УIэгъэ мыгъущМы махуэхэм Апсным щагъэлъапIэ 1992 - 1993 гъэхэм екIуэкIа Куржы-Абхъаз зауэр я текIуэныгъэкIэ зэриухрэ илъэс 32-рэ зэрырикъуар. Къэралпсо мыхьэнэ зиIэ а лъэпкъ махуэшхуэм и щIыхькIэ щIыналъэм Iуэхугъуэ куэд щокIуэкI: зэхуэсхэр, гукъэкIыжхэр щыкуэд зэIущIэхэр, концертхэр, гъэлъэгъуэныгъэхэр, нэгъуэщIхэри. Абыхэм щагъэлъапIэ абхъазыдзэм лIыгъэрэ хахуагъэрэ зэрахьэу хэтахэр, щIыналъэм и щхьэхуитыныгъэм зи псэр щIэзытахэм я фэеплъхэм пщIэ щыхуащI. Абхъазхэм якъуэту, я дамэкъ зэтауэ щхьэхуитыныгъэм щIэзэуащ нэгъуэщI лъэпкъ куэдым къахэкIа щIалэхэр, пщащэхэр. Адыгэ щIалэ куэди хэтащ а зэпэщIэувэныгъэм, я псэр зытахэри зи хьэдащхьэр ямыгъуэтыжу хъыбарыншэу кIуэдахэри яхэту. Иужьрейхэм ящыщщ къэбэрдей щIалэ Ефэнды Арсен СулътIан и къуэр. Абы и псэр илъэситI ипэкIэ щымамырыжащ Сыхъум дэт ЩIыхьым и паркым. Аушыджэр щыщ Ефэнды Арсен («Монгол» цIэрат и ныбжьэгъу зауэлIхэр къызэреджэр) и IэщIагъэкIэ кхъухьлъатэзехуэт, абы Киев щыхуеджауэ. Ауэ Абхъазым и лъэсыдзэрщ зыхэтар икIи лIыгъэшхуэ къигъэлъэгъуащ . Бгъэдэлъа зауэ зэфIэкIхэм пэкIуэу адыгэ щIалэ щхьэмыгъазэм «Хахуагъэм папщIэ» къэрал дамыгъэ лъапIэри къратауэ щытащ. Гумиста фронтым щызэуащ ар, Ахабюк Iуащхьэр, Сыхъум къалэр хуит къэзыщIыжахэм яхэтащ. Арсенщ, уIэгъэ хъуакIэу, и ныбжьэгъу щIалэ Годавэ Януш и гъусэу Абхъазым и ныпыр Министрхэм я Советым и Унэм 1993 гъэм фокIадэм и кIэм лъагэу щыфIэзыдзауэ щытар. Януш 1993 гъэм и фокIадэм и 29-м, текIуэныгъэр къахьыным зы махуэ фIэкIа имыIэжу, яукIауэ щытащ. Абы хуагъэфэщауэ щытащ Леон орденыр. Ефэнды Арсени и псэр итащ а махуэм, зэрыхуагъэфащэмкIэ, атIэми, абы и хьэдащхьэр щамыгъуэтыжым, хъыбарыншэу кIуэдахэм халъытащ… Абы лъандэрэ псы куэд ежэхащ, Iуэхугъуэ мымащIи къэхъуащ. Ауэ Арсени абы хуэдэу Абхъазыдзэм хэта зауэлI куэдми я хъыбар зыми ямыщIэу къекIуэкIащ… Кавказ къуршышхуэхэм я щIыбагъ къыдэлъ щIыналъэм и ищхъэрабгъу лъэныкъуэмкIэ Псоу, Ингур псыхэм я зэхуаку дэлърэ ипщэмкIэ тенджыз ФIыцIэм и толъкъунхэр къедэхащIэу зыщиубгъуащ ди къуэш Абхъаз Республикэм. Километр зэбгъузэнатIэ 8600-рэ хъу щIыпIэр дахащэщ, щхъуантIагъэрэ хьэщIэр зи щIасэ цIыхуфIкIэ къулейуэ. «Апсны» - аращ щIыпIэр зейхэр зэреджэр я Хэкум: апсхэм я щIыналъэ («апс» - абхъазхэр зэрызэджэж «апсуаа» псалъэм и лъабжьэщ, «ны» - щIыпIэ). Нобэ хуэдэу Абхъазым и уафэр къащхъуэрэ и щIылъэр щхъуантIэу, и щхьэ хуитыжу къекIуэкIакъым. НэхъыжьыIуэхэм ящIэж а республикэм 1992 - 1993 гъэхэм щекIуэкIауэ щыта зауэ гуащIэр. Мазэ 13-рэ махуэ 13-кIэ екIуэкIа зэпэщIэувэныгъэр 1993 гъэм фокIадэм и 30-м иухащ Абхъазым и текIуэныгъэкIэ. Ар и тегъэщIапIэу фокIадэ мазэм и кIэухыр щIыналъэм щагъэлъапIэ къэрал щхьэхуитыныгъэм и махуэшхуэу. Абхъаз Республикэр зи щхьэ хущытыж щIыналъэу зэрыщытыр къащтащ Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм (ООН) хэт къэрали 193-м щыщу 5-м, Урысей Федерацэри яхэту, атIэми ООН-м и дэфтэрхэм ар иджыри зэритыр Куржым хыхьэ щIыналъэущ. Дауэ хъуми, цIыху мин 245-м нэс нобэ щыпсэу а къэралым Iэтауэ щагъэлъапIэ Абхъаз лъэпкъым и Хэку зауэшхуэу къалъытэ а зэпэщIэтыныгъэм къахуихьа текIуэныгъэ ину уасэшхуэ зыщIатар. Абхъазым и лъэныкъуэкIэ зауэм хэтащ зауэлI мин 12-м щIигъу, абыхэм ящыщу зауэр зэрекIуэкIа илъэсым щIигъум къриубыдэу абы хэкIуэдащ цIыху минхэр, уIэгъэ хъуахэмрэ зи унэ-лъапсэ зыфIэкIуэду щIыпIэм къикIахэмрэ нэхъыбэж мэхъу. Абхъазхэм къадэщIу езыхэм я фIэфIыныгъэкIэ зауэм Iухьауэ щытащ Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэм ящыщ щIалэхэр. ЦIыху мини 2-м щIигъу а гупым лIыгъэрэ хахуагъэкIэ къахэщу зэуащ къэбэрдей щIалэхэр, щхьэмыгъазэу, къуэш республикэм и щхьэхуитыныгъэр бгъэгукIэ яхъумэу. Абыхэм ящыщу цIыху 70-м щIигъум я щхьэр щагъэтIылъащ зауэ IэнатIэм, уIэгъэ хъуахэри нэхъыбэжт. Адыгэхэм ящыщ куэдым къафIащащ «Абхъазым и ЛIыхъужь» цIэ лъапIэр, ди щIалэхэм куэду яхэтщ Леон и орденыр, «Хахуагъэм папщIэ» медалыр зыхуагъэфэщахэри. Гъунэгъу щIыналъэм щекIуэкIа зауэжьым теухуа сыт хуэдэ хъыбарми хуэнабдзэгубдзаплъэу блэкIа илъэс 30-р ирахьэкIащ Ефэндыхэ СулътIанрэ КIунэрэ яухуауэ щыта унагъуэм исхэм. Гуауэм зэщIиIыгъэрэ гугъэми имыутIыпщу дакъикъэхэр илъэтырт, мазэхэр кIуэрт, гъэхэр зэкIэлъыкIуэрт, лIэщIыгъуэхэм захъуэжырт. Зи адэр пасэу зыщхьэщыкIа унагъуэшхуэм я бынихым: Любэ, Алик, Арсен, Вячеслав, Анетэ, ФатIимэ сымэ гъащIэр къахуэзыгъэнэху вагъуэ нуру къахуэна я анэ КIунэ абрэмывэу и гум телъу ирихьэкIащ и щIалэ екIухэм я курытым и хъыбар зэримыщIэр. «Гугъэр адэжь щIэинщ» жыхуаIэрати, дунейм тетыху анэр пэплъащ и къуэм и хъыбарыфI къэIуным, абы и нэгум зэ нэхъ мыхъуми иплъэжу и Iэ пхъашэр быным и щхьэфэм дилъэну. Зэшыпхъухэм я курыт Анетэ зэрыжиIэжымкIэ, зы махуи дэкIыртэкъым КIунэ и къуэм и гугъу имыщIу: ар абы ирипхырт и нэгу щIэкI сыт хуэдэ Iуэхугъуэми, зэхих сыт хуэдэ хъыбарми. Уеблэмэ «гууз дыдэу кIуэдакъэ мыр» зыхужыпIэну гуэрхэм я жэназыхэм я хъыбар къыщыIукIэ, зи нэхэр нэпс пщтырым щIисыкIа анэм жиIэрт: «Зи насып, псы хуабэ фалъэ тракIауэ и пIэ егъуэтыж. Си щIалэ тхьэмыщкIэ, уэ сытхэр уи щытыкIэу пIэрэ?..» Арсен и анэкъилъхухэрати, дэтхэнэми лъэкI къигъэнакъым я къуэшым, дэлъхум и цIэр къызыхэщынкIэ хъуну дэфтэрхэр къэугъуеинымкIэ, ар зыцIыхуу, зауэ IэнатIэм къыдыIуту щытахэм епсэлъылIэнкIэ. КIуни, Люби, Арсен къыщIэнауэ щыта и къуэ закъуэ Заури пщIэ къыхуащIу илъэс къэси ирагъэблагъэрт Абхъазым и къэрал махуэщIхэм я саулыкъукIэ абы щызэхашэ фэеплъ зэхуэс инхэм. Псом хуэмыдэжу ерыщу Iуэхум хэтащ быным я нэхъыжь Любэ. Уеблэмэ абы итат ди къэралым иужьрей зэманым зыщызыубгъуа ДНК анализыр. Абхъаз зауэм хэта зауэлIхэм ящыщу нэхъапэм хъыбарыншэу кIуэдауэ къалъыта куэдым я цIэ-унэцIэхэр зэфIэгъэувэжыным, абыхэм зэрахьа лIыгъэмрэ яхэлъа хахуагъэмрэ хэIущIыIу щIыжыным зи лэжьыгъэр теухуа къэлъыхъуакIуэ гупхэм жэуаплыныгъэр яхэлъу илъэс куэд лъандэрэ къадолажьэ Жор Плъыжьым и Дунейпсо Комитетыр (МККК). Любэ нэхъапэIуэкIэ итауэ щыта ДНК анализыр, зи Iыхьлы хъыбарыншэу кIуэда адрейхэм ятахэм щIыгъуу, ягъэхьауэ щытащ МККК-м. Жор Плъыжьым и Дунейпсо Комитетым щахъумэ анализхэм языхэзыр къанэ щымыIэу техуащ Любэ итауэ щытам. ЕгъэзыпIэ зымыгъуэту къуршыщхьэ уардэхэм щхьэщыту къащыхъуа дэлъхупсэр псэхужауэ, нэхъ гъунэгъу къахуэхъужауэ къалъытащ а хъыбарыр къызыжраIа Арсен и анэкъилъхухэм, и къуэ закъуэмрэ абы и унагъуэмрэ. Абхъазым и лъэпкъ махуэщIым ирихьэлIэу щIыналъэм илъэситI ипэкIэ щрагъэкIуэкIа Iуэхугъуэхэми я нэхъыщхьэ дыдэ хъуащ иджыри къэс хъыбарыншэу къалъыта зауэлIхэу Ефэнды Арсенрэ абы и ныбжьэгъу Пкин Леонидрэ я къупщхьэлъапщхьэхэр пщIэ хуащIу къалащхьэм и щIыпIэ нэхъыщхьэм зэрыщыщIалъхьэжар. Зи цIэр хэIущIыIу хъужу пщIэ хуащIу щIалъхьэжа Ефэнды Арсен СулътIан и къуэм и сурэтышхуэхэр нобэ фIэлъщ Гумиста псым узэрикIыу абдеж иIэ бгы зэхыхьэ лъагэм и джабэм. Абдеж щыболъагъу Абхъазым и щхьэхуитыныгъэм папщIэ зи псэ зыта зауэлIхэм я фэеплъ сурэтхэр, блэкIри къыблэкIыжри къызэтеувыIэрэ дыуэ хуащIу, Тхьэ хуелъэIуу. Зи щIы Iыхьэрэ зи кхъащхьэрэ зыгъуэтыжа а щIалэм хуэдэу зи насып къимыкIахэри иджыри щыкуэдщ Абхъазым. А псори зэпэщ мыхъужауэ кIыжынукъым абхъаз лъэпкъым и Iэпкълъэпкъым дыркъуэ куууэ къытенэну а уIэгъэ хьэлъэр. ЗэкIэ абы иджыри лъы пщтыр къызэпхевыкI… ЖЫЛАСЭ Маритэ.
Поделиться:
Читать также:
13.06.2026 - 12:26 →
Гурэ псэкIэ IэщIагъэм пэрытхэр
13.06.2026 - 11:18 →
Сабийхэм я гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэр йокIуэкI
13.06.2026 - 11:00 →
Хэкупсэу ягъасэ щIэблэр
13.06.2026 - 09:58 →
ПхъэщхьэмыщхьэкIэ дыкъызэрагъэпэщ
13.06.2026 - 09:30 →
Насыпыр щагуэшыр пщэдджыжьырщ
| ||




