и дамыгъэу къалъытэу щIыщытар.
- Кхъужьейм и пхъэм къыхащIыкI унэлъащIэхэр.
- ЖыггъэкI Iэзэхэм кхъужьейр мыщэхупщейм дагъэкIэф. Абы щыгъуэм деж кхъужьым ткIыбжь мащIэ къыщIохьэ.
- Кхъужьым и IэфIагъыр тыншу кърипщIэнущ абы къыпих мэмкIэ. Мэ гуакIуэ къыпихрэ – ар IэфIщ, хъуащ. Мэ имыIэрэ – пасэIуэу къыпачащ.
- Зыщыщ лIэужьыгъуэм елъытауэ жыгым кхъужьыр къыпыкIэфынущ илъэси 10-м щегъэжьауэ илъэс 50 пщIондэ.
- Нэхъ цIэрыIуэ дыдэхэм хабжэ адыгэ кхъужьейр. Уеблэмэ, абы щIэныгъэ щхьэхуэхэри траухуащ. Адрей кхъужь лIэужьыгъуэхэм къащхьэщыкIыу адыгэ кхъужьейм къыпокIэ илъэс 250-300-м нэблагъэкIэ. XVIII-XIX лIэщIыгъуэхэм щыгъуэ адыгэхэм хасауэ щыта кхъужьейхэм ди зэманми кхъужь IэфI къапокIэ. Адыгэ кхъужьыр псом нэхърэ нэхъыфIу полъэщ бактериехэмрэ жыгхэм еуэ хабзэ хьэпIацIэ зэранхэмрэ.
- Адыгейм щхьэхуэу ягъэлъапIэ адыгэ кхъужьым и махуэр. Ар ирырагъэхьэлIэ шыщхьэуIум и кIэухым е фокIадэм и пэщIэдзэм.